И IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ яхэлъщ

Хьэнцэ Албэч Аруан (Мысостей) къуажэм къыщыхъуащ, щопсэу. Дизайным хуеджащ, сурэт щIыным дехьэх, футболыр и псэм хэлъщ. Зызрипщытым щIэщыгъуагъ хелъхьэ. Албэч адыгэу дунейм къызэрытехьам ирогушхуэ – абы и нэщэнэхэр и лэжьыгъэхэм щыдолъагъу.
Топыр щIым нэзмыгъэсу…

-Къуажэ сабий куэдым хуэдэу сыкъэхъуащ сэри. Зэкъуэшхэр, зэгъунэгъухэр дызэдэджэгурт, дызэпеуэрт, дыкъызэрехуэкIырт. Сурэт сщIырт, шахмат сыджэгурт. Топ джэгур зыхэслъхьэ щыIэтэкъыми. Зэгуэрым, си адэм къытхилъхьат щIым лъэдмыгъэIэсу топыр дэддзеин зэпеуэр. Абы сыдихьэхат. Къысхуинауэ, нобэр къыздэсым пызощэ. Иджыпсту си рекордыр – 7900-рэщ, апхуэдизрэ топыр дызодзей щIым нэмысу. Топ джэгуныр си лъым хэтщ, профессионал сыхъуну Iэмал симыIами. Зэгуэрым футболымкIэ зэпеуэрэ си шыпхъу нэхъыжьым и хьэгъуэлIыгъуэмрэ зы махуэу зэтехуат. ХьэгъуэлIыгъуэр къэзгъанэри, футболым сыкIуауэ щытащ. Ар нобэми къызаудэкIыж …
Сигу къинэжа зы зэпеуэ и гугъу фхуэсщIынщ… Зэгуэр интернетым щыслъэгъуат сабий хуэмыщIахэм ядэIэпыкъун папщIэ къызэрагъэпэща футбол цIыкIумкIэзэпеуэ Налшык зэрыщекIуэкIынум и хъыбар. Дэри «Адыгэ» зыфIэтща ди гуп зэпэщыр абы дыхэтащ. Командэ 12 дызэпеуати, япэ увыпIэр къэтхьащ. Ар сигу къыщIинам и зы щхьэусыгъуэщ гуапагъэ хэлъу зэрекIуэкIар, псапащIэ Iуэхуу зэрыщытар.  
Си адэм къысхуигъэфэщащ
-КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжыр къэзухащ. IэщIагъэ схуэхъуари си адэращ къыхэзыхар. Сурэт щIыным сыхэзагъэрт сызэрыцIыкIурэ, абы теухуауэ лэжьыгъэ школым къыщыдатым и дежи, фIыуэ къызэхъулIэрт. Ауэ ар IэщIагъэ сщIыну сегупсысыртэкъым. Си адэр езыр хуеджащ сурэт щIыным. Илъэс 25-кIэ сурэт щIынымрэ итхъэнымкIэ (черчение) Аруан къуажэм щригъэджащ. Сэри сурэт щIыным сыщIыдихьэхар си адэми фIыгъэщ -  и зэчийм щыщ гуэр къыслъэIэсауэ къысщохъу.
Студент гъащIэр щIэщыгъуэу есхьэкIащ. Еджэным хузиIа гупыжыр зыкъомкIэ и фIыгъэу къыщIэкIынущ си япэ куратор Псынокъуэ Иннэ. Еджэным, гъащIэм, дунейм щекIуэкIхэм, си мурадхэм  ятеухуауи си гупсысэхэр жесIэрт, куэдым гу лъызигъатэрт.
IэфIу, гурыхьу
- Зэгуэрым си анэр интернетым къыщеджащ пряникым сурэт тезыщIыхьыф къалъыхъуэу. СыкIуащ, сэ сщIа тхыпхъэхэри язгъэлъэгъуащ. ИкIи ар лэжьыгъэ схуэхъуащ – «Скалка» фирмэр Москва щыIэщ, абы и пщэфIапIэ Налшыки щагъэлажьэ.  Сабийхэм фIыуэ ялъагъу таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэр, псэущхьэхэр, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр IэфIыкIэм (пряникым) тесщIыхьу щIэздзащ. Лэжьыгъэм нэхъ сыдихьэха икIи сыхэгъуэза нэужь, сэри си гупсысэ хэслъхьащ. Сыт сэ псом япэ сызэгупсысынкIэ хъунур жыпIэмэ?! Адыгэ Iуэхум! Иджы сабийхэм нэмыщI, балигъхэми къаIурызогъэIэфIэ пряникхэр: адыгэ фащэ, шы, адыгэ тхыпхъэ щIэщыгъуэхэр тызощIыхь.
Интернетыр къысхуосэбэп
-ЦIыхур гъащIэм хэбэкъуэху, и гупсысэри зэроубыд. Зыкъелъыхъуэжри, и гум фIэфI гуэрхэр къехутэ. Апхуэдэурэ, сэри езгъэжьащ адыгэ теплъэ зиIэ сурэтхэр сщIыныр. Ди зэманым интернетым куэдым дыхуегъасэ, пэжым ухуеймэ.  Абдеж куэдым сыщеплъащ, щызджащ. Сегупсысащ, тхылъымпIэм нэмыщI, нэгъуэщI зыгуэрхэми сурэт тепщIыхь зэрыхъунум. ТхылъымпIэм, пхъэм, блыным, щыгъыным, ерыскъым тызощIыхь. Пэжщ, щыгъыным зыгуэр тептхэ зэрыхъур сыцIыкIуу си адэм сигъэлъэгъуат - а гупсысэр си щхьэм илът куэд щIауэ. Топджэгу командэхэм я цIэхэр, бжыгъэхэр си адэм и гъусэу щыгъынхэм тезгъауэрт трафареткIэ. Трафаретри иджыри IэщIыб сщIакъым. Ауэ иджыпсту нэхъыбэу щыгъынхэм тесщIыхь тхыпхъэхэр, сурэтхэр сэ си гупсысэкъым – интернетым щыслъагъури, сыдихьэхауэ аращ. Егъэлеяуэ сигу ирохь Сэралъп Лалинэ и дизайн щIэщыгъуэхэр.
ЩIыхь пщIэхэлъщ
-Лъэпкъ укъызыхэкIам ухуэфэщэжыныр екIущ! Ди ныпыр щэкI дахэ къудейуэ жьым щыбырыбу аракъым, абы тхыдэ иIэщ, лъэпкъ щIыхь пщIэхэлъщ. Сыт дэ ныпым хуэфащэ дызыщIыжыр?! Адыгагъэм, напэм, хабзэ-бзыпхъэм. Аращ сыадыгэным къизгъэкIыр.

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться:

Читать также: