Зи закъуэ къуаншэ щыIэкъым

Ущие зыхэлъ тхыгъэ
Сыт щыIэ зэгурыIуэ зэрылъ унагъуэм нэхърэ нэхъыфI. Фэ зытет цIыхум гуи кIуэцIылъщ. Языныкъуэхэм хьэл мыгъуэу яхэлъщ псори зы щапхъэкIэ къапщу, зыщымыгъуазэхэм щIыбагъ псалъэ хуагъэшу. Сату Iуэхум хыхьэхэм хуэпсалъэри гъунэжщ. Ауэ дауэ уи быныр зэрупIынур, улахуэ тэмэм, мылIэIус нэхъ мыхъуми къызыпэкIуэ лэжьыгъэ уимыIэмэ? Нобэ бэзэрым утетынри лэжьыгъэщ – улажьэу ушхэжыныр емыкIукъым. Умылажьэмэщ емыкIур.
ЦIыху мыхьэнэншэхэр мащIэкъым. ЩыIэщ зи Iуэхур дэзыгъэкIыфым, унагъуэ зэгурыIуэхэм я кум дыхьэ, псалъэмакъ далъхьэу. Сэри изгъэкIыжа фызыр сыт щыгъуи псомкIи згъэкъуаншэрт, сэ зызгъэзахуэрт. Зи закъуэ къуаншэ щыIэкъым, жаIэми, сэ сытым дежи сызахуэу къысщыхъужырт. А псом сегупсысу цIыху щIагъуэ зэрымыс автобусым сисщ, си къуаншагъэр къызолъытэж, блэкIа си гъащIэр си нэгум къыщIэзгъэхьэжурэ зэхызощыпыкI. Абы хэту, си щIыбагъым къыдэс цIыхубзитIым я псалъэмакъым си гупсысэр къызэпаудащ, зи гугъу ящIыр унагъуэ Iуэхут. СодаIуэ. Унагъуэ лажьэншэр псалъэмакъ зэрыхадзэм щхьэкIэ гуфIэу зэдожьууж.
- Хуэзэр есщIа, тхьэ, сэ абы, - жи зым. – Абы и унэм сыщIыхьэну и гугъэххакъым, тхьэ. Ар зэуэ къыщылъэтати, плъэгъуакъэ, и фэр занщIэу пыхуат, тхьэ.
ТIури мэдыхьэшх, Iуэху бэлыхь зэфIагъэкIа хуэдэ мэгуфIэхэр.
- Тхьэ дыдэ, фIыуэ къэбгупсысатэмэ ар уэ, Светэ… ХэхакIуэхэр къыхыдотхыкI, щыжыпIэм, абы и фызыр зэуэ Iэнкун къэхъуати, плъэгъуакъэ.
- Тхьэ, дыгъуэпшыхь датха къудейтэмэ, - щыжиIэм, сэри зэ сызэIынатэм, ауэ уэ псынщIэу сыкъыдэпхыжащ, ахъумэ. Плъэгъуакъэ, Люсэ, абы я фэтэрым и дахагъыр, я унэлъащIэр, я алэрыбгъухэр! Тхьэ, «Гуэл щхъуантIэм» дыщыIэу и гугъу къысхуищIатэм абы я псэукIэм.
- Пэж дыдэщ, тхьэ, фIыуэ мэпсэу.
- НтIэ, абы и фызыжь быIуэбышэжь цIыкIум хуэфащэ ар, сэ сыщыIэу?.. А фэтэрымрэ и мылъкумрэ трихыжыну пIэрэ а Iеижьым ар щригъэкIыжкIэ хьэмэрэ сэ къысхуэнэну пIэрэ?
- Абыхэм сеплъакъым, тхьэ, сэ… Сызэплъар зэрыунагъуэ дахэращ.
- Алыхь, мыдахэ, дэнэ деж здэдахэр, на, гущэ, мыр сыт Iей!
- Азалыхь, дахэм-тIэ. Тхьэ, си фIэщ мыхъун, ахэр къигъанэу, уэ абы уишэну.
