Хабзэр хуитыныгъэм и IэпэгъущКавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым УФ-м и Президент Путин Владимир зыхуагъэзащ Къэрал Думэм и депутат Даванков В. А. къыхилъхьа жэрдэмымкIэ арэзы зэрымыхъуар къыхагъэщу. Тхьэмадэхэм я Iуэху еплъыкIэр къыщагъэлъэгъуа Зыхуэгъэзэныгъэр мащIэу гъэкIэщIауэ фи пащхьэ идолъхьэ. «Бадзэуэгъуэм и 2-м Къэрал Думэм и депутат Даванков В. А. къыхилъхьащ «УФ-м и хабзэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн» унафэ №635635-8-м и проект (цIыхубэ утыкумрэ еджапIэхэмрэ дин нэщэнэ зиIэ щыгъын щыщатIэгъэным епха хуитыныгъэр гъэмэщIэным теухуа Iыхьэм епхар). Кавказ Ищхъэрэм и Муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым ди къэралым и Президент Путин Владимиррэ Къэрал Думэм и УнафэщI Володин Вячеславрэ йолъэIу зиусхьэн Даванков В. А. и жэрдэмымкIэ Урысейм и цIыхухэм хуиту дин зэрахьэн хуитыныгъэм зэребгъэрыкIуэмрэ депутатым щIимыхъумэу ислъам диным пэщIэт политикэ зэрыригъэкIуэкIымрэ гу лъатэну. Абы и проектыщIэр зыхуэгъэзар ислъам диным и закъуэщ, яхуэмыдэн хуейуэ къилъытэри муслъымэн зыхуэпэкIэрщ. Зи гугъу ищIыр нэкIур щIэзыхъумэ никъабым и закъуэкъым (абы теухуауэ дэ ди Iуэху еплъыкIэр къэдгъэлъэгъуакIэщ). Даванковыр хэтщ муслъымэн бзылъхугъэхэм хабзэкIэ зэрахьэ хиджабым и пщIэр игъэулъийуэ, ар щатIэгъэн хуитыныгъэр япиубыдыну. Даванковым Конституцэм къыхипхъуэтыкIащ «Урысейр – светскэ къэралщи, зы динми къэрал мыхьэнэ иIэкъым. Дин зэгухьэныгъэ псори къэралым и пащхьэм щызэхуэдэщ» 14-нэ статьяр. «Дэ ди Конституцэм и лъэныкъуэ псори къыдощтэ. Ауэ гу лъывэдгъэтэну дыхуейт абы и 67.2 статьями: «Илъэс мин бжыгъэ къызэзынэкIа Урысей Федерацэм Тхьэр зи фIэщ хъуа и адэжьхэмрэ ахэр зытета лъапIэныгъэхэмрэ фэеплъу ехъумэ». Фигу къэдгъэкIыжынут ди къэралым и дамыгъэу щыт УФ-м и гимным хэт псалъэхэр: «Тхьэм ихъумэ ди Хэку лъапIэ». Даванковым иджыри и гугъу ещI «УФ-м егъэджэныгъэ зэрыщызрагъэгъуэт щIыкIэр» 3-нэ къэрал хабзэм и 6-нэ статьям икIи жеIэ: «ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыныр светскэ Iуэхуу зэрыщытым къыхэкIыу, зэрахьэ диным емылъытауэ, еджакIуэ псори зэхуэдэ щытыкIэм ирегъэувэ. Абы и фIыгъэкIэ динкIи щэнхабзэкIи зэхэгъэж къэхъуркъым, цIыхубэ гъащIэри мамыру къызэтонэ». Ауэ щыхъукIэ, муслъымэнхэм я щыгъыным пэщIэувэ Даванковракъэ зэхэгъэж зыщIыр? Шынагъуэншагъэр сыт щыгъуи щхьэусыгъуэ зэращIри захуагъэкъым. Зи щхьэцыр щIэзыхъумэ хъыджэбз дапщэм егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэм мыхъумыщIагъэ къыщагъэхъуа е школым щIэпхъаджагъэ щызэрахьа? Апхуэдэ хъыбар зыри щыIэкъым! Ар фIы дыдэу ещIэ Даванковым, итIани, ар тегъэщIапIэ ищIыну укIытэркъым. Депутатыр зэныкъуэкъун хуейр цIыхубз щхьэфIэпхыкIхэракъым. И къарур щIалэгъуалэр гъэсэн лъэныкъуэмкIэ иреунэтI, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм защIрегъакъуэ. Ди къэралым дежкIэ мыхьэншхуэ зиIэ а къалэныр, шэч хэмылъу, нэхъапэщ. Муслъымэнхэм апхуэдэ псапэ лэжьыгъэхэр зэи зэпаугъэуркъым. Муслъымэн цIыхубзхэм къалэну къатехуэ зыхуэпэкIэр яхуэзымыдэ хабзэ къыдагъэкIыныр хъункIэ Iэмал зимыIэщ. Абы хеубыдэ егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэм зыуэ щыт «светскэ фащэ» щрагъэтIэгъэн гукъыдэжыр щхьэусыгъуэ зэращIри. ХъункIэ Iэмал зимыIэщ щIыпIэ щхьэхуэхэм къыщащта унафэкIэ еджакIуэхэм я щыгъыным и Iуэхур апхуэдэ IуэхущIапIэхэм хуит яхуэпщIыныныр. Абы цIыхубэр зэкъуиудынущ, фIыуэ зыри къишэнукъым. ПщIэ зыхуэтщI Владимир Владимир и къуэ! Вячеслав Виктор и къуэ! Къэрал Думэм и депутатхэ! Кавказ Ищхъэрэм ис мыслъымэнхэм къабгъэдэкIыу дыныволъэIу динрэ лъэпкъкIэ къэралым зэпэщIэувэныгъэ къыщымыхъун папщIэ, къэралми динми емызэгъ унафэ къевмыгъэщтэну. Дэ дигу ирихьыркъым «Щхьэж зыхуей диныр зэрихьэну хуитщ» хабзэм и пщIэр езыгъэхуэх, Даванковым къыхилъхьа жэрдэмыр. Ар къэхъумэ, дин зезыхьэ цIыхубэм Къэрал Думэм къищтэ хабзэхэм дзыхь хуамыщIыжу хъунущ. Кавказым ис муслъымэнхэр урысей цIыхубэм къапхугуэмыхын и Iыхьэщ, сыт щыгъуи псалъэкIи IуэхукIи, псом хуэмыдэу нобэ хуэдэу, къэралыр зэрыхуэпэжыр къагъэлъагъуэу. Урысейм и къару нэхъыщхьэр ди зэкъуэтыныгъэрщ». ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
02.09.2024 - 18:24 →
ЦIыхум хуэмыфащэ хьэл
19.08.2024 - 12:00 →
УкъыкIэрыхуIуэми нэхъыфIщ
16.08.2024 - 14:48 →
Чыр цIынэхукIэ
08.08.2024 - 11:00 →
АдыгэбзэкIэ дызэгъэпсалъэ
05.08.2024 - 11:02 →
ПсыкIэ лажьэ машинэ
|