Адыгэ-абхъазхэр зыхьэхэм къатехъукIащ![]() Урым дунеяплъэ, XV лIэщIыгъуэм и кIэухым – XVI лIэщIыгъуэм и пэм псэуа Интериано Джорджио адыгэ-абхъазхэм я пасэрей лъэпкъыжьу къалъытэ зыхьэхэр щыпсэуа щIыпIэм топсэлъыхь: «ЗЫХЬЭХЭР – апхуэдэущ а лъэпкъым урымыбзэкIи, алыджыбзэкIи, латиныбзэкIи зэреджэр. Тэтэрхэмрэ тыркухэмрэ абыхэм щатепсэлъыхькIэ, «шэрджэсхэр» жаIэ, езыхэр «адыгэкIэ» зоджэж. Абыхэм яубыд щIыналъэм Танэ (Дон) деж щрегъажьэри, Киммерий Босфорым и лъэныкъуэкIэ ирикIуэ хы Iуфэм бгъэдэту Азием нэс зеукъуэдий. Иджы абы «Боспор», «Иоанн ЛъапIэм и хыдэуапIэ», «Забак хым (абы къикIыр – Танэ) и хыдэуапIэ» хужаIэ, пасэрей зэманым Мэуэт псыпцIэкIэ еджэу щытащ (иджы – Iузэв). ХыдэуапIэм ущхьэдэхмэ, абыхэм я щIыналъэр Бусси ныджэмрэ Фазис псыежэхымрэ нэсу хы Iуфэм ирокIуэ, абдеж Абхъазым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Колхидэм и гъунапкъэм щыгуохьэ».
Поделиться:
Читать также:
04.03.2026 - 18:34 →
Зэманыр щыткIийми, цIыхугъэр яхуэхъумэрт
02.01.2026 - 12:45 →
Мэкъупс - Ныджэкъуэ - Псыущхъуэ
23.09.2025 - 10:00 →
Зауэ хъыбархэр лIыхъужьхэм трахырт
03.09.2025 - 14:00 →
Нартсанэ - Къэбэрдей шытх
24.08.2025 - 12:10 →
Уэшхым хьэрычэт ирыращIэрт
| ||





