Адыгэхэм дзэр зэрагуэшу щытар

Уэр - дзэшхуэ. Скифхэм я зэманым арат адыгэхэр дзэм зэреджэу щытар.
Уэрыкъуэ - дзэм и къуэ. Гъэсагъэххэу я унагъуэ исхэу, анэ-адэхэр яхъумэу, ауэ къазэрыкIэлъыджэу дзэм хэувэну хьэзырхэм апхуэдэу еджэт.
УэрылI - дзэм хэт зауэлI, ику ит унафэщI.
Уардэ - дзэ пакIэшхуэ (полк).
Уардэтет – полкым и унафэщI. 
Гуартэ – батальон.
Гуартэтет - батальоным и унафэщI.
Мардэ – ротэ.
Мардэтет - ротэм и унафэщI.
Уэрмахуэ - дзэ пакIэхэр щыщIаплъыкI махуэ. А махуэм уэрым и унафэщIхэр зэпеуэкIэ хахт.
Уэр и дадэ, уэридадэ - уэрым и дадэ. Зауэ IэнатIэ нэхъыщхьэт, уэр псом унафэ хуищIу. Псалъэм папщIэ, апхуэдэт касогыдзэм и унафэщIу щыта Ридадэ. 
Уэр хабзэ – дзэ кIуэцIым щызекIуэ хабзэ.
Уэрыш - зауэлIыр зытес шы.
Уэркъуасэ, уэрыкъуэ уасэ - зауэм щыхэмытым яIэщIэукIа уэрыкъуэм щIат уасэт, зыхуэдизыр гъэнэхуагъэххэу, иужькIэ уэркъ уасэ хъужаращ.
Уэртын, уэртэн – ибэу къэна уэрыкъуэм и быныр дзэм иратырт, нэхъ зыхуэпIыну къалъытэм. Апхуэдэ сабийм «дзэм и тыгъэ»-кIэ еджэрт.
УэрджакIуэ, уэрджынэ - уэр пакIэ къэс гузэвэгъуэ хъумэ уэрылIхэр зэхуэзышэс цIыху хэха яIэт, ахэм уэрджакIуэкIэ, уэрджынэкIэ еджэт. ИужьыIуэкIэ апхуэдэ цIыхухэм макъышхуэ зыщI гъущIхэкI гуэрым еуэурэ зэхуашэс хъуащ, а зэуэр хуэмурэ уэзджынэм хуэкIуэжащ. 
ЛIыкъуэ лъэщ (иужькIэ лIакъуэлIэш хъужар) - дзэ пакIэшхуэм и тетт. Мы фIэщыгъэцIэр илъэс къэс ирагъэкIуэкI уэрмахуэхэм щызэпеуэ дзэ пакIэхэм я тетхэм ятекIуам фIащт, нэхъ пакIэ инми тет хуащIт. Апхуэдэу ику ит унафэщIыр и IэнатIэкIэ дэкIуейти, «лIыкъуэ лъэщ» хъурт. ИужькIэ пщы - уэркъхэр адыгэхэм къащыхыхьэм, нэхъ дзэ пакIэшхуэхэм я тетхэр «пщы» хъуахэу, ахэм къакIэлъыкIуэхэр - «лIыкъуэ лъэщ - лIакъуэлIэш» хъуахэу, уэрыкъуэу, ику ит дзэ пакIэхэм я унафэщIу щытахэм
«уэркъыцIэр» къахуэнауэ къэплъытэ хъунущ. Иужьрейуэ лIыкъуэ лъэщ фIэщыгъэцIэр АдыгэщIым щызезыхьэжахэр – КIэмыргуей, Беслъэн, Къэбард, Талъустэн, Жылахъстэн сымэщ.
Хьэгъуэ - лIыгъуэ - дзэ пакIэшхуэм и тет IэнатIэр зэпаубыду уэрмахуэхэм тIурытIурэ IэщэкIэ зэзауэхэт. Нэхъыбэм тIум языр хэкIуадэрт. ХэкIуэдар «Хьэ кIуэдыкIэу кIуэдащ!» жаIэрт. КъызытекIуар уIэгъэу, ауэ псэууэ къэнамэ, абы «махуэлI» фIащт, псэуныр и насып къызэрихьам папщIэ. ТекIуам и махуэти, лIыгъуэ гуфIэгъуэр иращIэкIырт, хъерышхуэ хуаIэтт. Апхуэдэ зэпеуэхэр «зыхьэ - захуэкIэ» (зыр хьэм и гъуэгу теувэу, адрейм и махуэти) я фIэщыгъэцIэу къежьэри, хуэмурэ «зэхьэзэхуэм»
хуэкIуэжащ, езы зэпеуэхэр щымыIэжу зэман куэд дэкIыжа нэужь.
Гу лъытапхъэщ адыгэхэм я дзэ зешэкIэу щытам
ныкъусаныгъэшхуэ зэрыхэлъам: дзэ пакIэ гуэрым и тетыр зауэм деж къаукIамэ, абы и пIэм зыгуэр иувэу унафэ ищIыну хуиттэкъым, дзэтетхэр илъэсым зэт зэрыхахри - уэрмахуэм деж. 
Дзэ тетыр зауэм деж къаукIмэ, абы и пIэм иувэни хахыу
зэрыщымытар зэранышхуэ къахуэхъурт, текIуэныгъэр къахьыну абы и зэранкIэ къыщамыхьыфи къэхъурт.
Дыжьыныгъуэ - лIыкъуэ лъэщ хъуным хущIэкъуу зыхуэзыгъэхьэзырам, и акъылрэ и зэфIэкIкIэ иджыри дыщэм нэмысыфауэ дыжьыным хэтым, е уардэтетым и дэIэпыкъуэгъухэм хагъэхьам апхуэдэу еджэрт. ИужькIэ ахэр етIуанэ лъэуеинэм тет уэркъ хъужащ. 
 

 

«Адыгэхэм я тхыдэм и напэкIуэцI мынэIуасэхэр» тхылъым къитхыжащ.
Поделиться: