Мырзэ Резуан Тыркум кIуэну?

Мы махуэхэм хъыбар къытIэрыхьащ Мэзкуу областым и «Химки» командэм хэту 2022-2023 гъэхэм Урысей Федерацэм и премьер-лигэм щыджэгуну зызыгъэхьэзыр Мырзэ Резуан Тыркум зыкъыщигъэлъэгъуэну зэрырагъэблэгъам теухуауэ.
Илъэс 29-рэ зи ныбжь адыгэ щIалэм и щIыхьыр ихъумэну щIохъуэпс Тыркум и футбол командэ нэхъ лъэщхэм ящыщ «Сиваспор»-р. Ар зэрызэхигъэхьэну щIыкIэм теухуауэ «Химки»-ми езы Мырзэ Резуани тхыгъэкIэ зыкъыхуагъэзащ. ЗэкIэ Iуэхур ирагъэжьа къудейщ, къикIынури гурыIуэгъуэкъым, ауэ нэгъуэщI къэралми ди щIалэм щIэупщIэ зэрыщиIэр икъукIэ гуапэщ. 
Зэрыхабзэщи, лъэныкъуэхэр занщIэу зэгурыIуэфакъым. Резуан арэзы техъуакъым «Сиваспор»-м къыхуигъэлэгъуа улахуэмкIэ. Зэчэнджэщыжу Iуэхум адэкIи тепсэлъыхьыну тыркухэм жаIащ. Деплъынщ зэрыхъум.
Куэдым зэращIэщи, иужь лъэхъэнэм урысей футболым и цIэр фIыкIэ щыIуащ ди лъахэгъу Мырзэ Резуан. Ар Бахъсэн къалэм къыщалъхуащ. Топ джэгуным Налшык зыщыхуигъэсащ, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту зэрыджэгуар зы зэIущIэ закъуэщ. АдэкIэ и насыпыр къыщилъыхъуэу ди къэралым и щIыпIэ куэдым къыщыщIидзащ. 
Куэдым ящIэж илъэсиплI ипэкIэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр щыдгъэлъэпIа накъыгъэм и 9-м къалэ-лIыхъужь Волгоград (нэхъапэм Сталинград) щызэхэта Урысей Федерацэм и Кубокыр 20I8 гъэм къэхьынымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэр. Ди лъахэгъу Мырзэ Резуан абы щыдигъэкIа «дыщэ» топым и фIыгъэкIэ къэралым и футбол саугъэт нэхъ лъапIэхэм ящыщ зыр Iэрыхьащ Ленинград областым и «Тосно» командэм. 
ЗэIущIэм и кIыхьагъкIэ Iэзэгъ лъагэ къигъэлъэгъуащ Мырзэ Резуан. Абы еш ищIэртэкъым икIи щIэх-щIэхыурэ я хьэрхуэрэгъу Курск и «Авангард»-м и гъуащхьэхъумэхэр хуабжьу игъэпIейтейт. Шэч хэлъкъым мы зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэм ар и футболист нэхъыфIу зэрыщытам. Резуан и гугъуехьхэр псыхэкIуадэ хъуакъым икIи 80-нэ дакъикъэм дигъэкIащ, нэхъапэм зэи къэмыхъуауэ, «Тосно» командэм Урысей Федерацэм и Кубокыр Iэрызыгъэхьа топыр. КъыхэжаныкIа ди щIалэм стадионым исхэм я деж гуфIэщауэ зричащ икIи и футболкэр щихри, адыгэ ныпыр зытет джанэр къыщIигъэщащ «Cherkes» псалъэр ину тетхауэ… 
Кубокымрэ дыщэ медалхэмрэ къратыну утыку къыщрашами, Мырзэ Резуан къихьащ адыгэ нып щхъуантIэм щIэту икIи и Iэпкълъэпкъым ар къешэкIауэ гуфIэгъуэр иIэтащ. Абы дэрэжэгъуэ къритащ ди лъэкъэгъу псоми. 
А Iуэхугъуэм тригъэгушхуа бахъсэн щIалэр нэхъ жаныж хъуащ. Мызэ-мытIэу ар урысейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ икIи Красноярск и «Енисей»-м и гъуэр апхуэдизу дахэу хигъэщIати, премьер-лигэм и етIощIанэ джэгугъуэм щынэхъ телъыджэу къалъытащ. 
Дауи, а псоми адыгэ щIалэм гулъытэ хэха топджэгум дихьэххэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ къахуригъэщIащ. Абы и щыхьэтщ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Черчесов Станислав ар гупым тIэунейрэ зэрыригъэблэгъар.
Мырзэ Резуан и пэкIэ Урысей Федерацэм и балигъ командэ къыхэхам иджыри къэс ирагъэблэгъар зы адыгэ щIалэ закъуэщ. I994 гъэм апхуэдэ пщIэ игъуэтащ Владикавказ и «Алания»-м хэту къэралым и чемпион хъуауэ щыта гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур.
Адыгэ щIалэм пщIэрэ щIыхьрэ иIэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щихъумащ Ленинград областым и «Тосно», Тулэ и «Арсенал», Мэзкуу и «Спартак», Мэзкуу областым и «Химки» командэхэм. Иджы Тыркум ирагъэблагъэми хуэфэщэн увыпIэфI абы зэрыщиубыдынум шэч къытетхьэркъым, дэри тхуэдэу, хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми дэрэжэгъуэ ин къариту.
 

 

Къаудыгъу Заур.
Поделиться: