Хьэчим Дон Iус Ростов къоIэпхъуэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым иджыблагъэ щиуха зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ а гупыр зыбгына Ивановэ и «Тесктильщик»-м и гъуащхьауэ Мэшыкъуэ Хьэчим Дон Iус Ростов и СКА-м хыхьащ.

 2014 гъэм Хьэчим топ джэгу иным къыхыхьащ. Абы къыщыщIидзащ зыщигъэса «Спартак-Налшыкым». АрщхьэкIэ мыгувэу Мейкъуапэ и «Дружба»-мрэ Песчанокопскэм и «Чайка»-м къыщыхутащ. НэгъуэщI щIыпIэхэм и насып къыщимыкIыщауэ, Мэшыкъуэ Хьэчим Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ.

Мыгувэу ар хъуащ «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ нэхъыфIхэм ящыщ зы. Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфIу 2018 гъэм журналистхэм къалъыта илъэс 23-рэ зи ныбжь Мэшыкъуэ Хьэчим къыкIэлъыкIуэ гъэм зэрыщIидзэу Курск и «Авангард»-м кIуащ икIи абы и тренерхэр и зэфIэкIым я нэкIэ къыкIэлъыплъащ, зыгъэсэныгъэхэмрэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэмрэ хагъэтурэ. Къазэрыхуэсэбэпынур хьэкъ ящыхъуа иужькIэ илъэсрэ ныкъуэкIэ зэгурыIуэныгъэ къращIылIащ.

«Авангард»-м хэту Мэшыкъуэм зэIущIэ зыбжанэ ехъулIэныгъэкIэ иригъэкIуэкIащ икIи Кипрым къыщызэрагъэпэща ФНЛ-м и кубокыр командэщIэм дэщIыгъуу зыIэригъэхьащ. КъищынэмыщIауэ, курскдэсхэр япэ дивизионым бжьыпэр щызыIыгъхэм ящыщ зыт икIи мазэ зыбжанэ дэкIмэ премьер-лигэм хыхьэну Iэмал гъуэзэджэ иIэт.

АрщхьэкIэ, абы зэIущIэ 38-рэ щригъэкIуэкIарэ 5 къыщыхэжаныкIауэ, гупыр зэхуащIыжащ, ахъшэ щIыхуэ куэд зэрызэтрагъэхьам къыхэкIыу. «Авангард»-м къыщыщIидзэжын хуей хъуащ етIуанэ дивизионым.

Хуит къызэрыхъуу, Мэшыкъуэ Хьэчим ирагъэблэгъащ япэ дивизионым хэт нэгъуэщI командэм – иджы Ивановэ и «Текстильщик»-м. Нэгъабэ щегъэжьауэ ар абы хэтащ. Иджы Дон Iус Ростов и СКА-м и щIыхьыр ихъумэнущ икIи ехъулIэныгъэфIхэр зэрызыIэригъэхьэнум шэч хэлъкъым. Мыгувэу ар ди нэкIэ зэдгъэлъэгъуфынущ, Урысей Федерацэм футболмыкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ «Спартак-Налшыкымрэ» СКА-мрэ щызэдэджэгукIэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Налшык къалэ щыпсэу Мэшыкъуэ Iэмырхъан и унагъуэм I995 гъэм мазаем (февралым) и 22-м зэтIолъхуэныкъуэу щIалитI къихъуащ. Абы щыгъуэм хэт ищIэнт а тIум топджэгу цIэрыIуэ къахэкIыну?!

Хьэчимрэ Ислъамрэ зэгъусэу футболым зыщыхуагъэсэн щIадзащ Налшык къалэ. Нэрылъагъут абыхэм зэфIэкI хъарзынэ зэрабгъэдэлъыр икIи гъуащхьауэ Мэшыкъуэ зэкъуэшхэм я хьэрхуэрэгъухэр ягъэгулэз зэпытт. Балигъ хъури, абыхэм я гъуэгур зэбгырыкIащ.

Нэхъ пасэу зи цIэр Iуар Ислъамщ. 2013 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 5-м Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ар Владикавказ и «Спартак» стадионым къыщихьащ щIыпIэ «Алания»-м и фащэр щыгъыу. Абы щыгъуэм къахуеблэгъа Саранск и «Мордовия»-р хэгъэрейхэм хагъэщIащ ди лъахэгъу щIалэм зыкъомкIэ и фIыгъэкIэ.

Осетие Ищхъэрэ-Аланием и футбол командэ нэхъыщхьэм а лъэхъэнэм Мэшыкъуэ Ислъам зэрыхэтар зы илъэсщ. ЗэIущIэ пщыкIузым зэ къыщыхэжаныкIауэ, къыкIэлъыкIуэ гъэм ар Хабаровск и «СКА-Энергия»-м хыхьащ. АрщхьэкIэ абыи зыщиIэжьакъым – 2015 гъэм ирагъэблэгъащ Куржым (Грузием) и чемпион Гори къалэм и «Дила» командэм.

Ислъам а щIыпIэм хэпщIыкIыу зыщиужьащ. ЖыпIэну ирикъунщ «Дила»-м дэщIыгъуу ар Европэм и Чемпионхэм я лигэм зэрыхэтар. Куржым зэIущIэ 20 щригъэкIуэкIарэ я хьэрхуэрэгъухэм топи 5 яхудигъэкIауэ абы Урысей Федерацэм къигъэзэжащ. Астрахань и «Волгарь»-м, «Оренбург»-м, «Химки»-м илъэс зытIущкIэ хэтауэ Мэшыкъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ, етIуанэ дивизионым щIилъэфа «Спартак-Налшыкым» дэIэпыкъуну.

2018-2019 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм Ислъам фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. ЖыпIэну ирикъунщ ди командэм хэту абы иригъэкIуэкIа зэIущIэ 19-м топ 11 я хьэрхуэрэгъухэм зэрыщыхудигъэкIар. Дауи, а Iуэхугъуэм Мэшыкъуэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. ИкIи Владикавказ и «Алания»-м къалэнэшхуэхэр зыщыхуигъэувыжым ирагъэблэгъащ, сэбэп къазэрыхуэхъунум шэч лъэпкъ къытрамыхьэу. ЯщIэжырт илъэситху ипэкIэ фIыуэ зэрахуэджэгуар.

Ислъам ди гъунэгъухэм хуабжьу защIегъэкъуэ икIи аращ топ нэхъыбэ дыдэ я хьэрхуэрэгъухэм яхудэзыгъэкIыр.

Мис апхуэдэу пщIэрэ щIыхьрэ яIэу зыкъагъэлъагъуэ Мэшыкъуэ зэтIолъхуэныкъуэ зэкъуэшхэм. Абыхэм я къару илъыгъуэ дыдэщ икIи я ныбжьыр здынэса илъэс тIощIрэ блым ирихьэлIэущ спортсменхэм я зэфIэкIым и лъагапIэр къыщызэкъуахри, куэд дыдэкIэ дащыгугъынущ.

 

Хьэтау Ислъам.
Поделиться: