Пшыналъэ цIыкIухэрТхакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн «пшыналъэ цIыкIухэр» зыфIища и тхыгъэ Iэрамэм гъащIэ псо уи нэгу щIагъэкI. Тхыгъэхэр кIэщIми, купщIэшхуэ яIэщ, уи дуней еплъыкIэми зэрызрагъэхъуэжыфын къару ящIэлъщ. * * * Унагъуэшхуэ гуэрым зэныбжьэгъуу щы ист: адэшхуэр, я къуэ нэхъыщIэ цIыкIур, унагъуэхьэр. Хьэм и щIыбым щIалэ цIыкIур адэшхуэм иригъэтIысхьэу зэригъэбэну, зэдигъэджэгуурэ зэман зыкъом кIуащ. Ауэрэ адэшхуэри нэхъ лъэрымыхь хъури, пIэм хэгъуэлъхьэжащ. ЩIалэ цIыкIум сыт ищIэнт: зэм хьэм дэджэгурт, зэми адэшхуэм и лъэпагъым щIэпщхьэрти кIэщIэлът, Iэджэм щIэупщIэу. Адэшхуэм и щхьэр игъэкIэрахъуэрт, цIыхушхуэм хуэдэщ, жиIэу. Унагъуэм исхэр махуэ къэскIэ зыщIыпIэ пIащIэу кIуэрт. ЩIалэ цIыкIур, зыри къыгурымыIуэу, ахэр щыщIэкIкIи ядыщIэкIырт, къыщыщIыхьэжкIи япежажьэрти, къадыщIыхьэжырт. Махуэ псори гъащIэ унафэм щIэту кIуэрт, цIыкIур ин хъурт, иным и гъащIэр цIыкIу хъурт. Махуэ гуэрым я хьэжьыр къытехуэри лIащ. ЩIалэ цIыкIум ар и жагъуэ дыдэ хъуауэ нэщхъейуэ адэшхуэм деж къыщIыхьэжри бгъэдэтIысхьащ: - Дадэ, дадэ… - Сыт, си тIасэ? - Ди хьэр иджыпсту лIащ. Хьэпшыр цIыкIум дэджэгуу махуэ псом щылъат. ЛIыжьыр куэдрэ нэщхъейуэ щытащ, итIанэ, хьэжьым епсалъэ хуэдэ, Iущащэу щIидзащ. - Куэд ди нэгум щIэкIащ уэ дэрэ… жьы ухъуащ… уэри зы гъащIэ плъагъури, хьэпшыр цIыкIум ухуеплъэкIыу дунейм уехыжащ… ЛIыжьым и гум Iэджи къэкIащ икIи и гупсысэр къуэрылъхум къищIа хуэдэу, сабийр щIэупщIащ: - Дадэ, дэри дапщэщ дыщылIэжынур? Псори лIэжынукъэ, дадэ? - Сыт лIэныгъэ жыхуэпIэр? Уэ дяпэкIэщ ущыпсэунур, - лIыжьым и нэпсым къызэпижыхьащ. ИгъащIэ лъандэрэ гъэпщкIуауэ щыта нэпсыр иджы щэхуу дунейм къытехьэрт. * * * «Усысейщ!» - жиIащ щIалэгъуэ гъуэгу техьэм. «Срыуейщ, - къитыжащ жэуап гъуэгу дыщытехьэм, - зы дакъикъэм гъащIэ псэу хэплъагъуэу щытмэ. Сэ си гъащIэр дакъикъэ защIэу зэхэлъщ, дакъикъэ къэси гъащIэ зырызщ. Апхуэдиз гъащIэр уэ уи закъуэ дауэ пхуэIыгъыну? ЦIыхуу щыIэм сэ ар яхуэзгуэшыну сыхуейщ. Сэ сыщIэпсэур гъащIэ уахътыншэ сыхъуу гъащIэм сыхыхьэжынырщ». * * * «ДызэпокIыж», - жысIэри сэ сыIукIыжащ. Уэ ар уи фIэщ хъури, нэпс куэд щIэбгъэкIащ. «Сэ уэрыншэу схуэхькъым», - бжесIэри къэзгъэзэжащ. Уэ ар уи фIэщ хъури, угуфIэурэ нэпс куэд щIэбгъэкIащ. Сэ иджыри семыжьэжу хъуркъым. Уэ пхуэшэчыну умыгъыу? Сэ аргуэру къэзгъэзэжмэ, пхуэубыдыну гуфIэ нэпсыр? «Хъунщ, си псэ, икIи ежьэж, икIи къэгъэзэж. Ауэ ущежьэжкIи IэплIэ къысхуэщI, къыщыбгъэзэжами, IэплIэ къысхуэщI, итIанэ зэи сыгъынкъым, сэ сщIэнущ уежьэхункIэ къызэрыбгъэзэжынур». * * * Хьэуэ! Хьэуэ! Сэ зэи къэсшэнукъым. Сыхэвмыгъэзыхь! Зэи къэсшэнукъым си дыгъэ шырым си Iэпэр имыубыдауэ. Сыт апхуэдизрэ ар щIыдэсыр? Сэ иджы си къэшэгъуэщ, абы и ишэгъуэщ. Ауэ дызэхуэзэмэ, зы псалъи зэжетIэркъым. Ар мэшынэ, зыгуэр къызжиIэмэ, сэ къызгурымыIуэу сежьэжын фIэщIу, апхуэдизкIэ фIыуэ сыкъелъагъури. Сэри зыри жесIэркъым, жесIа нэужь къысщыдыхьэшхыу щIэпхъуэжын си гугъэу… Ей, си дыгъэ шыр, уэ дэрэ ди гур зэгъусэу зы гъущI хъар идгъэгъэтIысхьэ, цIыхунэхэм ягъэIэсэнщи, зэщыгуфIыкIыжу къитхыжынщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 11:18 →
Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
14.05.2026 - 17:00 →
Щэнхабзэм и хъумакIуэ
14.05.2026 - 14:00 →
ГъащIэм и «пэж» шынагъуэхэр
14.05.2026 - 13:00 →
Щыгъыным куэд егъэпщкIу
| ||




