ЗэрызэщIэхъаемкIэ къахутащ

США-м Карнеги и цIэр зэрихьэу щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлIхэу  Фенг Фаборэ Батлер Полрэ иджыблагъэ хьэршым къыщахутащ абы къыщызылъэтыхь пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ. Иужьрейхэр егъэщIылIащ ди Дыгъэм нэхъ къыпэгъунэгъу «плъыжь цIыкIужьей» зыхужаIэ вагъуэ жьэражьэхэм.  
Астрономхэм ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу къагъуэта планетэхэр «GJ180», «GJ229A» нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщхьэхукIащ. Пэжщ, абыхэм гъащIэ щыIэну хуагъэфащэми, тIуми я хьэлъагъыр ди планетэм ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, 7,5-кIэ, 7,9-кIэ. Ахэр дыщыпсэу ЩIыгум къыщхьэщокI зэгъэщIылIа я «дыгъэхэм» я хъуреягъыр къызэралъэтыхь махуэ бжыгъэхэмкIи: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, 106-кIэ, 122-кIэ нэхъыбэщ.
Планетэхэр «къалъэгъуащ» ахэр зэпха вагъуэхэм къызэралъэтыхь гъуэгуанэхэр зэрызэщIэхъаемкIэ (зым адрейр зэрызыщIишэм къыхэкIыу). Абы «гу лъатащ» мардэщIэм ипкъ иту зэхагъэува иджырей Iэмэпсымэ лъэщхэм я фIыгъэкIэ.  
Плъыжь цIыкIужьейр ди Дыгъэм елъытауэ зымащIэкIэ нэхъ упщIыIуащ, и щIыгум и зэпрыупIэри зытIэкIукIэ нэхъ кIэщIщ. КъызэрахутамкIи, апхуэдэ къэщIыгъэхэр ди Галактикэм щыкуэдыкIейщ. ИкIи, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, абыхэм къедза планетэхэращ, ди ЩIы Хъурейм зыщызыужьам ещхьу, гъащIэ нэхъ здэщыIэнкIэ хъунухэри. 
«Нептун щIыIэ» зыфIащам и гугъу тщIымэ, ар къыщагъуэтар GJ433 зи нагъыщэ вагъуэ къызэрыгуэкIым и Iэгъуэблагъэрщ. Абы и щIы щхьэфэм псы щыбгъуэтынущ, ауэ зэщIэщтыхьауэщ, зыпыщIа и «дыгъэм» зэрыпэжыжьэIуэм къыхэкIыу. ЩIэныгъэлI Фенг Фабо зэрыжиIэмкIэ, мы планетэр ящыщщ Нептун хуэбгъэдэну ди Дыгъэм и къэухьым нэхъ пэгъунэгъу дыдэу къагъуэтахэм. 
«Ди къэхутэныгъэм хуэдэхэм я фIыгъэкIэ, дызыхуэкIуэ лъэхъэнэ мыжыжьэм къагупсысыну телескопыщIэхэмкIэ дэ езым ди нэхэмкIэ зэдгъэлъагъуфыну планетэхэм я бжыгъэм къыхэхъуащ. Нэхъыбэу дызытелажьэр аращи, нэхъ къытпэгъунэгъу вагъуэхэм я Iэгъуэблагъэм къыщызылъэтыхь къэщIыгъэхэм гъащIэ щыIэнкIэ зэрыхъунур зэхэдгъэкIынырщ», - жиIащ Батлер Пол.
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: