МафIэдз Сэрэбий и гуащIэрЩIэныгъэлI, IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м литературэмрэ гъуазджэмкIэ (1998 гъэ), щIэныгъэмкIэ (2002 гъэ) и Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Къандур Мухьэдин и саугъэтыр зыхуагъэфэща МафIэдз Сэрэбий къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу. МафIэдз Сэрэбий Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм 1935 гъэм щIышылэм и 23-м къыщалъхуащ. 1950 - 1954 гъэхэм Налшык педучилищэм и студентщ. 1954 - 1955 гъэхэм Джэрмэншык курыт еджапIэм и пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэщ. 1955 - 1960 гъэхэм КъБКъУ-м тхыдэмрэ филологиемкIэ и факультетым и урыс-адыгэ къудамэм и студентщ. 2000-2007 гъэхэм КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и кафедрэм и профессорщ, тхыдэмрэ цIыхубэ хозяйствэмкIэ и кафедрэм и унафэщIщ. 1967 - 1968 гъэхэм лъахэхутэ музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэщ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм жэуап зыхь и секретарщ. 1969 - 2000 гъэхэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэщ. 1970 - 1972 гъэхэм жыджэру хэлэжьыхьащ институтым Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным и IуэхукIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм. 1975 гъэм щыщIэдзауэ 1995 гъэ пщIондэ IуэрыIуатэмкIэ къудамэм и унафэщIщ. ЩIэныгъэ лэжьыгъэ 60-м нэблагъэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ, монографиеу 7 хыхьэу. Тхэным пасэу дихьэха МафIэдзым итхащ повести 7-рэ романи 3-рэ. И къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щытрадзащ Москва, Черновцы, Уфа, Санкт-Петербург, Ереван, Дон Iус Ростов, Мэхъэчкъалэ, Сыхъум, Налшык къалэхэм. 1974 гъэм пхигъэкIащ «Обряды и обрядовые игры, связанные с хозяйственным бытом адыгов в XIX – начале XX века» и кандидат лэжьыгъэр. КъыкIэлъыкIуэу (1989 гъэм), «Межпоколенная трансмиссия традиционной культуры адыгов» доктор лэжьыгъэр. И IэдакъэщIэкI нэхъыщхьэхэм ящыщщ «Обряды и обрядовые игры адыгов в XIX – начале 20 века» (Нальчик, 1979); «Очерки трудового воспитания адыгов» (Нальчик, 1984); «О народных играх адыгов» (1984); «Межпоколенная транcмиссия традиционной культуры адыгских народов» (Нальчик, 1990); «Адыги: обычаи и традиции. (Адыгэ хабзэ)» (Нальчик, 2000). Лъэпкъыр зыгъэдахэр и бзэмрэ и хабзэмрэщ. МафIэдз Сэрэбий ди хабзэр зэхуихьэсыжри, лъэпкъым къытхуигъэнащ. Ар нобэ къытхэмытыжми, и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъыр адыгэу дунейм тетым я Iэпэгъущ. Нэхъыжьхэм лIэщIыгъуэкIэрэ щIэблэр зэраущийуэ ди нобэм къахьэса щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэжыну къытхуегъэув иджырей зэманым. «Адыгэ хабзэ» тхылъыр дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми щызэIэпахын, хуэсакъыу щызэрахьэн фIыгъуэщ. Республикэм и щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэм, щIэныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа МафIэдз Сэрэбий 2007 гъэм жэпуэгъуэм и 22-м дунейм ехыжащ. 2019 гъэм Налшык къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым и унэ №7-м, МафIэдз Сэрэбий щыпсэуам, абы и фэеплъ дапхъэ фIадзащ.
Поделиться:
Читать также:
17.02.2025 - 15:40 →
Шхынымрэ узыншагъэмрэ
16.02.2025 - 10:01 →
Гукъеуэ гъащIэм хузимыIэ...
15.02.2025 - 12:28 →
ЩIалэгъуалэр ягъэгушхуэ
13.02.2025 - 16:40 →
УзыщIэхъуэпсын лъагапIэ
13.02.2025 - 15:39 →
Пушкиным и фэеплъхэр
|