- ЛIо сыщIимышэнур, на? СлIожь, абы и фызыжьым нэхърэ сынэхъ Iей сэ? СумыгъэбампIэ, кхъыIэ, уэри, Люсэ, фызыр блын хъуакъым, IубгъэкIуэт мэхъу.
- Уэ апхуэдэу уIуагъэкIуэтмэ, уигу сыкъэгъэкIыж, цIыхур уи щхьэ елъытын хуейщ, дахэ цIыкIуу сиIэ.
- КхъыIэ, къыумыбжын къыумыбж уэри, а факъырэпэщмэным апхуэдиз насып иIэу си псэ техуэнукъым, тхьэ, хэти сыти жрыреIэ. ЛIым и бынунагъуэр хыфIебгъэдзэфмэщ лIыгъэр, армыхъумэ адрейхэр сыт, - мэдыхьэшх, а жиIар зэрынапэншагъэ-цIыхугъэншагъэр зыуи къыщымыхъуу, зеиншэ ищIыну зыхэт сабийхэм емыгупсысу, зытепсэлъыхь цIыхубзри и щхьэ иримылъыту.
Абдеж занщIэу си нэгу къыщIохьэж Ленэрэ сэрэ дякум сэ къыдэзгъэхъуауэ щыта псалъэмакъыр, Къэрэжан къызжиIэу щытахэр: «Сытым ещхь а уи щхьэгъусэр, тхьэ, зыми къыпхуимыгъэфащэ ар уэ. Сэ сыпшатэмэ, си Iуэхут дэ тIум щхьэкIэ ар зыгуэрым къыбжиIэтэмэ». Сэ ар зыхуейр щIэхыу къызгурыIуэри, Къэрэжану плъагъум кIэ естащ, ауэ хэзгъэкIэсащ, Ленэ и фIэщ схуэщIыжакъым. Си быныр зеиншэ сщIа нэужьщ къыщызгурыIуэжар.
А гупсысэм сыздыхэтым, зызмыщIэжу, а тIум я псалъэмакъыр зэпызудащ:
- Сыт нэгъуэщIым и унагъуэм фыщIыхыхьэр, дахэ цIыкIухэ, емыкIукъэ ар, фи щхьэм щхьэ евмылъытрэ? – жысIэри, арщхьэкIэ укIытэну ягу къэкIыххэртэкъыми, адэкIэ къыпысщащ. – Сыту фIыуэ фыкъэзгъуэта фэ, сэ уэ куэд щIауэ укъызолъыхъуэ, дахэ.
- Уи сыт дэ зи гугъу тщIыр? – жи зым.
- Си шыпхъущ, - жызоIэ. – Мэжид и щхьэгъусэ Марусэкъэ зи гугъу фщIыр? Быдэу вжызоIэ-тIэ, си шыпхъум и унагъуэр зэхэфкъутэу зэрыфхуэзмыдэнур икIи а фи мурадхэр къызэрывэмыхъулIэнур!..
ЖаIэнур ямыщIэу заущэхуауэ къызоплъ, итIанэ заIэтри псынщIэу автобусым йокIыжхэр.
Абыхэм зи гугъу ящIа унагъуэм я Iуэхум сыщыгъуазэтэкъым, жыжьэу сцIыхуу аркъудейт, ауэ зи унагъуэр зыфIэкIуэд пэта щIалэр си щхьэм еслъытауэ арат. НэгъуэщI цIыхум и насыпыр пкъутэу уи насыпыр абы ирибухуэну ухэтмэ, ар зэи къомыхъулIэн Iуэхущ. Хьэмэрэ нэгъуэщIыр зи щхьэм езымылъытым цIыхукIэ уеджэ хъуну? Сыт хуэдэ къулыкъу уимыIэми, сыт хуэдиз мылъку убгъэдэмылъми, дапщэщи цIыхуу укъэнэжмэ, аращ лIыгъэр икIи насыпыр.

Иуан Владимир.
Поделиться: