Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм «КIэнэфымрэ нэгъуэщIхэмрэ. Зэпсэлъэныгъэ» фIэщыгъэ хьэлэмэт зыгъуэта сурэт гъэлъэгъуэныгъэр иджыблагъэ къыщызэIуахащ. Краснодар щIыналъэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ Iуэхугъуэм щхьэхуэныгъэ иIэт: сурэтыщI Ли Александр и гъэлъэгъуэныгъэм IэщIагъэм ирилажьэ цIыху 16-м я сурэтхэри хагъэуват, зы IэнатIэм зэрипххэм я дуней лъагъукIэмрэ гупсысэкIэмрэ зэрызэпэджэжыр, гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр я нэгу къызэрыщIэувэр нэрылъагъу ящIын папщIэ.
ШыщхьэуIум и 30 пщIондэ екIуэкIыну гъэлъэгъуэныгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр Ли Александр и дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр езым зэрызыхищIэм къыпэджэжхэмрэ ар къэзымыщтэхэмрэ я зэхуакум дэлъ зэпсэлъэныгъэм цIыхухэр щыгъэгъуэзэнырщ. Дауи, сурэт гъэлъэгъуэныгъэ къызэIузыхыну гукъэкI зыщIам ар утыку къызэрырихьэну щIыкIэм йогупсыс: сурэт къэс яIэну увыпIэр еубзыху, абыхэм къаIуатэ гупсысэхэм елъытауэ щагъэлъагъуэ пэшышхуэм щегъэзагъэ, щхьэж и хъэтIрэ щIыкIэ хабзэ и IуэхукIэ зэблегъэувыкI. Апхуэдэу щыт пэтми, мы гъэлъэгъуэныгъэм нэгъуэщI зы щхьэхуэныгъи хэлът. Зи сурэтхэр гукъэкIым курых хуэзыщIа Ли Александр хущIэкъуащ зи гупэ зэхуэзыгъэза, зэбгъурыгъэува, щIыбкIэ зэхуэплъэ сурэтхэм я зэхуакум къыдэхъуэ зэхущытыкIэхэр къыхигъэщыну, «зэрызэпсалъэ» щIыкIэхэм къэхутэныгъэ ирищIылIэну.
– Псом япэу къыхэзгъэщыну сыхуейт мы хэгъэгу дахащэм и дунейм сызэрызыIэпишар, сурэтыщIым и нитIым къалъыхъуэ фIыгъуэ куэд зэуэ къызэрыщалъагъур. А дунейм хуэфэщэн щэнхабзэ гупсысэкIэ зэриIэр мы гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкI Лъэпкъ музейми нэрылъагъу къысщащIащ: сыт хуэдэ зэхэщIыкI убгъэдэлъын хуейр, гъащIэм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр дахагъэм и шыбзэм щIэбгъэкIын папщIэ?! Си фIэщ мэхъу Лъэпкъ музейр щIыщыIэ лъэпкъитIым – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – апхуэдэ лъэщагъ зэракъуэлъыр, ар иджыри абыхэм зэрафIэмыкIуэдар. Япэу сыкъакIуэу аращи, си къакIуэр гуимыхуж дыдэ зэрысщыхъуар, си гуращэхэм къызэрыпэджэжар гухэхъуэщ. Мыпхуэдэ зы гупсысэми сыкъыхуэкIуащ: зэгурыIуэ лъэщщ, жаIэ, армырмэ, псэхугъуэ къыуату мы музейм щахъумэ дахэщысэхэм хуэдэ лъэпкъхэм дунейм къытрагъэхьэнкIэ Iэмал иIакъым. Мы гъэлъэгъуэныгъэри зыкъомкIэ поджэж зи гугъу сщIым. Сэ иужь ситащ зэры-Краснодар щIыналъэу щылажьэ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэхуэсхьэсу мы утыкум «ину» щызгъэлъэгъуэну. Ахэр зэщхьэщокI я щIыкIэкIи, я гъэпсыкIэкIи, дунейр къызэрагъэлъагъуэ щIыкIэкIи. Ауэ ахэр зэрешалIэ сурэт щIыным епха щIэныгъэр тегъэщIапIэ зэращIым, академизм жыхуэтIэм зэрыбгъэдэмыкIым. СэркIэ мы гъэлъэгъуэныгъэр лъапIэ дыдэщ. Зы пэшым сэ си сурэтхэр, адрей пэшым си ныбжьэгъухэмрэ си лэжьэгъухэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ. Гъуазджэм худиIэ еплъыкIэр зыщ – дахагъэм дунейр бзаджагъэм щихъумэнущ, фIым ер Iэсэ ищIынущ. СурэтыщIхэр дунеягъэкIэ дызэрыпсалъэ бзэр зэщхьэщыкIми, зи гугъу сщIы дахагъэр къызэрыдгъэщI бзэр зэтехуэу къысфощI, тегъэщIапIэу къыхуэдгъуэтыр, пкъощIэсэу хуэдгъэувыр мащIэу зэщхьэщыкIыу. УзэрыцIыхумэ, цIыхугъэм и щхьэр къолъагъуэ. Ди цIыхугъэм и щIыкIэр мы щIыналъэ дахэм щыпсэухэм едгъэлъагъумэ, дызэхащIыкIмэ, къыддаIыгъмэ, ди гуапэ хъунущ, – жиIащ Ли Александр.
Апхуэдэу сурэтыщIым къыхигъэщащ и IэдакъэщIэкIхэм ящыщу сурэтищ Лъэпкъ музейм тыгъэ зэрахуищIынур.
- Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар ди зэныбжьэгъугъэмрэ щэнхабзэ зэгурыIуэныгъэмрэ я дамыгъэ хъунущ. Дэ дызэгъунэгъу къудейкъым, дэ зы щIыналъэ дыщопсэу, абы ис лъэпкъхэм я лъапIэныгъэхэр зэдэдгуэшу. Ди «зэпсэлъэныгъэр» дигу кърекIыж а сурэтхэм деплъыху, – жиIащ Ли Александр.
ХьэщIэм и псалъэм пэджэжу, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ къыхигъэщащ Ли Александр и IэдакъэщIэкIхэм щIыналъэм и щэнхабзэ дунейр къызэрагъэбейр, къыхилъхьа Iуэхугъуэ дахэм упэмыджэжынкIэ Iэмал имыIэу, гупсысэ зэмылIэужьыгъуэхэр гущIэ лъапсэм къызэрыдраIэтейр.
- ДыкъэзыгъэщIар зэрыдахэм и щыхьэт наIуэт дызытет дунейм и дахагъыр. Ар зыхэзыщIэ цIыхум и гум а дахагъым щыщ кърилъхьауэ аращи, насыпышхуэщ апхуэдэ цIыхухэр ди гъащIэм зэрыхэтыр, абыхэм я Iэдакъэ къыщIэкI теплъэгъуэхэм дызытет дунейр нэгъуэщIынэкIэ, е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, дызэрыхэплъэн хуей нэкIэ зэрыдагъэлъагъур. Краснодар щIыналъэм къикIа сурэтыщIым и псалъэм къызэрыхэщащи, узэпсэлъэныр, уи Iуэху еплъыкIэкIэ узэдэгуэшэныр зимыуасэ щыIэкъым. Зэпсэлъэныгъэр езыр лъэмыжым хуэдэщ – бэшэчагъ тIэкIу пхэлъмэ, сытымкIи узэгурыIуэфынущ. Аракъэ езыр ныбжьэгъугъэмрэ мамырыгъэмрэ я шэсыпIэ лъэщыр, – жиIащ Къаныкъуэ Жаннэ.
Апхуэдэу КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым хьэщIэм фIыщIэ хуищIащ тыгъэ къахуищI сурэтхэм щхьэкIэ:
- ФIыр ягъэгуашэ, дахэр ягъэшэс жызыIа ди нэхъыжьхэм гукъэкI дахэм пщIэ хуащIырт. КъытхуэпщIа тыгъэм сэ къыслъысу сыщогуфIыкI, а гулъытэр ди къалэм, щIыналъэм, лъэпкъхэм я дежкIэ къызэрымыкIуэу лъапIэщ. Щэнхабзэр езыр гупсысэм и къэгъэщIыгъэ хьэлэмэт гуэрщ: Iуэху ищIу абы гъунэгъу зыхуэзыщI дэтхэнэми зыхещIэ абы къыхуеджэныгъэ гуэр зэрыхэлъыр, нэр зыгъэпщIыпщI, гур зыгъэджыл, псэм къилъыхъуэ дуней гуэр узэрыхишэр. Ди гъунэгъухэр къызэрытхыхьа IэщIагъэм, пэжыр жыпIэмэ, уегъэгупсысэ, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм я щэхухэм ухегъаплъэ, фIыр тепщэ зэрыпщIынум и Iэмалхэр къыуегъэлъыхъуэ. Гъэлъэгъуэныгъэр гъуэгу махуэ теувэну си гуапэщ, ар зылъагъунухэм гукъинэж зэращыхъунуми шэч къытесхьэркъым, – иухащ и псалъэр Къаныкъуэ Жаннэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм курых хуэхъуащ илъэс ныкъуэ ипэкIэ дунейм ехыжа сурэтыщI Джанян Николай Iыхьищу зэхэт и сурэт-триптихыр. АбыкIэ Краснодар щIыналъэм и сурэтыщIхэм абы хуащI пщIэр къагъэлъэгъуащ, сурэт гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэри къыхагъэщащ. Псори зэгъусэу гъэлъэгъуэныгъэм и утыкум сурэти I00-м нэблагъэ къралъхьащ. Абыхэм я Iыхьэ щанитIыр Ли Александр и Iэдакъэм къыщIэкIащ.
Гъэлъэгъуэныгъэр Налшык щызэфIэкIа нэужь, япэщIыкIэ Тэн Iус Ростов къалэм, итIанэ Краснодар къалэм дэт, Коваленкэ Фёдор и цIэр зезыхьэ музейм яхьынущ.