Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и турист къулеигъэхэр здэщыIэ щIыпIэхэм зэщIэгъэуIуауэ шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Налшык къалэ №93-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и турист къулеигъэхэр здэщыIэ и щIыпIэхэм зэщIэгъэуIуауэ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м къыдигъэкIа унафэ №119-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

1) ведомствэ зэхуаку комиссэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:

Быф А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрыр (ведомствэ зэхуаку комиссэм и унафэщIщ)

Мэзукъэбз М. Хь. - Налшык къалэ округым терроризмэм и бий шынагъуэншагъэмрэ хабзэ щыIэнымрэ теухуа лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ и IэнатIэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету)

Мэжджыхь А. М. – Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету);

2) Мэрзалы А. З. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: «Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, щIыуэпс къулейсызыгъэхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ Управленэ Нэхъыщхьэм мафIэс ягъэункIыфIыжынымрэ зэфIэгъэувэжын-къегъэлын лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынымрэ къызэгъэпэщынымкIэ и управленэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)»;

3) ведомствэ зэхуаку комиссэм хэгъэкIын Салихов М.Х., Хьэтыкъуей Б. Б., ЩоджэнцIыкIу М. Л.

2. Мы унафэм къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.

 

«Урысей Федерацэм щыIэ пробацэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым щыщ Iыхьэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щагъэзэщIэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гупым хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Налшык къалэ №97-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

1. «Урысей Федерацэм щыIэ пробацэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым щыщ Iыхьэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыгъэзэщIэным ехьэлIа ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гупым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м къыдигъэкIа унафэ №103-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гупым мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:

Тогузаев Т. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ и министрыр (ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гупым и унафэщIым и япэ къуэдзэрщ)

КIурашын А. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лъэпкъхэм ехьэлIа Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрыр;

б) ведомствэ зэхуаку лэжьакIуэ гупым хэгъэкIын Асанов А.О.

2. Мы унафэм къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.

Поделиться: