Грек IуэрыIуатэмрэ нарт эпосымрэ

  Нарт эпосым и купщIэр щыжэпхъым мыхьэнэ ин дыдэ яIащ миф макъамэхэм. Нарт эпосым и ныбжьымрэ и хьэлэмэтагъхэмрэ бгъэбелджылын щхьэкIи, апхуэдэ макъамэхэм, я мыхьэнэр инщ. 
Миф лъабжьэ яIэщ нарт эпосым щыцIэрыIуэ лIыхъужь куэдым – псом япэрауэ, Сосрыкъуэ, Сэтэней, Нэсрэн, нэгъуэщIхэми. ЩIэныгъэм шэч къызытримыхьэжщ мифологиер пасэрей цIыхум и япэ художественнэ псалъэу, и философиеу, и тхыдэу, и дину зэрыщытар, эпосыр абы блэкIынкIи щхьэдэхынкIэ Iэмал зэримыIар. «Грек мифологиер мыхъуатэмэ, грек гъуазджэр щыIэнтэкъым», – итхыгъащ К. Маркс. АбыкIэ акъылэгъущ пасэрей мифхэр зыдж щIэныгъэлIхэр. 
Уафэр гъуагъуэу, щыблэр уэуэ щызэхихкIэ, мазэр иубыду, зэм къешхыу, зэм къесу щилъагъукIэ, пасэрей цIыхум а псор тхьэхэм я Iэмыру, къэхъукъащIэ къэс тхьэ яIэу къилъытэрт. Уафэгъуагъуэм и тхьэу адыгэхэм къагъэщIащ Щыблатхьэр, къэкIыгъэр зи Iэмырыр Тхьэгъэлэджт, гъукIэхэм я тхьэр Лъэпщт, хым, псым – Хыгуащэрэ Псыхъуэгуащэрэ, зекIуэлIхэм – ЗекIуэтхьэ. Абыхэм нэмыщI пасэрей адыгэхэм яIэт Созрэщ, Ахын, Мэзытхьэ, Амыщ нэгъуэщI тхьэхэри. 
ГуащIэкIэ псэун щыщIидзэм, зэрылэжьэн Iэмэпсыми къигупсысащ пасэрей цIыхум, и акъылми лэжьэн щIидзащ. Абдежыращ мифыр дунейм къыщытехьар. Щыблэ зэуа жыгым мафIэ щIэнауэ щилъагъум, пасэрейм шэч къытрихьакъым а мафIэр тхьэхэм я пащхьэ къызэрикIам. Абы щыгъуэщ тхьэм мафIэ къафIэзыдыгъуам (мафIэхьым) и мифыр щызэфIэувар. 
Тхьэм мафIэ къыфIэзыдыгъуа Прометей и образыр дунейпсо IуэрыIуатэм и макъамэ нэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ. А образымкIэщ цIыху цIыкIум и гупсысэр зэрыIэубыдыпIэншэр наIуэ япэ дыдэ щыхъуар. 
Адыгэ IуэрыIуатэми щыгъунэжщ мафIэхьым и хъыбархэр. Грек мифологием зэрыхэтымкIэ, мафIэ къызэридыгъуам щхьэкIэ Прометей тхьэхэм бгым ираIулIащ (Эсхил зэритхамкIэ, Прометей зраIулIар Кавказ къуршхэрщ. Ар тегъэщIапIэ ящIри, щIэныгъэлI зыбжанэм ялъытэ Прометей и мифыр къызыщежьар Кавказырауэ, ар грекхэм ди щIыналъэм ирахауэ). Ди эпосми ущрохьэлIэ а макъамэм: мафIэ къедыгъу Сосрыкъуи; Тхьэхэм мафIэ къафIэзыдыгъуахэм ящыщщ ХьэмрийкIэ зэджэри. Шэч хэлъкъым Хьэмрий и псысэми ныбжьышхуэ зэриIэм – ар къыщожьэ грекхэм я Прометей и лъэхъэнэм. ГъэщIэгъуэнщ езы мафIэхьым (Хьэмрий) и цIэр: ар ебгъапщэ мэхъу куржыхэм я мафIэхь Амирани и цIэм. Академик Н. Марр зэритхамкIэ, Амирани и цIэр «амра» абхъаз псалъэм къытокI. АбхъазыбзэкIэ абы къикIыр «дыгъэщ»; пасэрей цIыхум дыгъэри мафIэри и зэхуэдэу зэрыщытам тхыдэр щыхьэт тохъуэ.
