«Европэмрэ Шэрджэсымрэ»![]() США-м щыIэ Йель университетым щеджа, Кембриджым и аспирант Къумыкъу Азэмэт и жэрдэмкIэ, «Де Гройтер» герман тхылъ тедзапIэм иращIылIащ «Европэмрэ Шэрджэсымрэ: 1760 - 1870» зыфIаща, Iыхьэ 30-у зэхэт къыдэкIыгъуэр дунейм къытегъэхьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэ. Тхыгъэ телъыджэр дунейм къытехьэн хуейщ илъэси 10 - 12-м къриубыдэу. Абы щызэхуахьэсынущ нэхъапэIуэкIэ зыщIыпIи щытрамыдза, Инджылызым, США-м, Нидерландхэм, Украинэм, Куржым, Тыркум, Ираным, Австралием, Италием я дэфтэр хъумапIэхэм адыгэхэм ятеухуауэ къыщагъуэтыжа, тхыгъэхэр. ЗэрыжаIэмкIэ, а IуэхущIапIэхэм къыщагъуэтыжащ нидерланд лIыкIуэу хы ФIыцIэм щыIа Тэбу де Марьини, коммерсант Рафаэль де Скасси, нэгъуэщI лIы цIэрыIуэхэм я тхыгъэхэр: тIасхъэщIэх едзыгъуэхэр, дипломат зэгурыIуэныгъэхэр, адыгэ Iуэхум къепхауэ щыта лIыщхьэхэм я цIэхэр. Мы лэжьыгъэр зытращIыхьыр - адыгэм пасэрей зэманым щиIа пщIэмрэ дунейпсо утыкум щиIыгъа увыпIэмрэ къэтIэщIыжынымрэ абы Европэр щыгъэгъуэзэнымрэщ. ИлъэсипщIым къриубыдэу хьэзыр хъун хуей къыдэкIыгъуэм елэжьынущ къэрал зыбжанэм я щIэныгъэлIхэмрэ зэдзэкIакIуэхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
27.06.2026 - 09:15 →
Фэращ республикэр зыщыгугъыр
18.05.2026 - 11:27 →
ЛъэныкъуитIыр зэгуроIуэ
14.05.2026 - 12:43 →
Фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр
26.03.2026 - 13:36 →
Хэку тхыдэмкIэ зэпоуэ
10.03.2026 - 16:02 →
ЩIэныгъэм лъагъуэхэр пхрашу
| ||





