Зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэ![]() Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным, а лъэхъэнэр цIыкIухэм нэгузыужьу, гукъинэжу ирахьэкIыным къэрал гулъытэ егъуэт. Гъэмахуэр зэрыщIидзэрэ нобэ махуэ еплIанэу арами, Къэбэрдей-Балъкъэрым и санаторэхэмрэ сабий лагерхэмрэ хуэхьэзырщ ныбжьыщIэхэм абыхэм зыщрагъэгъэпсэхуну, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну. Апхуэдэ IуэхущIапIэ куэдым я бжэхэр хуиту хузэIуахакIэщ ди щIыналъэм и цIыкIухэм. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэным хуэгъэпса лэжьыгъэхэм хэту, Бахъсэн районым къыщызэIуахащ гъэмахуэ лагерхэм ящыщ зыбжанэ. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту лэжьыгъэр щаублащ Къулъкъужын Ипщэм дэт курыт школ №2-м и «Вагъуэ цIыкIу», ХьэтIохъущыкъуей жылэм Куэтэншы ТIалэ и цIэр зэрихьэу дэт курыт школ №3-м и «Зыгъэпсэхугъуэ хьэлэмэтхэм я IуэхущIапIэ» («ШИК») махуэрылажьэ лагерхэм. Абыхэм махуэ 21-кIэ екIуэлIэнущ япэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым абы щыIэну зезыгъэтха сабий 94-рэ. Зи ныбжьыр илъэси 6-м къыщыщIэдзауэ I5-м нэс ныбжьыщIэхэм ящыщ дэтхэнэми зыгъэпсэхугъуэр гукъинэж щыхъуным йолIалIэ гупхэм яхэт гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр. Я ныбжьрэ дэзыхьэхрэ елъытауэ, сабийхэм папщIэ мэлажьэ гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр. ЦIыкIухэм я зыгъэпсэхугъуэм тещIыхьауэ егъэджэныгъэмкIэ район IэнатIэм программэ хэха иубзыхуащ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ сабийхэм драгъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр: я нэгу зегъэужьынри, я къэухьым, зэхэщIыкIым хэгъэхъуэнри, эстетикэ, хэкупсэ гупсысэхэм хуэущиинри. Лагерхэм щагъэзащIэ сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным епха Iуэхугъуэ псори.
Поделиться:
Читать также:
27.06.2026 - 09:15 →
Фэращ республикэр зыщыгугъыр
18.05.2026 - 11:27 →
ЛъэныкъуитIыр зэгуроIуэ
14.05.2026 - 12:43 →
Фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр
26.03.2026 - 13:36 →
Хэку тхыдэмкIэ зэпоуэ
10.03.2026 - 16:02 →
ЩIэныгъэм лъагъуэхэр пхрашу
| ||