Прометей (нэгъуэщIу жыпIэмэ, тхьэм пэува цIыхум) и псысэр зыбжанэу зэтепщIыкIауэ къэсащ ди деж. Абыхэм ящыщщ бгъуэнщIагъым щIэубыдам и псысэхэри – адыгэ IуэрыIуатэм куэдрэ ущрохьэлIэ мафIэхьыр бгъуэнщIагъым щыщIэубыдаи. Апхуэдэм абхъазхэр зэреджэр АбрэскIилщ: ар тхьэхэм бгъуэнщIагъым щIаубыдэри мывэ абрагъуэ Iуагъэлъэдэжащ. Адыгэхэр мывэшхуэм зэреджэр – «абрэмывэр» АбрэскIил и цIэм ебгъапщэ мэхъу. Зи гугъу тщIы псысэм дигу къегъэкIыж Одиссей иныжь нэ закъуэм (циклопым) бгъуэнщIагъым щIиубыдауэ зэрыщытар – апхуэдэ хъыбар итхыжащ Гомер. 
Грек IуэрыIуатэмрэ нарт эпосымрэ благъэ зэхуащI нэгъуэщI макъамэхэми. ЩIэныгъэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, апхуэдэ макъамэхэр (зэщхьхэр) лъэпкъ эпосхэм зэрымыщIэныгъэкIэ щызэтехуэнкIэ хъунукъым (апхуэдэу къэхъу хабзэми). Пасэрей грек IуэрыIуатэмрэ нарт эпосымрэ я къуэпсхэр зэхэлъэдэнкIэ хъунутэкъым, ахэр зи IэдакъэщIэкI лъэпкъхэр зэрыщIэу, зэхыхьэу, культурэкIэ зэхъуажэу щымытамэ. Пасэрей грекхэмрэ кавказ лъэпкъхэмрэ яку апхуэдэ зэпыщIэныгъэ, благъагъэ зэрыдэлъам щыхьэт тохъуэ тхыдэр. Ар дыдэрщ зи гугъу тщIы макъамэ зэщхьхэри щыхьэт зытехъуэр. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ пасэрей грекхэм Троя къалэр зэраубыдамрэ нартхэм Гъуд къалэ зэракъутамрэ я хъыбархэр.
Гомер «Одиссея» пшыналъэм щитхыжащ Троя къалэр грекхэм зэраубыдам и хьыбарыр. Троя дэса пащтыхьым и къуэм, Спартэ кIуауэ, грек пащтыхьым и фыз дахэкIейр, ЕленэкIэ зэджэр, идыгъуащ. Пащтыхь гуащэр къихьыжын мурад ещIри, Одиссей  гъуэгу тоувэ, дзэ зыщIегъури. Гъуэгу щытеувэм, тхьэгурымагъуэм и чэнджэщкIэ, Одиссей Ахиллеси зыщIегъу: «Ар зыщIумыгъумэ, къалэм удыхьэфынукъым», – къыжриIащ тхьэгурымагъуэм (Ахиллес и Iэпкълъэпкъыр псыхьати, Iэщэ езэгъыртэкъым, Iэщэ зэзэгъынур и лъэдакъэрт, щапсыхьым лъэдакъэкIэ яIыгъати; абы ещхьщ Сосрыкъуи – ари псыхьащ, щапсыхьым IэдэкIэ яIыгъа и куэпкъыщхьэрщ и тIасхъапIэр; Ахиллеси Сосрыкъуи аращ зытекIуэдэжар). 
Одиссей и дзэм Троя къалэр къаувыхь, ауэ мывэ сэрей лъагэкIэ къэщIыхьащи, зыри яхуещIэркъым. Куэдрэ ебгъэрыкIуащ грекхэр Троя – яубыдыфакъым. ИлъэсибгъукIэ зэпэщIэтащ дзитIыр – зэрытегъэкIуакъым, дзитIми щыщ куэд хэкIуэдащ, Ахиллеси къаукIащ, и тIасхъапIэр къащIэри. Иужьым грекхэр тхьэгурымагъуэхэм къагъэIущащ... 
Махуэ гуэрым, дыкъыщоджэ Гомер и поэмэм, Одиссей и дзэр кхъухьым итIысхьэри хым техьэжащ. Троянхэр, къалэм къыдэкIри, хым техьэжа грекыдзэм кIэлъыплъащ. Хы Iуфэм Iухьауэ, троянхэр ирихьэлIащ пхъэбгъум къыхэщIыкIа «шы» домбей. «Ар тхьэхэм я тыгъэщ», – жари, троянцхэм пхъэшыр къалэм далъэфащ – пхъэшыр инти, гъущI куэбжэр хахащ, мывэ блынхэри гуагъэуащ. «Тхьэм и тыгъэм» санэхуафэ иращIэкIащ, ар щхьэусыгъуэ яхуэхъури хутыкъуащ. Грекхэр зэщэр арат. Тхьэгурымагъуэхэм къызэрагъэIущати, грек зауэлI пщыкIутI, Одиссей я пашэу, пхъэшым и кIуэцIым итIысхьауэ ист. Троянхэр щыхутыкъуэм, грек зауэлI пщыкIутIыр пхъэшым и кIуэцIым къикIащ, къалэм хэлъ гъущI куэбжиблыр Iуахащ; хым техьэжа кхъухьхэм къагъэзэжакIэти, дзэр къалэм зэрыдэгуащ, троянхэр зэтраукIащ, къалэри зэтракъутащ, пащтыхь гуащэр къыдахыжщ, фIыгъуэу дэлъыр къызэщIакъуэри я хэку ягъэзэжащ... 
