Медаль зэмылIэужьыгъуи 6

Старэ Оскол къалэм дэт Невский Александр и цIэр зезыхьэ спортым и уардэунэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «Динамо» физкультурэ спорт зэгухьэныгъэм и урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Я хьэлъагъ елъытауэ гуэшауэ щыта гуп 16-м я саугъэтхэмрэ Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм кIуэнымкIэ Iэмалымрэ щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 26-м къикIа зи ныбжьыр илъэс 21-рэ мыхъу спортсмен 300-м щIигъу.
ЗэIущIэ гуащIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа спортсменхэм медаль зэмылIэужьыгъуи 6 къыщахьащ.
Щыбэна гупхэм къапэлъэщын къахэкIакъым Къанокъуэ Арианнэ (кг 48-рэ), Кабуловэ Миланэ (кг 78-рэ), Къуныжь Ролан (кг 81-рэ) сымэ. Килограмм 90 зи хьэлъагъ Мырзэбэч Ильяс дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ. Абазэ Астемыррэ (кг 81-рэ) Глашев Джаболэтрэ (кг 100) ещанэ уывыпIэхэр къахьащ.

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также: