НОБЭШыщхьэуIум и 13, махуэку Зи Iэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ 1908 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIушынэ Нухь. 1915 гъэм къалъхуащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Безрокъуэ Хужь. 1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ. 1947 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Мэшыкъуэ Нуралий. 1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и къуажэ Iэтащхьэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъыта Къуныжь Хьэчим. 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Юрий. 1963 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артист Ташло Алий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Зи бзэм хуитыжым и насыпщ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 13:30 →
ХьэкIэкхъуэкIэхэм - гулъытэ
11.09.2026 - 12:10 →
НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 →
НОБЭ
09.09.2026 - 12:51 →
ГъащIэм и пэжыр къэгъэлъэгъуэныр зи пщэрылъхэр
09.09.2026 - 12:28 →
НОБЭ
| ||




