Физкультурэр гъащIэм и мардэщ

ГъащIэ узыншэр иджыпсту гулъы­тэ нэхъыщхьэ зыгъуэтхэм ящыщ  зы унэтIыныгъэщ. Урысейм физ­куль­турэм зыщегъэужьыным 1920 гъэхэм и кIэхэм щыщIадзащ. Абы щыгъуэм екIуэкIащ япэ спартакиадэхэри. Алъандэрэ къыхаха унэтIы­ныгъэм текIакъым, лъэпкъым и узыншагъэр спортым зэрепхар ­къагурыIуэу. Уеблэмэ, Хэку зауэш­хуэм и лъэхъэнэм Мэзкуу эстафетэхэр щрагъэкIуэкIыу щытащ.

1980 гъэм къыдэкIауэ щыта «Махуэшхуэхэмрэ махуэ лъапIэхэмрэ я IуэхукIэ» унафэм къызэрыщыгъэ­лъэгъуамкIэ, Физкультурникым и ­махуэр ягъэлъапIэ гъэмахуэм и иужьрей мазэм и етIуанэ щэбэтым. Мы гъэм ар тохуэ шыщхьэуIум и 13-м.
Физкультурникым и махуэр къэралым и къалэ куэдым щагъэлъапIэ цIыхубэ Iуэхугъуэшхуэщ. Спортыр дэтхэнэ ныбжьми хуэгъэзащ икIи зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ар цIыхум зэрыхапщэным яужь итщ. Ап­хуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «ШколакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ-хэр», «Урысейм и пенсионерхэм я спартакиадэр», нэгъуэщIхэри. Илъэс къэс ди къэралым щекIуэкI спорт зэхыхьэ 700-м щIигъум къызэщIау­быдэ цIыху мелуан 80-м нэблагъэ.
Нобэрей махуэшхуэр СССР-м зэ­рыщытар спортсменхэм я зэфIэкI-хэм щриплъэж махуэущ. Ар щагъэ­лъапIэм утыкум кърашэхэр чемпионатхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ щытекIуа­хэрт. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэу икIи гукъинэжу щытащ физкультурник-хэм я парадыр. Абы хэтащ къэра-      лым щыщ цIыху мин 45-рэ. НэхъапэIуэкIэ парадыр Ут Плъыжьым ще­кIуэкIыу щытащ, иужькIэ - «Динамо» стадионым.
Иджыри Урысейм Физкультурникым и махуэр Iэтауэ щагъэлъапIэ. Спорт утыкухэр къызэIуах, паркхэм стIо­лыщхьэ теннисымкIэ зэпеуэхэр къы­щызэрагъэпэщ, мини-футболымкIэ зэхьэзэхуэхэр йокIуэкI, профессионал спортсменхэм ягъусэу зыгъэ­сэ­ныгъэхэр зэхашэ, нэгъуэщI Iуэху­гъуэхэр зэхаублэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрми гулъытэ  ин щы­хуащI физкультурэмрэ спор­тым­рэ. Къапщтэмэ, мы махуэхэм ­республикэм щаухуэ спорт объект ­33-рэ, спорт IуэхущIапIэ 44-м щхьэкIэ инвентархэр къащэхуащ.
«Сытым дежи спортым зыхуэзыгъа­сэ цIыхухэм я бжыгъэр нобэкIэ республикэм щыпсэухэм я процент 40-м щIегъу. 2024 гъэм ирихьэлIэу а ­бжыгъэр  процент  55-м хуэгъэкIуэн хуейщ. Профессионал спорт лIэу­жьыгъуэ 36-кIэ республикэм зыща­гъасэ сабийрэ ныбжьыщIэу мин 36-рэ. Сытым дежи Урысейм и командэ къыхэхам хэтщ ди спортсмени 130-140-рэ», - къыджиIащ КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам.
ШыщхьэуIум и 13-м Къэбэрдей-­Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Гъуэжь-п­лъыжьыфэ топ» республикэ зэ­пеуэр, щIыналъэхэм щызэхашэнущ ныбжь  псори къызэщIэзыубыдэ спорт лIэужьыгъуэ куэдымкIэ зэхьэ­зэ­хуэхэр.

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: