Хьеймащэр зищIысыр сыт?

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэ мыхъуу, Урысейм къикIа къэхутакIуэхэми къахуэщIакъым ХьеймащэкIэ дызэджэ хъупIэ телъыджэм и щэхур. ЕкIэпцIэкъуэ, Гундэлэн, Тызыл, Къармэхьэблэ я зэхуакум дэлъ щIы километр зэбгъузэнатIэ 30-м къыщыхъу гъэщIэгъуэнхэмкIэ хэIуащ ар цIыху цIыкIум. 
Совет зэманым а хъупIэм Iэщ куэд яхурт, зэрыжаIэмкIи, гъэшыр бэв щыхъурт, Iэщыр щыбагъуэрт. Абы къыдэкIуэуи, Хьеймащэ щыIэ къуэкIийм и кумб бжыгъэншэхэм я нэхъ инитIым ярыт псым ефэну еха былымыр къыдэкIуеижыфыртэкъым, псым хэхуэрти ягъуэтыжыртэкъым. 
Дызытепсэлъыхь кумбхэр къыздикIамрэ ахэр къыщыунэхуа лъэхъэнэмрэ теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. КъызэрыгуэкI цIыхухэр а щIыпIэм щошынэ, къагурымыIуэ куэд зэрыхэлъым къыхэкIыу. 
ХъупIэм и фIэщыгъэцIэр къызытехъукIам и гугъу пщIымэ, зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ игъуэтащ абы. Псалъэм папщIэ, нэхъ пасэу, а щIыпIэм зэреджэу щытар Хъермащэщ – Iэщыр зэрыщыбагъуэм, хъер зэрыхъум къыхэкIыу. ИужькIэ, къуэкIийм еха былымыр къыдэмыкIуеижыфурэ кIуэд щыхъум, цIыхухэм «Хъермащэкъым ар, Хьеймащэщ ахъумэ!» жаIэу щIадзащ, мыарэзыуэ. Языныкъуэхэми зэрыжаIэмкIэ, ХьэмащэкIэ еджэу щытащ къуэкIийм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щакIуэхэм къуэкIийм къупщхьэ иракIутэрт, абы къишэну дыгъужьхэм ещакIуэу. 
Хьеймащэ кумбым и гъуанэпщIанэхэр къызыхэкIам утепсэлъыхьмэ, абыи еплъыкIэ зыбжанэ иIэщ. ГеографиемкIэ Урысейм и жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт Мысырджэн МуIэед зэрыжиIэмкIэ, Хьеймащэ и кумбхэр вагъуэижхэм (метеоритхэм) къраудауэ аращ. 
- 1993 гъэм Хьеймащэ и щыгум вертолеткIэ дыкъихьэри, зытплъыхьауэ щытащ. Абы щыгъуэ дэ къэдбжащ кумб 300-м щIигъу. Псы зэрытыр кумбитIыр аращ, адрейхэр цIыкIущ. ЯпэщIыкIэ, астрономиемкIэ мыхьэнэ гуэр иIэу къытщыхъуащ, сыту жыпIэмэ, Вагъуэзэшиблым ещхьу, кумб зыбжанэ зэпэщылъу къыхощ. ИужьыIуэкIи, 1998 гъэм, нэмыцэ къэхутакIуэ гупым ящIыгъуу сыщыIащ Хьеймащэ. Абыхэм зэрыхуагъэфэщамкIэ, кумбхэр вагъуэижхэм къраудауэ аращ, уэшхым хуэдэу къытещащэри, - жеIэ МуIэед. 
Урысей экспедиторхэр иджыблагъэ щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Хьэрэ-Кхъуэрэ и бгъуэнщIагъым ехащ, Хьеймащи къаплъыхьащ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, Кърымым щыIэ «Караби Яйла» бгы сэнтхым ещхьщ Хьеймащэр, зэтIолъхуэныкъуэм хуэдэу. Абы тепщIыхьмэ, Хьеймащэ и кумбхэр къизыудауэ хуагъэфащэ вагъуэижхэр мы щIыпIэхэм жыжьэрэ-гъунэгъуу къекIуэлIакъым, атIэ щIым известняк куэду зэрыхэлъым къыхэкIыу, уэшхыпсымрэ щIы лъабжьэм щызекIуэ псымрэ ялъэсри, гъуанэ-пщIанэ хъуауэ аращ. Ар пэжмэ, Хьеймащэ и лъабжьэм бгъуэнщIагъышхуэ щIэтщ псы иту, армыхъумэ, апхуэдиз Iэщыр здэбзэхар дэнэ?!
Хьеймащэ и къуэкIийр вулканым и Iуфэу жызыIи щыIэщ. Iуащхьэ ди гугъэу, вулкану къыщIэкIыжа лъагапIэ куэд Кавказым зэрыщыIэр щэхукъым. Псалъэм папщIэ, Казбек, Iуащхьэмахуэ, Кавказ тхыцIэм пэжыжьэу къэунэхуауэ щыта Iуащхьэ щхьэхуэхэр. 
ЗэрытщIэщи, ЩIым и купщIэр пщтырщ. АпхуэдизкIэ пщтырщи, щIыр къегъэкъуалъэри, гъуэзымрэ мафIэмрэ щIы лъабжьэм щIэмызэгъэжу, щIы щхьэфэм къыдрехуей. Апхуэдэущ ди Iуащхьэхэри (нэхъ тэмэму жыпIэмэ, вулканхэр) къызэрыунэхуар. Ди щIыпIэм щыIэ Iуащхьэхэр илъэс мелуани 4 мэхъу къызэрыунэхурэ. Хэт ищIэрэ, а зэман жыжьэм нэхъапэж лъэхъэнэ гуэрым къэунэхуауэ щыта, щэщэжа вулканым и Iуфэу къыщIэкIынкIэ хъунущ Хьеймащэ кумбри. 
Мысырджэн МуIэед зэрыжиIэмкIэ, иджыблагъэ щыIащ Хьеймащэ икIи гъэщIэгъуэн гуэр илъэгъуащ:
- ЗэрыжысIащи, Хьеймащэ и кумбхэм ящыщу тIуращ псы зэрытыр. Ауэ иджы дыдэ ещанэ гъуанэр (метри 3 и бгъуагъщ) къэунэхуащ, псы иту. ЩIыр ехащ, убгъэдыхьэну шынагъуэу. Зыми ищIэркъым а псыр дэнэ къикIми, ауэ языныкъуэ гъуанэхэм метри 150 я кууагъщ, - жеIэ абы. 
Къыхэгъэщыпхъэщ Къармэхьэблэ щыIэ, ШэдхъурейкIэ дызэджэ гуэлыр дызытепсэлъыхь бгъуэнщIагъ лIэужьыгъуэм зэрыщыщыр. Ди нэхъыжьхэм жаIэжу щытащ Шэдхъурей зы жэщым къэунэхуауэ, ар къыщыунэхуа жэщми а щIыпIэм деж нэху къыщекIыну щепсыха мэлыхъуэм и мэл гуартэр зэригъусэу щIилъэфауэ щытауэ. «Илъэс зыбжанэкIэ псыщхьэм мэлыцыр къыдрихьейуэ щытащ абы иужькIэ», - жаIэж цIыхухэм. 
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: