НОБЭ

ШыщхьэуIум и 1, мэрем

Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ

1958 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къытехьащ.

1967 гъэм Бахъсэнрэ Тэрчрэ къалэ хъуащ.

1892 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м мэкъумэш IэнатIэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бырс Анзор.

1930 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Къущхьэ СулътIан.

1938 гъэм къалъхуащ зэдзэкIакIуэ, критик, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛъапцIэрыщэ Хъалид.

1943 гъэм къалъхуащ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-мрэ ЭкологиемкIэ, цIыхум и шынагъуэншагъэмрэ щIыуэпсымкIэ дунейпсо академиемрэ я академик, УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Шапсыгъ (КIэкIыхъу) Дамир.

1953 гъэм къалъхуащ Хэкум къэзыгъэзэжахэр жылагъуэм хэзэгъэжынымкIэ щадэIэпыкъу унэу Мейкъуапэ дэтым и унафэщI Бэрзэдж Убых (Нихьэт).

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пIалъэ-пIалъэкIэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 31 – 32-рэ, жэщым градус 24-рэ щыхъунущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Вындыжьым и шырыр щишхыжынум, сабэм хекухь.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

17.04.2026 - 10:47 НОБЭ
16.04.2026 - 09:22 НОБЭ
15.04.2026 - 14:35 НОБЭ
14.04.2026 - 09:00 НОБЭ
13.04.2026 - 11:54 НОБЭ