Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым иджыблагъэ къыщызэIуахащ Иорданием щыщ ди лъэпкъэгъу Къэрэгъул Зейнэ и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
Ди лъэпкъэгъу пщащэм и IэдакъэщIэкIхэр иджы ещанэу Налшык утыку къыщрехьэ.
Къэрэгъул Зейнэ 1978 гъэм Иорданием къыщалъхуащ. ЩIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Лондон дэт университетхэм ящыщ зым. 2010 гъэм ар япэу Хэкужьым щыхьэщIащ, нэхъыфIыжу и адыгэбзэри щызригъэщIащ.
Амман щыпсэуну Iэпхъуа иужьщ и зэфIэкIхэр нэхъ наIуэ къыщыхъуар. СурэтыщI унагъуэм щыщ хъыджэбзым и IэдакъэщIэкIхэр нэхъыбэу каллиграфие геометрие жыпхъэхэм итт. 2014 гъэм абы и творчествэм, и дуней еплъыкIэм зихъуэжри, сурэтхэр гъэщIэгъуэну зэхигъэувэн щIидзащ. Журнал, газет зэмылIэужьыгъуэхэм зэщымыщу къыхигъэжа сурэтхэм гупсысэ хэха зиIэ теплъэгъуэ къыхэщIыкIыныр хуабжьу удэзыхьэх Iуэхугъуэщ. Зейнэ хузэфIэкIырт апхуэдэ щIыкIэкIэ езым и дуней къигъэщIыжын. Хъыджэбз IэпэIэсэм екIуу куэд зэхеухуанэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, абы и щэнхабзэ дунейр зэподжэж икIи пасэрей сурэтхэм гъащIэщIэ щаретыж и IэдакъэщIэкIхэм.
«Каф бгым сыкъыкъуэкIауэ сыкъокIуэ» (Каф бгыр Перс IуэрыIуатэм, ислъам диным и къэхъукIэр къэзыгъэлъагъуэ тхыдэм къыхэщ пасэрей бгыжьщ, щIым и гъунэу къалъытэу щытащ а щIыпIэр) иджырей гъэлъэгъуэныгъэм щIагъыбзэ и бэщ. Мыбы и фIэщыгъэр Зейнэ игу къэзыгъэкIар Тыркум къыщалъхуа абхъаз философ, тхакIуэ Ягъэн Мурат «Я пришёл из-за гор Кавказа» романырщ.
Къэрэгъулым ипэкIэ утыку кърихьахэм хуэдэу, мыбыи удз гъэгъахэр къебэкIми, абыхэм лъэпкъ гупсысэмрэ лъэпкъ узымрэ зэрыхэгъэпщкIуар къэлъагъугъуейкъым. «Удз гъэгъахэм зыкъыщызэIуахыр щIымахуэр икIыу гъатхэр къихьа иужьщ. Дызэрыт зэманыр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и лъэхъэнэу къызолъытэри, сэри аращ удз гъэгъахэр куэду си сурэтхэм щIыхэзгъэувэр», - жеIэ Зейнэ.
А сурэтхэм теплъэ дахэ къудей фIэкIа яхэзымылъагъуэ-ни щыIэщ, ауэ Зейнэ и IэдакъэщIэкIхэм зэрыщыту хэхэс адыгэхэм я узыр зыхыуагъащIэ. ИтIанэ, пасэрей адыгэхэм хуэдэу, абы къыхих плъыфэхэм цIуугъэнэ, нэм къыщIэуэ яхэткъым.
ГъэщIэгъуэнщ Къэрэгъул Зейнэ и дуней еплъыкIэр, гупсысэкIэр. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ абы и гъэлъэгъуэныгъэм, лъэпкъым теухуауэ къыджиIахэм: «СызэрыцIыкIурэ си адэшхуэ-анэшхуэхэм Хэкужьым теухуа хъыбархэр къызжаIэжырт, лъахэм и дахагъым, фIэрафIагъым срагъэхъуапсэрт. Абы щыгъуэ Интерне-тым дунейр апхуэдизу зэщIиблатэкъыми, ар слъагъуну Iэмал сиIэтэкъым. Къысхуэнэжрати, си нэгу къыщIэзгъэувэрт, куэдрэ сепщIыхьырт. Сэ Iэджэрэ Хэкужьым сегупсысащ икIи сыщыцIыкIум адэжь щIыналъэр си нэгу зэрыщIэтар къыщызгъэлъэгъуэжауэ аращ сурэтхэм. Илъэс 15-м щIегъу мыпхуэдэ сурэт щIыкIэм зэрызеспщытри, а зэманым къриубыдэу Амман, Москва, Дубай, Лондон утыку къыщисхьащ си сурэтхэр. Ауэ Налшык зэрыщызгъэлъагъуэм псом хуэмыдэу сыщогуфIыкI, си лъэпкъэгъухэм си сурэтхэр ягу ирихьмэ, сэркIэ насыпышхуэщи. Дапхуэдизу си сурэтхэр дахэу жаIами, Хэкум и теплъэр сурэтыщIым я нэхъ Iэзэми нэ- су къыхуэгъэлъэгъуэнукъым! ЩIыпIэ куэдым къыщацIыху адыгэхэр. Ди лъэпкъ хабзэр, псэукIэр, гупсысэкIэр, зэфIэкIыр, щэнхабзэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми дунейм нэхъыбэжу къысхуегъащIэмэ, сынасыпыфIэу зыслъытэжынущ».
Къэрэгъулхэ я пхъум и IэдакъэщIэкIхэр телъыджэщ, гъэщIэгъуэнщ абы и дуней лъагъукIэри.
ФокIадэм и 3 пщIондэ екIуэкIынущ гъэлъэгъуэныгъэр. Гупыж зыщIу абы кIуэм дэрэжэгъуэ зэригъуэтыжынум шэч хэлъкъым.