ПсэзэпылъхьэпIэ щихуэри мащIэкъым

МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм (рейнджерхэм) я зэгухьэныгъэ зыфIаща гуп щхьэхуэр япэ дыдэу дунейм къыщытехьауэ къалъытэр I992 гъэращ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьар Шотландием щыщ IэщIагъэлIхэу щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэм гулъытэ хэха хуэщIын зэрыхуейм и телъхьэхэрат. 
Мы зэманым МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм я дунейпсо махуэр бадзэуэгъуэм и 3I-м къэрал 46-м илъэс къэс щагъэлъапIэ. МыбыкIэ унафэ къыщащтар Рейнджерхэм я къэрал зэхуаку федерацэм 2007 гъэм иригъэкIуэкIа зэIущIэр арат. 
Махуэр щыхагъэунэхукIым нэхъыбэу зытращIыхьар щIыпIэ дахэхэм ящыщу нэхъ зыхуэсакъыпхъэхэмрэ цIыхуIэ зылъэмыIэса къуэладжэ дэгухэмрэ кIэлъыплъыныр зи IэнатIэ, жыг гуэрэн дахащэу зыми хуамыгъадэхэмрэ Iуащхьэжьхэмрэ я «къыщхьэщыжакIуэхэм», зи къулыкъум пэрыту зи щхьэ хэзылъхьа мэзхъумэхэм я фэеплъым пщIэ лей хуэщIын зэрыхуейр арат. 
А Iуэхум щхьэусыгъуэ хуэхъуар а лъэхъэнэм ди планетэм и плIанэпэ зыбжанэм, псом хуэмыдэжу Африкэм, зи къалэн щезыхьэкIа рейнджерхэм ящыщ куэдыр хьэкIэкхъуэкIэхэр мардэншэу къэзыукIхэм зэраIэщIэкIуэдар арат.
Зи гугъу тщIы дунейпсо зэгухьэныгъэм хэтщ ЩIы Хъурейм и дэнэ хэгъэгуи а Iуэхум хуэгъэзауэ щызэхаша и гуэдзэн къудамэхэри. Абыхэм ящыщ зыщ ЩIыпIэ дэгухэр хъумэнымкIэ дунейпсо фондым и Iыхьэу Урысей Федерацэм щылажьэри. 
ЖыпIэнур арамэ, мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ зехьэныр зи пщэрылъ къэрал инспекторхэр, я жэщ-махуэ лэжьыгъэм къриубыдэу, псэзэпылъхьэпIэ щихуэри мащIэкъым. Апхуэдэ щытыкIэ ахэр изыгъэувэхэм, шэч хэмылъу, ящыщщ хьэкIэкхъуэкIэхэм хутыкъуауэ зэраIууэри, мэзхэмрэ губгъуэхэмрэ иужьрей лъэхъэнэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщыхъу мафIэсхэри, хабзэр къызэпызыуду псэущхьэхэм ещакIуэхэр къазэрегуауэри, нэгъуэщI абы хуэдэ къэхъукъащIэ мыхъумыщIэхэри. 
Рейнджерхэм псапэ къыщахьи куэдрэ къохъу. Ахэр йоIэзэ машинэ зэжьэхэуэхэм удын къахэзыхыу уIэгъэ хъу псэущхьэхэм, апхуэдэуи цIыхухэр нэхъ щызэхуэс щIыпIэхэм щхъухьзехьэ блэхэр къыщаубыд, къуакIэбгыкIэхэм, мэзхэм къыщызыкIухь туристхэм гъуэгугъэлъагъуэ ящыхуохъу, браконьерхэм япоуври, ЩIы Хъурейм зи бжыгъэкIэ мащIэ дыдэ щыхъуа псэущхьэхэм къащхьэщож. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

10.04.2026 - 17:57 Кхъэр ягъэкъабзэ
10.04.2026 - 11:28 НОБЭ
09.04.2026 - 07:30 НОБЭ
08.04.2026 - 11:04 НОБЭ
07.04.2026 - 09:55 НОБЭ