Адыгэ тхыбзэм и махуэ лъапIэ

ЩIы хъурейр къызэригъэщI­рэ абы лъэпкъ куэд щопсэу. Дэтхэнэми ехъу­лIэныгъэ иIэу зиужьын, и щэнхабзэм зы­къиIэтын, къыщIэхъуэ щIэб­лэм гъащIэ хъуэпсэгъуэ яхуиухуэн папщIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ я тхыбзэр къызэгъэпэ­щы­ным. Адыгэ лъэпкъми нобэ бгъэ­дэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъап­сэр ди анэдэлъ­хубзэращ.

«Ди бзэр ди псэщ» - жыдоIэ дэ, ­дунейм дыкъытезыгъэхьа анэм къытIурилъхьа а фIы­гъуэм дыщы­тепсэлъыхькIэ. Бзэм и макъхэр къэгъэлъэ­гъуа зэрыхъу тхыбзэри аращ. Анэ­дэлъ­хубзэр зей лъэп­-къым къыдекIуэкIыу, къыщIэхъуэ щIэб­лэм Iурылъу къэтэджыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Аращ ар лъэпкъыр зыIэт, адрейхэм езыгъэлъагъу, езыгъэ­цIыху ­дамэу, хэкупсэ зыIут цIыху­хэр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ, я напщIэм телъ лъапIэныгъэу ар къыщIалъытар.
Тыншу пхужыIэнукъым адыгэ лъэпкъым и тхыбзэм къикIуа гъуэ­гуанэр. ЩIэныгъэлIхэм зэ­ры­жаIэмкIэ, илъэси 170-м нэсащ тхыбзэ диIэ зэ­рыхъурэ. Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, ­хэкупсэ нэс­хэр иропIейтей адыгэб­зэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум. Пасэ зэманым абы елэ­жьахэщ узэ­щIа­кIуэхэу Хъан-Джэ­рий Сулъ­тIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ­ ­Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абы­хэм кърахьэжьа Iуэхум пи­щэу, адыгэ­бзэм и тхыбзэр зэ­фIэ­гъэу­вэным пэрытащ лъэпкъ еджагъэш­хуэ Бырсей Умар. 1853 гъэм гъат­хэпэм и 14-м Тиф­лис къалэм дунейм къы­щытехьауэ щытащ абы и къалэмыпэм къыпыкIа «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр. А махуэр къалъытэ адыгэ тхыбзэм и щIэдзапIэу. Ар и ­тегъэщIапIэу, ди лъэпкъ зэгухьэ­ныгъэ нэхъ ин дыдэм - Дунейпсо Адыгэ Хасэм - 2003 гъэм унафэ щхьэ­хуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и махуэу дгъэлъэпIэным ехьэ­лIауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэ­рэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, ап­хуэдэ лъэпкъпсо унафэм мы­хьэ­нэшхуэ иIэщ.

Поделиться: