Гулъытэншэу зыри къэнэнукъым

Дызэкъуэту
 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыналъэ Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ и центрым (ЦУР) и эфир занщIэм къыщыпсэлъащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщI Дадэ МуIэед. Ар тепсэлъыхьащ илъэсрэ ныкъуэрэ ипэкIэ къызэрагъэпэща щIыналъэ фондым хузэфIэкIахэмрэ 2025 гъэм, Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу ягъэувам, къапэщылъ къалэнхэмрэ.

Къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу фондым зыкъыхуагъэзащ Iуэху зэмылIэужьыгъуэ мин 17-м щIигъукIэ. Абыхэм я процент 95-м жэуап пыухыкIахэр ягъуэтащ. Зэрызыкъыхуагъэза Iуэхугъуэ 600 - 700-м хуэдизым иджыпсту йолэжь. Абыхэм я нэхъыбэр теухуащ дзэ Iуэху хэхам зэрыхэтам къыпэкIуэ ахъшэр къеIыхыжыным, социальнэ, медицинэ, психологие, юридическэ дэIэпыкъуныгъэхэм, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэуи цIыхухэр щIоупщIэ СВО-м зэрыхэтам щыхьэт техъуэ дэфтэрыр - удостоверенэр къызэрыдах къызэрыIах, санаторэхэм, курортхэм я путевкэхэр къызэрыдах щIыкIэхэм, я узыншагъэр зэтегъэувэжыным пыщIа Iуэхухэм. 
«Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым нобэ цIыху 38-рэ щолажьэ, абы щыщу 30-р социальнэ Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэхэщ. Республикэм и щIыналъэ псоми цIыхухэр зэкIуалIэ хъуну лэжьапIэ пэшхэр щаIэщ икIи закъыхуэзыгъазэхэм яIуощIэ, ядолажьэ. Дадэ МуIэд зэрыжиIамкIэ, ахэр псори я IэщIагъэм хуеджащ икIи зыпэрыт IэнатIэм сыт и лъэныкъуэкIи хащIыкI.
Апхуэдэуи фондым и унафэщIыр къытеувыIащ я унафэм щIэту лажьэ, иджыблагъэ къызэIуаха Дзэ-социальнэ центрым и лэжьыгъэм. Абы къыхигъэщащ центрым и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу щытыр дзэ Iуэху хэхахэм хэтхэм я Iуэхухэр дэгъэкIыныр арауэ зэрыщытыр. Мыдрейуэ, зэгурыIуэныгъэкIэ СВО-м кIуахэр, дзэм ираджахэр, езым я фIэфIыныгъэкIэ дзэ къулыкъум хыхьахэр, абыхэм я унагъуэхэр, уIэгъэ хъуахэр зэрызагъэхъужын, я узыншагъэм зэрыкIэлъагъэплъын Iуэхухэм зыщагъэгъуэзэну хуейщи, абыхэм жэуап ират.
Дадэ МуIэд жиIащ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, ауэ зэман куэд щIауэ хъыбар зимыIэ я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ ятеухуауэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым къызэрыщыщIэупщIэр. Апхуэдэ IуэхукIэ абыхэм зыкъыхуагъазэ хъунущ СВО-м щыIэм и хъыбар мазэм щIигъуауэ ямыщIэу щытмэ.
Дзэ Iуэху хэхам хэтахэр мамырыгъэ гъащIэм къыхэшэжыным теухуауэ фондым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэми тепсэлъыхьащ Дадэр. Медицинэ, психологие дэIэпыкъуныгъэхэм нэмыщI, СВО-м и ветеранхэр щIэх-щIэхыурэ къыхашэ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным хуэунэтIа зэIущIэхэм, жылагъуэ зэхуэсхэм. Абыхэм нэмыщI, Хэкум и хъумакIуэхэм ядоIэпыкъу лэжьыгъэ IэнатIэ къахуэгъуэтынымкIэ, IэщIагъэщIэхэм хуегъэджэнымкIэ. Апхуэдэуи дзэ Iуэху хэхам ныкъуэдыкъуагъэ къыхэзыхахэм я псэупIэхэр зэIузэпэщ хуащI, я узыншагъэм хуэкIуэу тыншу абы зэрыщыпсэуным хуэкIуэу.
Нэгъабэ къыщыщIэдзауэ СВО-м и ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ санаторэхэмрэ курортхэмрэ ягъакIуэ. НобэкIэ апхуэдэ гулъытэ хуащIащ цIыхуищэм щIигъум. Мы гъэм Iэмал щыIэщ Соцфондым и мылъкукIэ, цIыху 200-м нэблагъэм я узыншагъэм кIэлърагъэгъэплъыну.
Дадэ МуIэед тепсэлъыхьащ «ЛIыхъужьхэм я зэман» программэм КъБР-м и ветеранхэр хэтын папщIэ щIапхъэхэм. Абы щхьэкIэ, япэрауэ, абыхэм а программэм зыщрагъэтхын хуейщ, иужькIэ къэпщытэныгъэхэр КъБР-м и фондым щрагъэкIуэкIынущ. Нэгъабэ а программэм хэтащ республикэм и цIыху 17, мы гъэм - цIыхуищ. 
 

 

Зытхыжар ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олегщ.
Поделиться: