Дэгубэ (Догуаб)

Апхуэдэ фIэщыгъэ зэрехьэ Геленджик (Хъулъыжъый, ХьэфIыцIей) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэлъэдэж Пшадэ и къуэпс нэхъ инхэм ящыщу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэм. 
ЩIыпIаплъэхэм я деж цIэрыIуэ щыхъуа Дэгубэ и «гущапIэр» Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къыгуэщхьэхукIа Къуацэгъур сэнтхыщхьэр зыгъэбжьыфIэ Тхыбэ Iуащхьэм (метр 905-рэ и лъагагъщ) хы IуфэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ. 
Языныкъуэ лъахэхутэхэм (Твёрдый Александр – «Топонимический словарь Кавказа») къызэралъытэмкIэ, «Дэгубэ» цIэр зэпкърытх хъунущ адыгэбзэм хэт «дыгъэ», «бэ» псалъэхэмкIэ, къызэрыдгурыIуэн хуейри - «дыгъэр куэду зыдэпсэ», «дыгъэпскIэ гъэнщIа» егупсысыкIэхэущ. 
НэгъуэщIхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, фIэщыгъэр, «дэгу»-рэ «бэ»-уэ зэпэщIэпхмэ, къызэрыдбж хъунур «ямылейуэ щIыпIэ дэгу» мыхьэнэм хуэдгъакIуэущ.
Геленджик и Iэшэлъашэм зыщызыгъэпсэху щIыпIаплъэхэм ящыщу Дэгубэ и тIуащIэм зи лъэ нэзыгъэс дэтхэнэри щыхьэт техъуэфынущ, метр 25-м нэблагъэ зи лъагагъын нэпкъхэм дэкIуеипIэ зэщхьэщыудакIэрэ къепкIэ псыкъелъэхэм уамытхьэкъункIэ Iэмал зэримыIэм. Ахэр телъыджащэщ. 
Къэзыухъуреихь мэзылъэ къуэладжэхэм зи ныджэр километр 12-кIэ пхызыша Дэгубэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпсхэм я нэхъ инщ Къуагуэрэ (Коаго) зи гугъу тщIа псыкъелъэхэм я нэхъыбэр зыхэхуэж Тхыбэрэ (Тхаб). 
Псым зэреджэм ехьэлIауэ нэгъуэщI еплъыкIэхэми уарохьэлIэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, «Дэгубэ»-р «Дэгъуэбэ»-у («фIыр куэду здэщыIэ тIуащIэ» жыхуаIэу) къыщIезыгъэдзхэри, «шыгъэжапIэ» мыхьэнэм техуэу осетиныбзэм хэт къэпсэлъыкIэм къытепщIыкIауэ къэзылъытэхэри, «Дэгухэ я къуэладжэ» адыгэ егупсысыкIэм хуэзышэну хущIэкъухэри.             
 

 

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться:

Читать также: