Зи бзэм хуэсакъыр зэманым токIуэ

Япэ адыгэ егъэджакIуэу къалъытэ Бырсей Умар езыр щIэ­ныгъэ куу зыбгъэдэлъа, гъащIэм гъуэгуанэ гугъу къыщы­зыкIуа цIыхут. И ныбжьыр илъэсибл фIэкIа мыхъуу ар яды­гъури, Тыркум щыщ пэщэ гуэрым иращауэ щытащ. ЩIалэ цIыкIур акъылыфIэу зэры­щытым гу лъитэри, пэщэм абы егъэджакIуэ къыхуищтащ, щIэ­ныгъи иригъэгъуэтащ. Зэман кIэ­щIым къриубыдэу Умар зригъэщIащ хьэрыпыбзэри, тыркубзэри, франджыбзэри. Иужь­­­кIэ и щIэныгъэм хригъэгъэ­хъуэну Бырсейр Франджым ягъа­кIуэри, абы илъэсищым нэскIэ щеджащ. ЕджапIэр къиу­ха нэужь Тыркум имыгъэзэжу и адэжь щIыналъэм къэкIуэжащ икIи 1843 - 1850 гъэхэм урысыдзэм къулыкъу щищIащ. Бзэ куэд зэрищIэм и фIыгъэкIэ ар Ставрополь дэта гимназием ягъэкIуащ адыгэбзэр щригъэ­джэну. А зэманым ирохьэлIэ ар адыгэбзэм и япэ алыфбейр зэхэгъэувэным ще­лэжьар. Абы и лъабжьэр хьэ­рып графикэ­рат. Нэхъ иужьы­IуэкIэ абы зэхигъэуващ адыгеибзэм и грамматикэ икIи кавказыдж Услар Пётррэ Бырсейм­рэ къэбэрдеибзэм и азбукэ 1862 гъэм къыдагъэ­кIащ, урыс графикэм тету. А лэжьыгъэм хагъэхъуащ Бырсейм и ужь ита щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм.
1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужькIэ адыгэбзэм и алфавитыр урыс хьэрфхэм хуагъэкIуауэ щытащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и макъхэр къэгъэлъэ­гъуэныр хьэрып хьэрфылъэм трагъэувэжащ. АбыкIэ къэбэрдей школхэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ. А зэманым бзэм елэжьахэм ящыщщ Фэнзий Мэжид, ЩэрэлIокъуэ Та­лъустэн сымэ.
1923 гъэм и пэщIэдзэм Псы­хуабэ щрагъэкIуэкIащ адыгэбзэм зегъэужьыным хуэунэтIа зэIущIэ ин. Абы унафэ къыщащтащ адыгэбзэ алфавитыр дяпэкIэ латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. А лэжьыгъэм яужь ихьауэ щытащ адыгэ щIэныгъэлI, еджа­гъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий. Абы и алфавитым цIыхубэр щыгъэ­гъуэзэн мура­дыр яIэу адыгэ щIэныгъэлIхэу Елбэрд Хьэ­сэнрэ Къэшэж ТIалибрэ 1923 гъэм къыдагъэкIауэ щытащ «Адыгэбзэм и азбукэ» тхылъыр. Совет псэукIэ хабзэм и лъабжьэхэр ди щIыналъэм щагъэтIылъа динымрэ цIыхубэ егъэджэныгъэмрэ зэпэIэщIэ ящIа нэужь, Елбэрд Хьэсэн ­яхэтащ апхуэдэ Iуэху бгъэ­ды­хьэкIэр ди хэкум япэу щызэтезыублахэм. НэхъапэIуэкIи ап­хуэдэ еп­лъы­кIэт абы армыра­-ми и лэ­жьыгъэм тегъэщIапIэ хуищIари, егъэджэныгъэ-гъэ­сэныгъэ Iуэхур къэралым иригъэкIуэкI политикэм и зы Iыхьэ щыхъум, зи лъэпкъыр фIыуэ зылъагъу, абы и къэкIуэнур дахэ хъуным зи гупсысэри IуэхущIафэри хуэу­нэтIа Хьэсэн нэхъ жыджэ­рыжу иужь ихьащ IэнатIэм ­хуиIэ хъуэ­п­сапIэхэр на­хуапIэ щIы­ным.
Абы хуэдэу псэемыблэжу Iуэхум хэтащ адыгэлI пэрытхэу ЦIагъуэ Нурий, ЩоджэнцIыкIу Алий, Борыкъуей ТIутIэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Къалэмыр тхы­лъым дэщIыгъуу зи Iэдэж а хэкупсэхэм ялъэкI псори ящIащ адыгэ лъэпкъыр щIэныгъэм и нурым хашэнымкIэ. Ахэр хьэ­лэлу хуэлэжьащ цIыхубэр кIы­фIыгъэм къыхэшын Iуэхуш­хуэм. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, алыфбеищIэм хэплъэжа нэ­ужь, абы хэлъ ныкъусаныгъэ­хэр игъэзэкIуэжщ, зыхущы­щIэхэр хилъхьэжри, Хъуран Батий 1924 гъэм «Букварь» къыдигъэкIауэ щытащ. Абы зэ­­хигъэува алыфбейр адыгэ­хэм илъэс бжыгъэкIэ яхуэ­лэжьащ. Ар щахъуэжар 1936 гъэращ. А лэжьыгъэм а зэма­ным хэлъхьэныгъэ ин хуищIауэ щытащ КIыщокъуэ Алими. Абы щыгъуэ адыгэбзэр урыс хьэрфылъэм и дамыгъэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэн щIадзэжауэ щытащ, иджыри абы тетщ.
Адыгэбзэм и хабзэхэр зэтегъэувэным, ар къабзэу, шэ­ры­уэу Iуным, къытщIэхъуэ щIэб­лэм анэбзэм и IэфIагъыр зыхащIэу псэуным лэжьыгъэшхуэ ирахьэлIащ зи лъэпкъым и къэкIуэнум щхьэкIэ зигури зи псэри уз ди еджагъэшхуэхэм. Апхуэдэхэщ Урыс Хьэталий, Къу­махуэ Мухьэдин, Шагъыр Iэмин, КIэрашэ Зейнэб, Бырсыр Батырбий, Мамрэш Ким, КIуащ Тамарэ, Тау Хьэзешэ, ­Багъ Пётр, Абрэдж Ачердан, Темыр Рае, нэгъуэщIхэри.
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм адыгэбзэм и пэжырытхэмрэ нагъыщэ гъэувыкIэм ­епха хабзэхэмрэ жыпхъэ пыу­хыкIам ирагъэуващ, хьэрфхэм алыфбейм щаIэ зэкIэлъы­кIуэкIэхэри яхъуэжащ. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Урыс Хьэталийрэ Зэхъуэхъу Лиуанрэ я нэ­Iэм щIэту зэхалъхьа «Адыгэбзэ орфорграфиемрэ пунктуа­цэмрэ я хабзэхэр» тхылъыр 1963 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищтауэ щытащ. Абы ипкъ иткIэ, 1980 гъэм дунейм къы­техьащ «Адыгэбзэ орфографическэ псалъалъэр», псалъэ мин 90 къызэщIэзыубыдэр. Къы­хэгъэщыпхъэщ СССР-м а зэманым щыпсэу лъэпкъ ма­щIэ­хэм ящыщ гуэрми ап­хуэдэ псалъалъэ лIэужьыгъуэ зэрамыIар.
Ноби лъэпкъ щIэныгъэлIхэр йолэжь ди анэдэлъхубзэм и хабзэхэр зэпэщ щIыным, бзэм хэт псалъэхэр гъэкъэбзэным, лек­сикэм нэхъри зегъэужьыным. Ди бзэр хъумэным елэжьыр щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэ­хэм, егъэджакIуэхэм я закъуэкъым - абы ирогузавэ къэрал унафэщIхэри. КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным, абыхэм адэкIи зегъэужьыным хуэунэтIа унафэ зэмылIэужьыгъуэхэр ди Парламентым къищтащ. Апхуэдэу илъэс зыбжанэ лъандэрэ республикэм и школхэм ящыщ куэдым пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэкIэ щрагъаджэ. Анэ­дэлъхубзэр къэкIуэну щIэб­лэ­хэм яхуэхъумэнымкIэ ари зы хэкIыпIэщ.
Дуней псом щызэлъащIыса Интернетми нобэ щыдиIэщ адыгэ сайтхэр. Ди анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI газетхэм - «Адыгэ псалъэм», «Адыгэ макъым», «Черкес хэкум» - адыгэбзэкIэ укъыщеджэфынущ, ущыпсэу щIыналъэрэ къэралрэ емы­лъытауэ. «Адыгэ псалъэ» газетыр махуэ къэс къыдокI электрон жыпхъэми иту. ФIыгъуэш­хуэщ таурыхъ цIэрыIуэхэм ящыщ куэдым хэт, ди сабийхэм фIыуэ ялъагъу лIыхъужьхэри адыгэбзэкIэ «зэрагъэпсэ­лъар».
Лъэпкъым и блэкIари и но­бэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхы­дэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт ­щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Зи бзэм хуэсакъ лъэпкъращ къэ­кIуэну дахэ зиIэр, щIэблэ узын­шэ къызыщIэхъуэнур, зэманым текIуэнур. Ар зэи зы­щыдгъэ­гъупщэ хъунукъым.
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ, «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться: