МыIэрысэм зэхуишэсахэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Абхъаз утым жэпуэгъуэм и 5 - 6-хэм щекIуэкIащ «Яблочный джем» фестивалыр. Абы хэтащ Кавказым и щIыналъэ куэдым щыщхэр. Ар къызэрагъэпэщащ Налшык къалэ администрацэмрэ Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтымрэ, «Туризм и индустрия гостеприимства» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу. 
Фестивалыр щрагъэжьа 2019 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм дгъэзэжмэ, абы щыгъуэ Урысей псом рекорд щагъэуват: утыкум щыплъагъурт зи кIыхьагъыр метр 50, зи бгъуагъыр метр 20 хъу мыIэрысэ мозаикэ. Къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа арт-зал» институтым и IэщIагъэлI Аккизов Керим жиIащ ар ягъэхьэзырын папщIэ мыIэрысэ зэмылIэужьыгъуэу тонн 40 (мыIэрысэ 175 440-рэ) абы щыгъуэ къызэрагъэсэбэпар. Илъэс блэкIахэм екIуэкIа фестивалхэм щагъэуват мыIэрысэм къыхэщIыкIа арт-объект зэмылIэужьыгъуэхэр, «Сосрыкъуэ» шхапIэм и теплъэри хыхьэу. 
Зэхыхьэм щагъэлъэгъуащ шхапIэхэм, пщафIэ Iэзэхэм ягъэхьэзыр шхыныгъуэхэр, мыIэрысэм къыхэщIыкIа варенэ, джем, пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуахэр, хьэлывэхэр, ерыскъыпхъэхэр къыщIэзыгъэкIхэм я гъэшхэкIхэр, фор, IэфIыкIэхэр, псы IэфIхэр, махъсымэхэр. Мыбдеж щекIуэкIащ лекцэхэр, хьэпIацIэщыгъэ зэIущэнымкIэ, мывэ лъапIэхэм къыхэщIыкIа цIуугъэнэхэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырынымкIэ мастер-классхэр, жармыкIэхэр, сабийхэм папщIэ джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэр. ЖармыкIэм утыку къыщрахьащ IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр, саугъэт цIыкIуфэкIухэр. Республикэм и артистхэм макъамэ пшыхьхэр ягъэдэхащ, театр теплъэгъуэхэр ягъэлъэгъуащ. Телъыджэ ящыхъуащ Belcanto Orchestra камернэ оркестрым игъэзэщIа макъамэхэр. 
Фестивалым хэтхэм псом хуэмыдэу ягу дыхьащ удз гъэгъа теплъэ зиIэ IэфIыкIэхэр. Зэхыхьэр нэхъри щIэщыгъуэ ящIащ, ди республикэм и мызакъуэу, къэралым и пщафIэ цIэрыIуэхэм ягъэхьэзыра шхыныгъуэхэм. Апхуэдэт япон шхыныгъуэхэмкIэ IэщIагъэлI, Кореем щекIуэкIа пщафIэ Iэзэхэм я зэпеуэм щытекIуа Курсант Нурдинрэ «Битва шефов» теленэтынымрэ «Архитектура вкуса» урысейпсо зэпеуэмрэ щытекIуа Тамразян Романрэ. Зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэр кIэлъыплъащ абыхэм пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкIхэр, лыхэкIхэр къагъэсэбэпурэ ягъэхьэзыра шхыныгъуэхэм. КъызэщIэпкъуэжмэ, Iуэхур къызэзыгъэпэщахэмрэ абы хэтахэмрэ мыIэрысэ джем литр 300 фестивалым и махуитIым къриубыдэу ягъэващ, икIи аргуэру Урысейм РекордхэмкIэ и тхылъым ихуащ. 
Зи унагъуэр лIэщIыгъуэ хъуауэ кхъуей гъэхьэзырыным хуэIэзэ, абы и щэху псоми щыгъуазэ, Рыбинск къалэм щыIэ «Мамука» куржы шхапIэм и пщафIэ Iэзэ Ткачёв Сергей абы теухуа мастер-класс итащ. Мызэ-мытIэу зи гугъу фхуэтщIа, «Кондитер. Дети» теленэтыным щытекIуа, фестивалым хэта пщафIэ ныбжьыщIэ Куэцэ Инал игъэхьэзыращ зэхуэсахэм ягу дыхьа IэфIыкIэхэр.
- Мыр халуми кхъуей лIэужьыгъуэращ. Ар дэпкIэ догъажьэри мыIэрысэ гъэгъуам и гъусэу Iэнэм тыдолъхьэ. Узэмыса гуэру къыпщыхъункIэ хъунщ ар, ауэ ар шхыныгъуэ щIэщыгъуэщ икIи IэфIщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мыIэрысэ цIэрыIуэхэм ар къыхыдощIыкI. Фестивалым цIыхушхуэ къекIуэлIащ. ЦIыхубзхэр къызбгъэдыхьэурэ шхыныгъуэхэм я гъэхьэзырыкIэм и щэхухэм щIоупщIэ, къызочэнджэщ, - жиIащ Ткачёв Сергей. 
Ди хабзэ дахэхэм ящыщ кхъуейплъыжькIэрыщIэри зэхыхьэм къыщызэрагъэпэщащ. ЩIэупщIэ зиIэ мы хабзэр къигъэщIэрэщIэжащ журналист, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр езыгъэкIуэкI джэгуакIуэ Джэдгъэф Беслъэн. КхъуейплъыжькIэрыщIэ пасэрей хабзэр нэхъапэм зэрырагъэкIуэкIыу щыта дыдэм хуэдэу мыхъуми, ар ди нобэм нэхъ къызэрезэгъым хуэдэу къызэрегъэпэщ Беслъэн. 
- Нэхъ мащIэрэ къызэрагъэпэщ, нэхъ дэхуэха хъуа Iуэхугъуэхэм ящыщ кхъуейплъыжькIэрыщIэм хэлъ дахагъэм дихьэххэр мащIэкъым, - жеIэ Беслъэн. – Абы и ужь сыщихьам гу лъыстащ а Iуэхугъуэм ди зэманым къигъэувхэр къэплъытэу зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн зэрыхуейм. 
Тэнащ Лалинэрэ Бей ФатIимэрэ фестивалым щагъэлъэгъуащ адыгэбзэр хъумэным хуащIа открыткэхэр, саугъэт папщIэу узэрыхуэупсэ хъуну цIыкIуфэкIухэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр щызэхуэхьэса тхылъ. 
Зэхыхьэр и щыхьэтщ республикэм и щIы гектар мин бжыгъэхэм мыIэрысейхэр зэрыщагъэкIым, бжьыхьэм мыIэрысэ берычэт къызэрыпачыжым, абы щIыналъэм исхэр зэрыригушхуэм. Гу зылъыптэращи, фестивалым кIуэ пэтми зеубгъу, и программэри нэхъ щIэщыгъуэу къызэрагъэпэщ, хьэщIэхэм я бжыгъэми хохъуэ. «Яблочный джем» фестивалыр щIызыхашэм и зы щхьэусыгъуэщ зыгъэпсэхугъуэ махуэм унагъуэхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр зэхуэзэныр. Абы и лъэныкъуэкIэ зэхыхьэ гуапэр зи жэрдэмхэм я къалэныр къехъулIащ. МахуитIым екIуэкIа фестивалым къалэдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зыщагъэпсэхуащ. Балигъи сабии зэхыхьэр фIыуэ ялъэгъуащи, етIанэгъэ екIуэкIынум зэрыпэплъэнум шэч хэлъкъым. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: