Ахъшэр бгуэшыну гугъущ

ЦIыху куэд игъэпIейтеящ иджыблагъэ «Валберис» интернет тыкуэным и хэщIапIэм щекIуэкIа Iэуэлъауэм.

Уэрам щIагъуэ урикIуэфынукъым иджыпсту зи щIэбзэр шакъафэ, «WB» хьэрф хужьхэр къызытещ, Бакальчук зэщхьэгъусэхэу Татьянэрэ Владиславрэ илъэс куэд щIауэ ягъэлажьэ хьэпшып зэIэпыхыпIэм и дамыгъэр нэм къыфIэмынэу. Пудми лъапIэми емылъытэщауэ, зэманым и нэщэнэ хъуащ уи унэ ущIэсу узыхуейр къэпщэхуныр. Ди къэралым абыхэм ящыщу нэхъ щызекIуэр «Озон»-мрэ нобэ щхьэхуимыту и гугъу дэзыгъэщI «Валберис»-мрэщ.

Бынибл зэдэзыпI Бакальчук зэщхьэгъусэхэм я мылъкум зиубгъун щыщIидзар 2004 гъэрщ, иджыпсту Урысейм ис цIыхубз псом нэхъри нэхъ бейуэ къалъытэ мелардырыбжэ Татьянэ бын зэригъуэтам щхьэкIэ кърата зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэу. Езым ещхьу сабий цIынэм унэм щIиубыда анэхэм я щытыкIэр и нэгу къыщIэувэри, хьэпшып лъапIэ зыщэ фирмэ зытIущым запищIэурэ, лэжьэн щIидзат Татьянэ. Абы къызэриIуэтэжымкIэ, цIыхухэм интернеткIэ къащэху хьэпшыпхэр езым и Iэрэ и лъакъуэкIэ яхуихьыжурэщ япэ лъэбакъуэхэр зэричар. Доллар 700 нэхърэ нэхъыбэ IэщIэмылъу гъуэгу теува сатуущIэм и мурадхэр къыщехъулIэм, и щхьэгъусэми и мылъкур къыхилъхьащ. Иджыпсту «Валберис»-м цIыху мин 20-м щIигъу щолажьэ, махуэм и кIуэцIкIэ щэхуакIуэхэр зыщIэупщIэ хьэпшып мелуан 1,5 - 2-м нэс зэбграш.

Татьянэ и лъэпкъкIэ корейщ, къыщалъхуар Грознэрщ. ЦIыхубзым и дыщ унэцIэ «Ким»-р къищтэжащ иджыблагъэ. «Сыт хуэдэ щытыкIэми щынэхъыфIыр узэрыщыту укъэнэжынырщ», - къритхащ Татьянэ и телеграм напэкIуэцIым. Iуэхур зыIутращи, дызэрыт илъэсым и бадзэуэгъуэм щегъэжьауэ, зэщхьэгъусэхэр хабзэкIэ зэбгъэдокIыжри гъуэгу тетщ. Ар унагъуэм и Iуэху къудейуэ къызэрымынарщ дытепсэлъыхьын хуей щIэхъуар.

 Хъыбар зэбгрыкIахэм ятепщIыхьмэ, Владислав «Валберис»-м и хэхъуэм къыпэкIуэ мылъкум щыщу къылъысыр 1 процент къудейщ. Мылъкур гуэшыгъуей щыхъум, зэщхьэгъусэхэм къыщхьэщыжакIуэ зырыз къагъуэтащ: цIыхубзым Дагъыстэн хьэрычэтыщIэ Керимов Сулеймэн и щIыбагъ къыдэтт, Владислав зыщыгугъыр куэд щIауэ игъэныбжьэгъу, Шэшэным я унафэщI Кадыров Рамзант. Тхьэмахуэ кIуам зи гугъу тщIы гузэвэгъуэр къэхъуащ. Владислав и щхьэхъумэхэр и гъусэу «Валберис»-м иIыгъ IуэхущIапIэхэм я зым щIыхьэну щыхуежьэм, абы хъумакIуэу щылажьэ ингуш спортсменхэр къапэуври, къатеуахэм щIалитI яукIащ. Эльмурзаев Ислъамбэчрэ Алмазов Iэдэмрэ зыхэкIуэда зэпэщIэтыныгъэм и ужькIэ Бакальчук Владислав хабзэхъумэ IуэхущIапIэм ираджэри... зэрагъэкъуэншэн къахуэгъуэтакъым. ЛIыри фызри щхьэхуэу къэпсэлъащ. Владислав зыкIи зэрамыгъэкъуаншэр, унэм зэрыщыIэр игъэIуащ. Татьянэ хэкIуэда щIалэхэм я Iыхьлыхэм яхуэгузэващ, я унагъуэхэм зэрызащIигъэкъуэнумкIэ къигъэгугъащ. Къэхъуам иужькIэ цIыху 30 ягъэтIысауэ щысщ, ящыщ зыбжанэм игъащIэкIи лъэхъуэщым щIисын щхьэусыгъуэ къыхуагъуэтауэ.

 А псор утыку илъ хъыбархэрщ. Шэшэнхэмрэ ингушхэмрэ зэкIужын щхьэкIэ иджыблагъэ щызэхуэзам, шэшэн депутат Делимханов Iэдэм «зи цIыхухэр хъумакIуэу зыгъэува» Къэрал Думэм и депутат, ингуш щIалэ Барахоев Бекхан игъэкъуэншащ. «КъытпэщIэувати, щхьэхуимыту Iэщэ къэдгъэсэбэпын хуей хъуащ», - аращ а лъэныкъуэм зэрызиухеиж псалъэхэр.

 Iуэхум нэхъыфIу щыгъуазэхэм зэрыжаIэмкIэ, псори къыщежьар «Валберис»-р Мирзоян Роберт зи унафэщI «Русс» рекламэ IуэхущIапIэм гуагъэхьэжын щIадза нэужьщ. Урысейм къращIылIа санкцэхэм къыпакIухьын, ахъшэ щызэIэпах IуэхущIапIэ ин, дуней псом щыцIэрыIуэ «Амазон»-м пеуэфын сату щIапIэшхуэ къыхащIыкIыну я мураду кърахьэжьа Iуэхурщ къызрикIуар Бакальчук зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку къыдыхьа къаугъэр. «Валберис»-мрэ «Русс»-мрэ зэрызэгурыIуам и хъыбар иджыблагъэ ягъэIуащ.

Лажьэ ямыIэу хэкIуэда щIалэхэм зэрыингуш лъэпкъыу яхуощыгъуэ. ЦIыхухэр мин бжыгъэкIэ къапежьащ зи хьэдэхэр яшэжа щIалэхэм. А псор зылъэгъуахэм я гум къишхыдыкIащ дагъыстэн журналист Курбанов Руслан. «Мылъкум игъэжэкъуахэм жыIэщIэ фахуэхъуу, щхьэ шэшэнхэмрэ ингушхэмрэ фызэпэщIэувэжа?» - аращ Курбановым жиIам Iущыгъэу къыхэпхынури гу нэхъ зылъытапхъэри. ЗэрытщIэщи, а лъэпкъитIри ипэжыпIэкIэ «вайнаххэм» я къудамэ зырызщ.

 Зэманым и нэщэнэ хъуа интернет тыкуэнхэр хьэблэм дэтхэм нэхърэ нэхъ япэгъунэгъущ языныкъуэ щэхуакIуэхэм. Уасэм укъыфIэкIмэ, апхуэдэхэм узэратхьэкъур хьэпшыпым хуиту, уи унэ ущIэсыжу узэреплъымрэ къебгъэхьар уигу иримыхьмэ, ептыж зэрыхъумкIэщ. ИтIани, ахъшэшхуэм и щIыбагъым гуныкъуэгъуэшхуэ зэрыдэлъым и щыхьэту къэува мы зэрыхьзэрийм и хъыбар щызэхэпхкIэ, уиIэр урикъуу нэхъ зыбогъасэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: