Къарэмырзэ Алий и къуажэ

Къарэмырзэ Алий и къуажэшхуэр (Къарэмырзейр) Лабэпсым иридэкIуейуэ Ахъмэтыбг и лъабжьэ щIэсащ. Мы къуажэм и кIуэдыкIам теухуауэ (адрей адыгэ къуажэ щэ бжыгъэм еплъытмэ) тхыдэм куэд къыхэнащ. Абы щыгъуэми ар зи IэрыкIыр къуажэм теуа дзэпщхэращи, абы пэжагъ зэрыхэлъыр уи фIэщ мыхъуну Iэмал иIэкъым.

 - Дзэпщхэм зекIуэ кIуэуэ я мурад ягъэзащIэу къыщыкIуэжкIэ, ятхыж я хабзэт гъуэгуанэ къакIуам зыIэрагъэхьахэр, гъэру къаубыдахэр, хэкIуэдахэм я бжыгъэр. КIэщIу жыпIэмэ, хабзэу къызэрекIуэкIыу «отчет» ящIыжт. Мис апхуэдэ отчет мы къуажэм теухуауэ щыIэщи, егъэлеиныгъэ хэмылъу, къэхъуауэ щытар нобэкIэ доцIыху, - жеIэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Темыр Рае.

Тхыдэм къыхэна дэфтэрхэм къищынэмыщIа, Къарэмырзей къуажэм теухуауэ поэми щыIэщ. Иджыблагъэ ар ди къэралым и библиотекэ нэхъыщхьэ дыдэм къыщигъуэтащ Темырым. Авторым и цIэри нэгъэсауэ тхакъым - «И.Р.» фIэкIа тхылъым иткъым.

«Алий-Кара-Мирза: черкесская повесть в стихах» зи фIэщыгъэ поэмэр напэ 81-рэ хъууэ 1832 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ, Iыхьэ 12-у зэхэтщ. А лъэхъэнэм Къарэмырзей къуажэр зэрызэтраукIэрэ илъэсибл фIэкIа дэкIатэкъым. Авторыр Iыхьэ къэс «песнь»-щ зэреджэр.

Къуажэм ираха лейр апхуэдизкIэ хэIущIыIу хъуати, Урысейм и лIыкIуэу Кавказым щыIэм мы поэмэр итхри, Москва дэс и ныбжьэгъум хуригъэхьат, и цIи унагъуэцIи темыту. Поэмэр илъэси 170-кIэ архивым хэлъащ. Апхуэдиз зэман дэкIауэ 2002 гъэм ар Налшык щытрадзащ, щIэныгъэрылажьэ Гуэбэшы Еленэ и тхыгъэ щIыгъуу. И редакторыр Къамбий Джэфарщ.

Ди щIэджыкIакIуэхэу мы дызытепсэлъыхь къуажэм и хъыбар зымыщIэхэр кIэщI дыдэу абы нэIуасэ фыхуэтщIынщ.

Къарэмырзэ Алий адыгэпщ цIэрыIуэт. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ар адыгэпщхэм я пщыж Инал Нэхум и къуэрылъхут. Мысост пщышхуэм и къуэщ. 1820 гъэхэм хуэзэу къуажэшхуэ дыдэ IэщIэлъу къэбэрдеищIым къикIри, Лабэ псыхъуэм дэтIысхьауэ щытащ. Абы и къуажэм унэсын папщIэ, беслъэней къуажэ бжыгъэ узэпрыкIын хуейт, уеблэмэ Ахъмэтыбгым нэхъ пэгъунэгъуу щыст а жылэр.

Ар зэрыкъуажэ ин дыдэр къигъэлъагъуэу зы щапхъэ къэтхьынщ. Къуажэм зэрымыщIэкIэ теуэну жэщ кIыфIым хэту Лабэ иридэкIуейуэ къетIысэха гупыр (Бекович-Черкасскэр я пашэу) пщэдджыжь нэмэзым пшагъуэр щхьэщыкIыу къуажэм щыдэплъэм къалэ яфIэщIащ, жи. Апхуэдизу убгъуауэ, унэхэри куэду къуэладжэ быдапIэм дэсти. Езы Къарэмырзэ Алий апхуэдизкIэ лIы хахуэт, и цIэр жыжьэ Iуати, зи бжыгъэкIи зэпэщу, лIыгъэшхуэ къакъуэкIыу Къарэмырзэ зи пашэхэр къазэрыпэщIэтым хуабжьу зэгуигъэпырт мыдрей лъэныкъуэри. Дзэпщ Вельяминов Къарэмырзэр «хуэфащэ IуигъэщIэн» и мураду куэд щIауэ хуэдзэлашхэрт.

Арати, Псыжьрэ Уарпрэ щызэхэуэм деж щыт Прочнэ Окоп быдапIэм Вельяминовыр я пашэу дзэшхуэ къыдэкIщ, Уарп иридэкIуейщ, Чамлыкъыпс зэпаупщIщ, беслъэней къуажэхэми япхрыкIри, Къарэмырзей пэмыжыжьэу лагерышхуэу етIысэхащ. Мы зауэ дыджым теухуауэ яуса гъыбзэм хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Беслъэнейхэм дэ къыдащIар ди ужь къинэхэм ящремыгъупщэ».

КъызэрыщIэкIамкIэ, дзэм яхэтащ гъуэгур фIы дыдэу зыцIыху беслъэней щылъху. Вельяминов дзэпщыр отрядышхуэм и пашэу, къэбэрдеилI Бекович-Черкасскэри яхэту ежьэри, Къарэмырзэ Алий и къуажэм теуэщ, мафIэ ирадзри, къэхъуар къагурымыIуэу шэм ихьар ихьащ, Лабэпс итхьэлар итхьэлащ, мафIэсым куэд хэкIуэдащ, цIыхушхуи гъэр ящIащ. Езы Алий дыди жейбащхъуэу, къэхъуар къыгурымыIуауэ, и унэ бжэщхьэIум къытеувар, Дадымовым триукIыхьащ. Мис а гъэр ящIахэм я цIэ-унагъуэцIэ иту, езы Вельяминов дыдэм и Iэ щIэлъу, тхылъ щыIэщ.

Егъэлеиныгъэ хэлъу «иджыри къэмыхъуа телъыджэ лажьэу» къуажэр зэрызэтраукIар дэнэ щIыпIи хэIущIыIу щыхъуащ, уеблэмэ Урысей пащтыхь дыдэм дежи нагъэсащ. Пащтыхьым ткIийуэ, къэхъуамкIэ зэрымыарэзыр къагуригъаIуэу: «Дэ сабийхэмрэ лIыжь-фызыжь жейхэмрэ дезауэркъым, ар зыщIами щытхъу хуэфащэкъым» жыхуиIэу Бековичым хуагъэфэща цIэмрэ тыгъэмрэ къритын идатэкъым пщым.

ИпэкIэ зэрыщыжытIауэ, тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, къуажэр кIуэдыным зы беслъэнеилI и бзэ щIэлъщ. Ар зэрыхъуари мыращ. Жэщыбгым беслъэней уэркъ Дохъушокъуэ Кърым-Джэрий Къарэмырзэ и унэм екIуалIэри: «Мыращ, фыкъатIысыхьащ, уи цIыхухэр къуажэм дэгъэкI» жриIащ къуажэпщым. АрщхьэкIэ Алий и фIэщ мыхъуауэ къыщищIэм: «Узэрыхуейщ, къэхъужыкъуэIамэ, Iуэхур зытетыр къыбжезыIар Дохъушокъуэхэ Кърым-Джэрийщ» жери, жэщ кIыфIым хыхьэжащ. Къигъэзэжри, Вельяминовым жреIэ: «Къуажэм зыри дэсыжкъым, нэщIщ, ущIытеуэни щыIэкъым».

«Дохъушокъуэм пцIы еупс, сэ сыкIуэри сыкъэкIуэжащ, зэрыкъуажэу мэжей, гурыщхъуэ щыIэкъым», - жиIэу къэувар нэгъуэщI беслъэнеилI Щогъур Мамыкъуэщ.

Поэмэм къызэрыхэщыжымкIэ, Лабэ псыхъуэ дэтIысхьа нэужь Алий и ныбжьэгъуфI нэгъуей Едыдж Мансур и шыпхъу Елмэсхъан щхьэгъусэ къыхуэхъуащ. Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Алий щхьэгъуситI иIащ: Елмэсхъанрэ Хъаний псыгъуэрэ. ТIури къуажэшхуэр щызэрапхъуэ жэщым гъэр ящIри, Елмэсхъан Мансурхэ ирагъэшэжащ, Хъаний псыгъуэ Къэбэрдейм яшэри, Астемыр гуэрым щIасэу иратащ. ИужькIэ езы Бекович-Черкасскэм - Темырболэт Елмырзэ Хъаний псыгъуэ и щхьэгъусэу псэужащ. Къарэмырзэ Алий и Iыхьлыуэ Ажджэрий Кушыкупщрэ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт-Iэшэрэ Алий илъ ящIэжащ Щогъурымрэ Астемыррэ яукIыжри.

Мы Iуэхум теухуауэ «Лабэдэсхэм я гъыбзэ» жыхуиIэр зэтемыхуэу адыгэ лъэпкъ бжыгъэм яIэщи, псом нэхърэ нэхъ кIыхьыр икIи купщIэкIэ гъэнщIауэ щытыр Тамбий Пагуэ къытридзауэ щытаращ.

Псыжь псыхъуэ дэкIыу Къарэмырзэ сыт щыгъуэ зекIуэ емыжьами, абы и гъусэт адыгэпщ Рослъэнбэч, абазэхэу Къызылбэчхэр, Мудавейхэр (абхъазхэр), адыгэу Мамхэгъхэм, Беслъэнейхэм, Мыхъуэшхэм я пашэхэр. Поэмэм и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыху хэпхъауэ хэтщ ди унагъуэцIэхэр, псыцIэхэр, бгыцIэхэр, ди шхыныгъуэхэм, Iэщэ-фащэхэм я фIэщыгъэхэр. Къуажэм къыщыщIа гуауэр, Къарэмырзэ зэрыхэкIуэдар дэнэкIи зэрызэлъащIысар къигъэлъагъуэу поэмэр зытха Радожицкэм и псалъэхэм фыщIэзгъэдэIуну сыхуейт:

Iуащхьэм (Iуащхьэмахуэщ жыхуиIэр)

и мылыщхьэр игъэсысащ!

ЩыIэжкъым Къарэ-Мырзэ!

Пшагъуэр зи тепIэн

Ахъмэтыбг щэджащэм

и жьакIэр щIосысэ,

И нэпсыр

псыкъелъэу къожэх, мэгъуахъуэ,

гукъеуэм егъэгыз;

Лабэпсыр мывэ

къуршхэм лъы толъкъуну

къыхож, къэукъубеящ,

нэм икIащ, мэтхьэусыхэ!

ЩыIэжкъым Къарэ-Мырзэ!

Уафэри, къуршхэри,

Къуалэбзухэри щIэгуIэр зыщ;

Уеблэмэ, жьышхуэ къыкъуэуащ,

Псыхэр къиуащи

бгы джабэм зраудэкI

ЩыIэжкъым Къарэ-Мырзэ!...

Зыгъэхьэзырар ФЫРЭ Анфисэщ.
Поделиться: