Адыгэхэм ящыщу шахматхэмкIэ спортым и мастер япэу хъуа

Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм щхьэзакъуэ зэпеуэхэм зэфIэкI хъарзынэхэр къыщагъэлъагъуэ. АбыхэмкIэ дэ диIэщ Европэм, Дуней псом, Олимп Джэгухэм я чемпионхэр. Ауэ щыIэщ ехъулIэныгъэ Iэта къыщыдмыгъэлъагъуэ спорт лIэужьыгъуэхэри. Ахэр къэзыIэтыным, абыхэм сыткIи хэлъхьэныгъэ хуэщIыным хуэпабгъэ, ныбжьыщIэхэр шахматхэм хуезыгъасэ цIыху пажэхэм ящыщщ Джэдгъэф Чэмал. 
Къыхэдгъэщынщи, 2015 гъэ пщIондэ ди республикэм и шахматистхэм спортым и мастерхэр яхэтакъым, гроссмейстерхэм я гугъу умыщIыххи. А гъэращ шахматхэмкIэ спортым и мастер цIэр КъБР-м щыщым япэу къыщыхуагъэфэщар. 2015 гъэм Урысейм спортымкIэ и министрым и приказ №184-м ипкъ иткIэ а цIэр къыфIащащ Джэдгъэф Чэмал. 
Джэдгъэф Iэбубэ и къуэ Чэмал 1960 гъэм Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Илъэситху ныбжьым иту шахмат джэгун зезыгъэса щIалэ цIыкIур абы хуэIэижь хъуащ. ШахматхэмкIэ тренерхэр зэрыщымыIэм, зэхьэзэхуэхэр къызэрызэрамыгъэпэщым къыхэкIыу Чэмал и зэчийм зыужьыныгъэ игъуэтакъым. Курыт еджапIэр къиуха нэужь ныбжьыщIэр щIэтIысхьащ КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и факультетым икIи 1983 гъэм ар къиухащ. Илъэс 23-кIэ Джэдгъэфым тхыдэмрэ географиемрэ щригъэджащ япэщIыкIэ Зеикъуэ дэт школ №1-м, къыкIэлъыкIуэу школ №4-м. Лэжьыгъэм щхьэкIэ шахматхэри IэщIыб ищIакъым - республикэ зэхьэзэхуэхэми зыкъыщигъэлъагъуэрт, и Iэзагъым щыхигъэхъуэн урысейпсо зэпеуэхэм хэтт. 1987 гъэм спортым и мастерым и кандидат хъуащ, а гъэ дыдэми блицымкIэ КъБР-м пашэ щыхъуащ. Япэ ехъулIэныгъэшхуэр Чэмал щызыIэригъэхьар 1989 гъэрщ. Абы япэ увыпIэ къыщихьащ Налшык щекIуэкIа союзпсо зэхьэзэхуэм. Ди республикэм къищынэмыщIауэ, зэпеуэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэм, Мэзкуу, Уралым, Сыбырым щыщ шахматист нэхъ лъэщхэр. Зеикъуэдэсыр зыбжанэрэ республикэ чемпионатхэм къыщыхэжаныкIащ, 2006 гъэм Налшык, 2010 гъэм КъБР-м и чемпион хъуащ. 
2013 гъэм япэу Джэдгъэфыр хэтащ зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ иIэхэм шахматхэмкIэ я урысейпсо чемпионатым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым етIуанэ увыпIэр абы къыщихьащ, 2015 гъэм Урысейм и чемпион хъуащ. КъищынэмыщIауэ, Джэдгъэф Чэмал хэтащ Словакием и Братиславэ, Германием и Дрезден къалэхэм щекIуэкIа дунейпсо чемпионатхэм. Урысейм и командэ къыхэхам хэту Дрезден домбеякъ медалыр къыщихьащ. 
1990 гъэм щегъэжьауэ Джэдгъэфым школакIуэхэр шахматхэм хуегъасэ. ЩыщIидзагъащIэм ар кружок цIыкIу хуэдэу щытамэ, иужькIэ гукъыдэж зиIэ школакIуэ псоми шахмат джэгукIэм зыщыхуагъасэ факультатив дерсхэм хуэкIуащ. А зэманым къриубыдэу ныбжьыщIэ куэд дихьэхащ а пасэрей джэгукIэм. Языныкъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрагъэхьащ. Апхуэдэщ КъБР-м и чемпион зыбжанэрэ хъуахэу Мэздэгу Азэмэт, Хэжае Ризуан, Щомахуэ Ризуан сымэ. Къыхэгъэщыпхъэщ Щомахуэр балигъхэм я деж Налшык къалэм и чемпион тIэунейрэ зэрыхъуар. Джэдгъэфым и гъэсэнхэр зыхэт командэ къыхэхахэр республикэпсо зэхьэзэхуэхэм куэдрэ къыщыхэжаныкIащ. Республикэм спортым зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIам папщIэ 2012 гъэм и шыщхьэуIум и 2-м КъБР-м и СспортымкIэ и министрым и унафэкIэ Джэдгъэф Чэмал къыхуагъэфэщауэ щытащ ЩIыхь тхылъыр. 
Мы махуэхэм Испанием и Аликанте къалэм щекIуэкIащ зи узыншагъэм щыщIэныгъэ иIэхэм шахматхэмкIэ я дунейпсо чемпионат. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ абы зыкъыщызыгъэлъэгъуа, Урысей Федерацэм спортымкIэ и мастер Джэдгъэф Чэмал зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалыр зыIэригъэхьащ. Ди гуапэщ адэкIи и ехъулIэныгъэ дахэхэмкIэ дигъэгуфIэну.
 

 

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться:

Читать также: