Эриду и къежьапIэр

Дунейм япэ дыдэу щаухуа къалэ нэхъыжь дыдэм теухуауэ щIэныгъэлIхэмрэ тхыдэджхэмрэ зоныкъуэкъу. Философ, социолог Фергюсон Адам зэритхымкIэ, тхыбзэ зиIэ, къалэхэр зыухуэ, щIым телъажьэ, IэщIагъэ, гупсысэ укъуэдия зиIэ лъэпкъым къигъэщIа щыIэкIэ-псэукIэрщ цивилизацэкIэ зэджэжыр. Абы укъипсэлъыкIмэ, япэ дыдэ цивилизацэу щыIар шумерхэрщ, абыхэм яухуауэ щыта Эриду къалэри псом нэхърэ нэхъыжьщ. 
Езы шумерхэм я IуэрыIуатэмкIэ, цIыхум япэ дыдэу иухуа къалэр Эриду (езыхэм ар зэратхыжар УритIущ) жыхуаIэу, Месопотамием щыIарщ. Пэж дыдэу, археологхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс 5000-хэм щыIагъэххэт. НобэкIэ ар Иракым и Тель-Абу-Шахрейн жыхуиIэ археологие щIыпIэм хуэзэу щысащ. 
IуэрыIуатэм и закъуэ мыхъуу, щIым къыщIахыжа къитхъхэмрэ (мывэм тедза) гъущIынэтххэмрэ (ятIэ чырбышым тедза тхыгъэ) къызэрыхэщыжымкIэ, «Псыдзэшхуэ и пэ къихуэу къэунэхуа пащтыхьыгъуэм и хэщIапIэ хъуат Эриду». Пэж дыдэу, а лъэхъэнэм къыщыщидзэу къыпхуэбжынущ пасэрей пащтыхьхэр зэрызэкIэлъыкIуэр. Дауэ жыпIэмэ, абыхэм я тхыдэр зэрыщыту ятIэ чырбышхэм тедзауэ Эриду и Iэхэлъахэм археологхэм къыщагъуэтыжауэ щытащи. 
Хуэм-хуэмурэ Эриду и хъуреягъым къэралыгъуэ къращIэкIыжауэ щытащ, ауэ цивилизацэр зэманым дэкIуэдыжыху а къалэр политикэ и лъэныкъуэкIэ пэрыту къэгъуэгурыкIуащ. 
Шумерхэр къыздикIами зэрыкIуэдыжа щIыкIэми теухуауэ тхыдэджхэм зы жэуапи яIэкъым, зыхуагъэфэщэнури ящIэркъым, ауэ зэдэарэзыуэ жаIэ ахэр зыщIыпIэ къиIэпхъукIыу, Месопотамием итIысхьауэ зэрыщытар. Сыту жыпIэмэ, шумерхэм япэIуэкIэ а щIыпIэм цIыху щыпсэуауэ лъэужь гуэри къащыхуэгъуэтакъым. Къэжэр тIуащIэм деж щаухуа къалэр псым гуилъэсыкIыху ягъэIэпхъуэурэ, Эриду Фыратыпсым пэжыжьэу Iуахауэ щытащ. Мыбы щаухуат тхьэ унэ телъыджэхэр, чырбышкIэ зэтралъхьа, къат зыбжанэу зэтетт псэуалъэхэр, уеблэмэ шэрхъыр къыщагупсысар, япэ Хабзэхэр щатхар, цIыхур щIым телэжьэн щыщIидзар Эриду къалэрщ. 
Абы щаухуат Акифер тхьэ унэр. ИкIи илъэс минищкIэ щыта къалэм и лъэр щIэкIыху щытащ а ухуэныгъэр. Эриду и пщIэм кIэрыхун щыщIидзар ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2050 гъэхэм ирихьэлIэу Ур къалэшхуэр къэунэхуа нэужьщ. Арами, шумерхэм деж ар щIыпIэ лъапIэу, тхьэлъэIу зэхыхьэпIэу щытащ лъэпкъыр кIуэдыжыху. ЗэрыжаIэмкIи, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 600 гъэхэм нэщI хъури щэщэжащ Эриду. 
Филден Кейт археологыр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Эриду жылагъуэр а щIыпIэм къыщытIысар ди лъэхъэнэм ипэкIэ 5000 гъэхэр, ауэ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2900 гъэхэм ирихьэлIэу чырбышкIэ ухуа быдапIэ лъэщу, и унэхэри апхуэдэу, гектари 10-м щIигъу щIым тету щытащ. ИкIи, адэкIэ абы и политикэ мыхьэнэм кIэрыхуурэ ужьыхыжами, Эридэ щыпсэуахэм зэтраубла щыIэкIэ-псэукIэмрэ щэнхабзэмрэщ иужьыIуэкIэ къэунэхуа жылагъуэхэмрэ щIыналъэхэмрэ лъабжьэ яхуэхъуар. 
Апхуэдэу, Ур къалэщIэм и 3-нэ пащтыхь лIакъуэм къыхэкIа унафэщIхэр Эриду хуэсакъыу, и ухуэныгъэхэмрэ фэеплъхэмрэ ямыгъэкIуэдыжыну елIэлIащ. Псалъэм папщIэ, Ур-Наммуэ жыхуаIэу гъущIынэтхым къыхэщыж пщышхуэм кIэнауэхэр дригъэтIыкIщ, Фыратыпсым къыхишри, Эриду и губгъуэхэм псы иришэлIауэ щытащ. А кIэнауэм и фIыгъэкIэ къалэжьыр пшахъуэщI мыхъуу къызэрынам и закъуэкъым, ар Къэжэр тIуащIэм дэлъэдэжырти, щIыналъэм псыщхьэкIэ ущызэхэзекIуэну куэдкIэ нэхъ тынш икIи нэхъ псынщIэ хъуат. 
Шумерыпщ Лугалзагеси и унафэм щIэт жылагъуэхэм хибжэрт Эриду, абы цIыху щымыпсэужми. «Урыкъуэмрэ Къэралыгъуэмрэ япщ» щIыхьыр зыфIищыжауэ, апхуэдэу фIэкI еджэу идэртэкъым, зэратхыжамкIэ. 
Пасэрей Месопотамием и пащтыхьыгъуэм зэкIэлъхьэпыту тета Ишме-Деганрэ (ди лъ.и. 1953-1935 гъэхэм) абы и къуэ Липит-Иштаррэ (ди лъ.и. 1935 - 1924 гъэхэм) я гугъат Эриду къыхэнэжар яхуэхъумэну. Ахэм ар къагъэщIэрэщIэжыну, абы дэт тхьэ унэр яIэтыжыну лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ. Ар дыдэр и гугъащ Урыкъуэ и Iэхэлъахэм зыщызыIэта Ларсэ къалэм и пщышхуэу ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1886 - 1850 гъэхэм тета Нур-Адад. Арами, Къэжэр тIуащIэм и псым Эриду хуэм-хуэмурэ гуилъэсыкI мыхъумэ, сыт ямыщIами, яхуэхъумакъым. 
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 669 - 627 гъэхэм Месопотамиер IэщIэлъащ и тетащ ащырыпщ Ашурбанипал. А лъэхъэнэм ирихьэлIэу шумерхэри, аккадхэри, хьэтхэри кIуэдыжагъэххэт, щIыналъэм щытепщэр зи хьэмтетыгъуэу Ащыр къэралыгъуэрати, абдеж зэгуэр цивилизацэр къызэрыщыунэхуам щыгъуазэ Ашурбанипал Эриду къыхэнэжар ихъумэну и пщэ дилъхьэжат. ИкIи и дзэр а быдапIэм щиIыгъыу, хуэухуэжыр иIэтыжу, къалэр псым щигъэбыдэу къэгъуэгурыкIуащ. Иужьрей ухуэныгъэу Эриду щаIэтар зиккуратщ - тхьэхэр щIылъэм къехынкIэ щыгугъыу, къат зыбжанэу зэтет, цIыхухэр абы дэкIуеймэ къэзыгъэщIахэм нэхъ гъунэгъу яхуэхъу я гугъэу ящIу щыта IэрыщI Iуащхьэрщ. 
ЩIэныгъэлIхэм къызэрапщытамкIэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 4500 гъэхэм Эриду щыпсэуащ цIыху мини 5-м щIигъу. Ар тхьэ хэщIапIэу къалъытэрт цIыхухэми, къалэм зэрыIэпхъуэным яужь итт. 
1855 гъэм щыщIэдзауэ, археологие къэхутэныгъэ бжыгъэншэхэр щрагъэкIуэкIащ Эриду здэщыта щIыпIэм. Япэу а Iуэху мытыншым – щIы лъабжьэм щIэлъ къалэр къэтIэщIыжыным – зезыпщытар Тейлор Джонщ. Псом япэ абы къихухьащ къуапитху иIэу щIым къыхэпIиикI лъагапIэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар чырбыш блынхэмкIэ къегъэбыдэкIат, дэкIуеипIэхэр иIэт, IэрыщI Iуащхьэм и щыгум къат зыбжанэ хъу чэщанэр тетыжт. 
КъыкIэлъыкIуэ къэхутэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщыфар 1918-1920, 1946-1946 гъэхэрщ. А лъэхъэнэм Эриду дуней нэхур егъэлъагъужыным хэлIыфIыхьащ Томпсон Кемпбелл, Сафар Фуад, Ллойд Сетон, нэгъуэщIхэри. 
Хъыбарыжьхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Псыдзэшхуэм ипэIуэкIи щыIат Эриду къалэри, Месопотамиер - тхьэхэм цIыхухэр къыщигъэщIыжа щIыпIэу, уеблэмэ тхьэ Iэужь гуэрхэр къыщагъуэтыжыфыну я фIэщ хъурт абыхэм. ИкIи, щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Эриду япэ дыдэу щаухуа тхьэ унэр ди лъэхъэнэм ипэкIэ 5000 гъэхэм хуозэ. ЖыпIэ хъунущ нобэкIэ а къалэр зэрыщыту къатIэщIыжауэ, и «щэху» псори яджыжауэ. 
Абы къыщагъуэтыжа уардэ унэхэр, зиккуратыр, тхьэ унэхэр, кхъэ лэгъунэхэр гъэнщIащ фэилъхьэгъуэ, хьэпшып, уеблэмэ ерыскъыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ. Ахэр лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм я фэеплъщ, нэхъ жьы дыдэу яхэтхэр шумерхэм я пэжкIэ Эриду щаухуа щIыпIэм щыIагъэххэу жаIэ. 
КъыкIэлъыкIуэнущ. 
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: