Саугъэт нэхъыщхьэхэр зыIэрагъэхьэБалъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм хухэхауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ. Налшык къалэ дэт Универсальнэ спорт комплексым щызэхэтащ щIыналъэхэм зэдай XXVI зэпеуэ. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ щIыпIэхэмрэ Адыгеймрэ щыщ 2003 - 2005 гъэхэм къалъхуа спортсмен 200-м нэблагъэ. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм алэрыбгъум и хэгъэрейхэм медаль зэмылIэужьыгъуи 9 къыщахьащ. Махуэшхуэм хуэгъэпса зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр къихьащ Балъкъыз Залым. Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Къанкъул Давид, Глашев Джамболэт, Уянов Магомед, Тэрхъан Атмир, Мэздэгу Имран. Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Режалов Щамил, Тэхъу Алан, Жэмыхъуэ Марат сымэ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
02.05.2024 - 14:21 →
Медаль тIощIрэ бгъурэ
02.05.2024 - 14:15 →
Дыщи домбеякъи къахь
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
|