ЗэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ зэрыхъум и щыхьэт![]() Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Ди адэжьхэм я джэ макъ» концертыр. Пшыхьыр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, республикэм и щэнхабзэ центрхэмрэ волонтёрхэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу. Ар иригъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Хьэмырзэ Ахьмэд. - Зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIа нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми фIэхъус гуапэ фызох! Мыпхуэдэу щхьэусыгъуэ дахэкIэ, гуфIэгъуэкIэ зэлъэпкъэгъухэр куэдрэ дызэхыхьэн Тхьэм ищI! Хэкум къыхуэпабгъэу, щIэхъуэпсу къэгъуэгурыкIуа я адэжьхэр щалъхуа щIыналъэм къекIуэлIэжу я гуращэр зыгъэзэщIэжа, хамэщI щыпсэууэ къэзыгъэзэжа ди къуэшхэм, ди шыпхъухэм нобэ я махуэшхуэщ. 1997 гъэм шыщхьэуIум и 1-м Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къэралым къищта унафэм тету, мы махуэр ягъэлъапIэ. 1998 гъэм Урысей Федерацэм и унафэщIхэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ, япэу ди хэкуэгъу гупышхуэр - Косовэ автоном щIыналъэм щыщ адыгэ хэхэсхэр - къэкIуэжащ. Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу! - жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Тхыдэм дызэбгридзами, хамэщI щыпсэу адыгэхэм я гур адэжь щIыналъэмкIэ къохъуапсэ, хэкужьым къэкIуэжыну къыхуопабгъэ. Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм яхудиIэ пыщIэныгъэр нэхъри дывгъэгъэбыдэ, къэзыгъэзэжыну зи мурад ди лъэпкъэгъухэм дадэвгъэIэпыкъу! Къытхыхьэжу хэкужьым лъабжьэ щызыгъуэтыжа адыгэхэр Тхьэм иригъэфIакIуэ! Пшыхьыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэхэу Гуазэ Тимур, Хьэкъул Оксанэ, Тепеев Алим, шыкIэпшынауэ Iэзэ Еуаз Зубер, «Нартан» уэрэджыIакIуэ гупым, цIыхубэ къафэхэмкIэ «Нэмыс» ансамблым.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:25 →
Тщымыгъупщэну унафэ щыIэщ!
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
09.05.2026 - 10:07 →
ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах
| ||





