- Сыт щыгъуи прикладной гъуазджэр сфIэфIщ. КъызэрыщIэздзар цIыхухъу бгырыпхщ, итIанэ хьэзыр сщIыуэ сыхуежьащ, жеIэ «Рембыттехника» IуэхущIапIэм и тхьэмадэу, ди республикэм и дыщэкI лъэщапIэм и унафэщIу щыта Мэржэхъу МэчрэIил. – ИужькIэ шы Iэпслъэпс щIыным зестащ, цIыхубз бгъэIулъи бгырыпхи дыжьыным къыхэсщIыкIащ. Иужьрей зэманым хуабжьу сыдихьэхащ арджэн щIыным. Абы и щэхухэр сэзыгъэщIар си хъыджэбз нэхъыщIэм деджа арджэныщI Iэзэ Мэзло Русланщ. Ар фIыуэ сцIыхут, арджэн щIыкIэ зэзгъэщIэну сызэрыхуейр, ауэ зэращIи къызыхащIыкIи сызэримыIэр щыжесIэм: «Уэлэхьи, уэзгъэлъагъунмэ, си деж къакIуэ», - къызжиIэри сыкIуащ, сигъэлъэгъуащ. АрщхьэкIэ IэщIагъэм и щэхур къэзубыдакъым. Ауэ си мурадым псэхупIэ къызитыртэкъым. Унэм сыкъэкIуэжри, станокыр сщIащ, Iуданэ тесшыхьащ, арщхьэкIэ къамылыр зэрыдэбукIэр схузекIуэртэкъым. Руслан деж сыпсалъэу си гуныкъуэгъуэр щыжесIэм: «Ар бжыгъэ «8»-м хуэдэу пщIащи аращ, хьэрф «О»-м хуэдэ зэгъэзэхуэжыт», - къызжиIащ.
2018 гъэм щIидзащ МэчрэIил арджэн ищIын. «Япэу сщIам иджыпсту соплъыжри согуфIэ, ауэ зыгуэрым ебгъэлъагъун хуэдэтэкъым (мэдыхьэшх). ЕтIуанэ арджэныр щIышылэм и 15-м 2019 гъэм сщIащ, ди лъэпкъ дамыгъэр тету. Мис ар езгъэлъэгъуат Руслан, мыIейуэ къызэхъулIауи жиIащ. АдэкIэ нэхъыфI хъууэрэ екIуэкIащ».
Ди псэлъэгъум Мэзло Руслан фIыщIэу хуищIымкIэ зигъэнщIыркъым. Станокри къамылри къыхуишэщ, зыбгъэдигъэтIысхьэри гупсэхуу арджэн щIыкIэр иригъэлъэгъуащ. ИтIанэщ тегушхуауэ, Iуэхум нэхъ хуэIэрыхуэу ищIын щыщIидзар. Руслан къыхигъэщат иужь зэманым и IэщIагъэм хуигъэсэну къелъэIуахэм МэчрэIил нэхърэ нэхъ псынщIэу къэзыпхъуэта зэрахэмытар. Абы къегъэлъагъуэ, хуей закъуэмэ, абы ерыщыгъэ мащIэри щIыгъужмэ, цIыхум хузэфIэмыкIын зэрыщымыIэр.
Арджэн щIын зэрыщIидзэрэ лэжьыгъищэм нэс и Iэдакъэ къыщIэкIащ Мэржэхъум. Абыхэм ящыщ куэд музейхэм ящэхуащ, гъунэгъу республикэхэм, уеблэмэ Украинэм и зы къуажэ нэсащ. IэрыкIхэр зыIэрызыгъэхьахэм ящыщщ Тыркум щыпсэу адыгэхэр, Нью-Йорк дэт Адыгэ Хасэм зыбгъупщI ищэхуащ, ди лъэпкъэгъу артистхэм яхэтщ МэчрэIил и арджэнхэр я унэ зэрыщахъумэмкIэ зызыгъэщIэгъуэфынухэр. ХищыкI яхэтми, нэхъыбэр яхуегуэш IэпщIэлъапщIэм, адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэ дахэм псэ тыншыгъуэ къазэрырит къудейм щыгуфIыкIыу.
- Шы Iэпслъэпс щIыным сыкъыщыдэхуэ зэманыр зэрыщыту зэстыр арджэн щIынращ. Си лэжьыгъэ ЮНЕСКО-м езгъэхьащ, псоми яйуэ къыщIрагъэдзыну хэт уанэр адыгэхэм зэрейр езгъэтхащ (патент), - къызжеIэ си псэлъэгъум. – Къыхэзгъэщынщи, сызэрылажьэ Iэмэпсымэхэр псори къэсщэхуауэ щытащ щысхузэфIэкIым. ЛъапIэ дыдэщ ахэр, иджыпсту упэлъэщыххэнтэкъым. ЖыпIэнурамэ, IэпэIэсагъэм сыкъыхуигъэщIащи, зи ужь сихьэ Iуэхур зэзгъэхъулIэфын хуэдэу зэфIэкI сиIэщ.
«А IуэхугъуитIым дэтхэнэм нэхъ удихьэхрэ, сыт нэхъ гугъуу хэлъ?» - жысIэу си псэлъэгъум сыщеупщIкIэ, занщIэу жэуапыр пеупщI: «Узэрылэжьэну къамылыр бгъэхьэзырынырщ».
- ГъукIэ Замудини куэд сигъэщIащ сэ, абы и фIыгъэкIэ зы станок къэзгупсысащ ущысу улажьэ хъууэ, джэрэзу. Зы кIапэфI пщIа иужь къеплъэфэхыурэ къыпыпщэу. Сэращ япэ дыдэу метрищ зи кIыхьагъ арджэн зыщIар. А лэжьыгъэр зэрысщIар а станокырщ. Адрейр лъагэщи зыгуэрым утеувэурэ удэIэбеин хуей мэхъу, апхуэдиз зи инагъи ирипхуэщIынукъым, - жеIэ МэчрэIил. – Сэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ ГъукIэ Замудин, Мазло Руслан, Мэстафэ Вячеслав сымэ зэи узыкIэлъымысыну IэпщIэлъапщIэу зэрыщытхэр. Ауэ схузэфIэкI къэзгъэнэнукъым си IэщIагъэм хэзгъэхъуэн, си IэдакъэщIэкIхэр езгъэфIэкIуэн папщIэ.
Зы IэпэIэсагъэ гуэрым дихьэха, ар фIыуэ зэзыгъэхъулIа цIыхум зыгуэр щигъасэм и деж гуапэщ. «Уигу илъ, пхузэфIэкIыну укъигъэгугъэрэ цIыхухэм яIэщIэхужу тIэкIу къыдахыж хуэдэу хъуа арджэныщI IэщIагъэм зыгуэр хуэбгъэсэну?» - жысIэу сыщеупщIкIэ узыщыгуфIыкIынщ и жэуапыр. «IэщIагъэм куэд хуэзгъэсакIэщ, иджыри зы цIыхуи згъэщIэхъунукъым. Кэнжэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм зы хъыджэбз цIыкIу никIри езгъэлъэгъуати, занщIэу ипхъуэтащ. ИщIт абы арджэн, ауэ сэ зэрезгъэщIар нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу къыщыхъуащ. НэгъуэщI зы щIали лэжьыгъэм кIэлъызгъэплъати, иджы хъарзынэу къохъулIэ».
Зи гугъу тщIа псом къыдэкIуэу, МэчрэIил тхылъ етх, лъэпкъым, адыгагъэм теухуауэ. КъызыхэкIар зыгъэлъапIэ, абы и фIыр зыIэт, и зыужьыныгъэм хузэфIэкI хэзылъхьэ адыгэлIыр сыт и лъэныкъуэкIи ехъулIэну ди гуапэщ.