«Гъуазэр» зи гъуэгугъэлъагъуэАдыгэ тхыбзэр къежьэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ ди япэ лъэпкъ газетхэм. Абыхэм алыфбеищIэр щызэхалъхьэ, щыпхагъэкI къудейтэкъым, атIэ традза тхыгъэхэмкIэ цIыхухэм къеджэкIэрэ тхэкIэрэ щрагъащIэт. Ди лъэпкъ хъыбарегъащIэ Iэмалхэр къызэрежьам кууэ щыгъуазэу щытащ «Къэббалъкътелерадиом» и унафэщIу, «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыта КхъуэIуфэ Хьэчим (и ахърэтыр нэху Алыхьым ищI!). 1910 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 3-м Тыркум адыгэ тхыгъэхэр тету япэ дыдэу къыщыдэкIа «Гъуазэ» газетым и экземпляр псоми, щIагъуэ къэмынэу, сурэт тригъэхыжри адэжь Хэкум абы къришэжащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым иритыжащ. Пасэрей тыркубзэкIэ (уэсмэныбзэкIэ) а къыдэкIыгъуэхэм нэхъыбэу къытехуа тхыгъэхэр (адыгэбзэкIэ тхар зэрыхъур 15-т) ди тхыбзэм къигъэзэгъэжынымкIэ IэщIагъэлIхэр къришалIэри, ахэр хэIущIыIу ищIащ. ИлъэсипщI ипэкIэ ди лъэIукIэ игъэхьэзырри «Адыгэ псалъэм» и номер зыбжанэм (7-м!) зэкIэлъхьэужьу Хьэчим къытригъэдзат «Гъуазэм» и нурыр хэужьыхакъым лIэщIыгъуэм и пшагъуэм» тхыгъэ купщIафIэхэр зэрыт напэкIуэцI щхьэхуэхэр. Ахэр гупсэхуу Iыхьэ-Iыхьэурэ джын хуейщ, лъэпкъ журналистикэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ хамэ щIыпIэхэм къызэрыщежьам зыщыбгъэгъуэзэн папщIэ. Къапщтэмэ, къэпщIэфынущ хьэрып хьэрфхэмкIэ уэсмэныбзэкIэ нэхъыбэу къыдэкI «Гъуазэм» и номер зыбжанэм къытригъэзэжыурэ мыпхуэдэ хъыбарегъащIэ къызэрытехуар: «ЗэдэIэпыкъуныгъэ» шэрджэс щIэныгъэгъуазэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм зэпеуэ къызэIуех шэрджэс азбукэрэ грамматикэрэ зэхэлъхьэным теухуауэ. НэхъыфIу къалъыта лэжьыгъэм папщIэ тырку ахъшэ фунт 50 саугъэту ягъэув… Зэпеуэм и пIалъэр мази 6-щ».
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|