СПОРТ ХЪЫБАРХЭР![]() ТIуми медаль зырыз БэнакIуэ цIэрыIуэу щыта Алиев Алий и цIэр зэрихьэу Дагъыстэным и Каспийск къалэм дэт, ЩIалэгъуалэм я спорт уардэунэм щекIуэкIащ УФ-м тэмэму зэхэзымыххэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я чемпионат. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 28-м я бэнакIуэ 76-рэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэпеуэм хэтащ КIыщ Аслъэнбэчрэ Мудрэн Азрэтрэ икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, Iыхьэншэ хъуахэкъым. Килограмм 72-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щобанэ щIалэхэри, КIыщым дыжьын, Мудрэным домбеякъ медалхэр къахьащ. Ди щIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Елчэпар Мурат, Темырчы Темырлан, Къардэн Анзор, КIыщ Мурат сымэ. Гупхэм я зэпеуэм Мэзкуу къалэм и командэм япэ увыпIэр иубыдащ, Владимир областым етIуанэр, Тамбов областым ещанэр. Iэдэм зэкIэ ещанэщ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр иIэту зэхьэзэхуэм хэтащ Алий Iэдэм. НыбжьыщIэм япэ зэIущIэхэр хъарзынэу иригъэкIуэкIащ, текIуэныгъэр абы къыщыхуэхьынуи щытащ. Килограмм 65-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щызауэ Iэдэм финалым и Iыхьэ ныкъуэм нэсауэ зы тэлайкIэ теплъэкъукIри, къыхагъэщIащ икIи домбеякъ медалым нэхъыщхьэ къыхуэхьакъым. ЩIалэр зыгъасэр Хьэщыкъуей Артурщ. Сабийхэр хъумэным и махуэр ягъэлъапIэу
Гуп зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и спорт еджапIэм и «Олимпия» командэм. Абы хэтащ Ажэгъуей Эмилие, Нартокъуэ Лянэ, Скосоревэ Софие, Жашуевэ Аланэ, Поповэ Ренатэ, Тенджыз Сабинэ, ПщыукI Дисанэ, Талъостэн Данэ, Чеченовэ Саидэ сымэ. Хъыджэбзхэм я ныбжьыр илъэс 14 - 16 хъууэ аращ. Командэм дэлажьэр Шыгъушэ Татьянэщ. Къэжэр Амир етIуанэщ
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ зэпеуэм хэтащ Бахъсэн къалэм и спорт еджапIэм и гъэсэнхэу Сидров Таир, КIыщ Азэмэт, Къэжэр Амир, Артюхов Богдан сымэ икIи гупхэм я зэпеуэм ещанэ увыпIэр щаубыдащ. Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIащ Къэжэр Амир икIи дыжьын медаль абы къыщихьащ. ЩIалэ цIыкIум и тренерыр Апатьевэ Маринэщ.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 14:14 →
Дубай кIуэнухэр
17.06.2025 - 18:49 →
Бжэр япэу къызэIуех
17.06.2025 - 16:35 →
ПлIыми медаль зырыз къахь
15.06.2025 - 12:59 →
Мырзэкъан Азэмэт Америкэми щытокIуэ
08.06.2025 - 13:07 →
Тэрч щIыналъэм щызэхуос
|