Апхуэдэ IэмалкIэщ нартхэми Гъуд къалэ къызэращтэр. Нарт хъыбархэм зэрыжаIэмкIэ, Сэтэней Гъуд къалэ дэст. Ар къахьын мурад ящI нартхэм (грекхэри апхуэдэ мурадщ зылъежьар – пащтыхь гуащэ дахэкIейр къахьыжын щхьэкIэ). ЗэщIошасэри, нартхэр Гъуд къалэ йобгъэрыкIуэ, ауэ ар мывэ сэреиблкIэ къэщIыхьати, пэлъэщыркъым. Тхьэгурымагъуэм къажреIэ: «Жэмыхъуэжь гъусэ фымыщIмэ, къалэр къыфхуэщтэнукъым». Нартхэм Жэмыхъуэжь зыщIагъу, къалэм йокIуэ. Мыпырхъын щхьэкIэ, шыхэм я пэр щапхэ. Жэмыхъуэжь иригъэлеяуэ къыщIокIри, и шыр, жьы щимыгъуэтыжым, зэгуоуд. Шы узджынтар и плIэм ирелъхьэри, Жэмыхъуэжь, нартхэм я пэ иту, къалэм дохьэ. Нартхэм Гъуд къалэ зэтракъутэ, яхъунщIэ, Сэтэней гуащэ къыдахри къыдокIыж... 
Зэрынэрылъагъущи, бзаджагъэ хуекIуэху, грекхэми нартхэми къалэр къахуэщтэркъым. ТIури бзаджагъэ зэрыхуекIуэр шыкIэщ. Пэжщ, грек эпосымрэ нарт эпосымрэ а «бзаджагъэр» щызэтехуащэркъым, ауэ тIуми къагъэсэбэпыр зыщ: Одиссей, Троя дыхьэн папщIэ, пхъэшым и кIуэцIым йотIысхьэ; Жэмыхъуэжь (нэгъуэщI хъыбархэм зэрыхэтымкIэ, Уэзырмэдж) шы узджынтар и плIэм ирелъхьэри къалэм дохьэ. 
Нарт эпосым ущрохьэлIэ Гъуд къалэ къызэращтам теухуа нэгъуэщI хъыбархэми. Абыхэм ящыщ зым зэрыжиIэмкIэ, зыбжанэрэ йобгъэрыкIуэри, къащыхуэмыщтэм, нартхэм Батэрэз къалэм топкIэ дадзэ. Къалэм дадза нэужь, Батэрэз гъущI куэбжиблыр къыIуех, итIанэщ нартхэр къалэм щыдэзэрыгуэр... 
Нартхэм Гъуд къалэ къызэращтам теухуа нэгъуэщI зы хъыбари ущрохьэлIэ нарт эпосым. Зэгуэрым, жеIэ хъыбарым, Батэрэз санэхуафэм яхыхьащ. Хъуэхъубжьэр къыщратым, Батэрэз жиIащ: «Мы хъуэхъубжьэм есIуэтылIэр мыпэжмэ, мо кIадэм ит санэхур ирежэщI. Пэжмэ, къыщхьэщрехуи, нарт шу минипщI иретхьэлэ». Гъуд къалэ къызэращта щIыкIэрат зи гугъу ищIри, Батэрэз жиIащ: «ШыуаныщIэу зызгъэшщ, топ пащIэм зрезгъадзэри Гъуд къалэу къалиблу зэкIуэцIытыр къэсщтащ». Ар щыжиIэм, кIадэм ит санэхур жэщIащ. ИтIани жеIэ: «ШыуаныщIэу дауэ зысхуэгъэшын, топ пащIэми дауэ зрезгъэдзэн – гынымэм ситхьэлэнкъэ?.. Гъуд къалэу къалиблу зэкIуэцIытыр джатэпэкIэ кIуэцIрысхри ар и дыхьэкIэу къалэм сыдыхьащ...» Ар щыжиIэм, санэхур къыдэкIуейщ, къыщихури нартыжьхэр зэбгрилъэсыкIащ... 
Къартул Хьисэ.
Поделиться: