ЩIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ зэщIыгъущ

Алборэ Iэминат Старэ Шэрэдж къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу 1982 гъэ лъандэрэ щолажьэ. НыбжьыщIэхэм адыгэбзэр шэрыуэу яIурылъыным, адыгэ хабзэм щIэпIыкIыным, лъэпкъым хуэфэщэн щIэблэ къэгъэтэджыным апхуэдиз илъэс хъуауэ елIалIэ егъэджакIуэ гумызагъэм зыхуигъэувыжа къалэнхэр къызэрехъулIэм и щыхьэтщ абы и еджакIуэхэм район, республикэ зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэхэр къызэрыщахьыр, школыр къауха нэужь балигъ гъащIэм цIыху нэсу зэрыхэувэр. 
А псоми лъабжьэ яхуэхъур, дауи, Iэминат и Iуэху бгъэдыхьэкIэрщ. Абы школым щригъэкIуэкI лэжьыгъэр къапщтэмэ, ар егъэджакIуэ къудейкъым, атIэ сабийр цIыху зэпIэзэрыту, гъащIэм и нэр къыхуикIыу, ехъулIэныгъэхэм хуэпабгъэу зыгъасэ нэхъыжьыфIщ. Апхуэдэу Iэминат и дерсхэм щызэхэухуэнащ школакIуэм и зыужьыныгъэм сэбэп хуэхъу Iэмал гъуэзэджэхэри. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Алборэм мыхьэнэшхуэ ирет классщIыб лэжьыгъэхэм. Апхуэдэ дерсхэм деж бзэмрэ литературэмрэ я мызакъуэу, адыгэм и тхыдэм, щэнхабзэм, къызэпича гъуэгуанэм, къызэринэкIа гугъуехьхэм, лъэпкъым и фIыпIэр здэщыIэмрэ лъэпкъылI нэсым и шыфэлIыфэмрэ ярегъащIэ. Абы къыдэкIуэу Iэминат къызэригъэпэщащ «Адыгэ хабзэ» гупжьейр. Абы ныбжьыщIэхэр яфIэфIу къокIуалIэ икIи гъэщIэгъуэн куэд къыщащIэ. 
- Егъэджэныгъэ IэнатIэм жэуаплыныгъэ нэхъ ин зыпылъ и къудамэу къэплъытэ хъунущ курыт еджапIэхэр, - жеIэ Iэминат. - Абыхэм я пщэм къыдохуэ зи гупсысэкIэ, IуэхущIафэкIэ, дуней тетыкIэкIэ пэрыт цIыху лъэпкъым, къэралым яхуэгъэсэныр. Дэтхэнэ егъэджакIуэми къехъулIэнущ апхуэдэ щIэблэ къигъэтэджыну, и лэжьыгъэм и лъабжьэу гъэсэныгъэр игъэувмэ. ЩIэныгъэм гъэсэныгъэр щIыгъумэщ, хъер къыщыпэкIуэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хьэл-щэн екIу зыхэлъ еджакIуэрщ егъэджакIуэм и псалъэр псэкIэ зыхэзыщIэфынур, абы и мыхьэнэр къызыгурыIуэнур. 
Сэ сыщылажьэ Дохъушыкъуей (Старэ Шэрэдж) дэт езанэ курыт еджапIэм щIэсхэр псори адыгэщ, зэрыгупсысэри, я щхьэм илъыр къызэраIуатэри я анэм къадилъхуа бзэрщ. Адыгэбзэр нэхъ гугъухэм хабжэми, абы пкъырылъ къулеягъымрэ и зэфIэкI инымрэ гу лъедгъэтэфын хуейщ сабийм. НыбжьыщIэхэм куэдрэ яжызоIэ ди бзэм и дахагъым дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIхэм мызэ-мытIэу гу зэрылъатар, ноби абы куэд зэрыдихьэхыр. 
Ди республикэм анэдэлъхубзэр хъумэным, абы зегъэужьыным ехьэлIауэ щекIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэ фестиваль-зэпеуэм хэтащ Алборэ Iэминат икIи абы и унэтIыныгъэхэм ящыщ зым япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ, апхуэдэуи «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» район зэпеуэм илъэс зыбжанэ ипэ класс унафэщI нэхъыфI щыхъуащ. 
Iэминат и дерсхэр зэи зэщхьу екIуэкIыркъым, сыт щыгъуи щIэщыгъуэ, тхылъым имыт, еджакIуэхэм я гум къинэжын гуэрхэр ярет, жыIэгъуэхэр, псалъэ шэрыуэхэр, усэ едзыгъуэхэр яфIэфIу зрагъащIэ. 
«Программэм хэмыту сабийхэм дазэрыдэлэжьэн IэмалыфIщ «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм къытехуэ, егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм ехьэлIа тхыгъэхэр. Дерсым щезгъэщIар езгъэбыдылIэжын папщIэ классщIыб лэжьыгъэхэр изогъэкIуэкI, зи гугъу сщIы къыдэкIыгъуэхэр къэзгъэсэбэпурэ. Абы щыгъуэм зэман уиIэщ щIэныгъэм и щэху куэдым ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ пщIыну, ебгъэдж предметым нэхъ куууэ хэпшэну. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм еджакIуэ цIыкIухэм я зэхэщIыкIым зрагъэубгъу, гъащIэм хуагъасэ. Дэращ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэрщ, ныбжьыщIэхэр лъэпкъ хабзэм, нэмысым и пщалъэхэм изагъэу зыгъэсапхъэр.
ФIыуэ сэбэп къытхуохъу «Адыгэ хабзэ» дерсыр. Ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр яджкIэрэ, сабийхэм наIуэ ящохъу ди лъэпкъым къыдекIуэкIа хьэлыр, Iуэху еплъыкIэхэр, цIыху хэтыкIэр, нэгъуэщIхэри. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм я цIэр жыжьэ зыгъэIуа хабзэхэр ядогъащIэ, ар яхэлъу зэрыпсэуным худоущий», - къыддогуашэ Iэминат.
Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрыт цIыхуми и лэжьыгъэм къыпэкIуэ хъерым щымыгуфIыкIыу къанэркъым. Iэминат сабийхэм яхилъхьэ гъэсэныгъэмрэ ярит щIэныгъэмрэ щадилъагъужкIэ ирогушхуэ, апхуэдэуи и лэжьыгъэм къыхуащI пщIэр къегъэлъагъуэ Аруан районым ЕгъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къабгъэдэкIыу къыхуагъэфэща щIыхь тхылъхэм. 
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: