Чемпионхэм я мастер-класс

Къбэрдей-Балъкъэрым бэнэкIэм щыдихьэххэр куэд щIауэ зыпэплъа Iуэхугъуэ Налшык къыщыхъуащ – спорт бэнэкIэм хуабжьу щыцIэрыIуэхэу алыдж-урым лIэужьыгъуэмкIэ тIэунейрэ олимп чемпион, щэнейрэ дуней псом, плIэнейрэ Европэм и чемпион Власов Романрэ бэнэкIэ хуитымкIэ Олимп джэгухэмрэ дунейпсо чемпионатымрэ я призёр, щэнейрэ Европэм и чемпион, «адыгэ къаплъэнкIэ» зэджэ Джэду Аниуаррэ.

Зэхыхьэм хьэщIэу, спортсмену, бэнэкIэм дихьэххэу цIыху куэд къекIуэлIат. Спорт махуэшхуэр къыщызэIуахым кърихьэлIащ Олимп чемпион, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, КъБР-м и Парламентым жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил, бэнэкIэ хуитымкIэ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер ЗакIуий Арсен, бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо чемпионатым къыщыхэжаныкIа, Европэм и иджырей чемпион Мусукаев Исмэхьил, УФ-м Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и пресс-атташе Аванян Тигран сымэ.

 Хъуэхъу псалъэхэм къыкIэлъыкIуэу, къызэхуэсахэм я пащхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и творческэ гупхэмрэ артистхэмрэ. АдэкIэ екIуэкIа мастер-классым спортсмен цIэрыIуэхэм къызэхуэсахэм ирагъэлъэгъуащ бэнэкIэм и щэхухэмрэ Iэмалхэмрэ.

Спортсмен ныбжьыщIэхэм Iэмал къахукъуэкIащ спортым цIэрыIуэ ищIахэр алжрыбгъум щалъэгъуну, абыхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм зыщагъэгъуэзэну, яфIэхьэлэмэт упщIэхэм я жэуапхэр захахыну. Уеблэмэ, нэхъ насыпыфIэхэм къахуихуащ чемпионхэм ебэныну, спортсмен псоми я плъапIэ олимп медалхэм еIусэну.

Мастер-класс нэужьым къызэхуэсахэм зэгъусэу фэеплъ сурэт зытрагъэхащ, бэнакIуэхэм я IэщIэдз зытет буклетхэр ягуэшащ.

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: