Гъуэзэджэу дыгъуэхэр

2019 гъэм Куинджи Архип и «Ай-Петри. Крым» сурэтыр ядыгъуауэ щытащ. Музейм зыщызыплъыхьхэм ящыщ лIы гуэрым ар блыным къыфIихри, щIэкIыжащ. Куэдым дыгъуакIуэм и хьэлыр ирагъэпщащ «Старики-разбойники» совет фильмым хэт лIыхъужьхэм. Абыхэм сурэтыр щадыгъум, реставрацэ ирагъэщIыну яхьу жаIат. Куинджы и сурэтыр щадыгъуми, абы гу щIылъамытар музейм и лэжьакIуэ ягугъати аращ, ар блыным къыщыфIихым. ДыгъакIуэр щIэх дыдэу къаубыдащ: абы видео тезых камерэхэм защигъэпщкIуатэкъым, мерседес хужь зэритIысхьари ялъэгъуат. Ауэ щыхъукIэ, а сурэтыр къызэрытым апхуэдэу щIэхыу гу лъамытэнкIи хъунут, а махуэ дыдэм музейм зыщызыплъыхьхэм ящыщ зым и джэдыгур ямыдыгъуамэ. Арат хабзэм и хъумакIуэхэр къыщIраджари, абы и Iуэху зэрахуэурэ, сурэтыр зэрыкIуэдари къыщIэщащ. А Iуэхугъуэм ирагъэпщащ нэгъуэщI зы къэхъукъащIи. 1911 гъэм и шыщхьэуIум, Луврым щIэкIуэдыкIауэ щытащ да Винчи Леонардо и «Мона Лиза» - р. А зэманым абджым елэжьу Луврым щыIэт Перуджио Венченцо жыхуаIэр. Махуэ гуэрым абы сурэтыр блыным къыфIихщ, и кIагуэм щIигъапщкIуэри, и унэм ихьауэ щытащ. ИлъэситIкIэ ар ихъумащ, лъащIитI зиIэ шумэданым дэлъу. КъыщыщIэщари, Италием щищэну иужь ихьа нэужьщ. ДыгъуакIуэр къаубыда нэужь жиIауэ щытащ, сурэтым и Хэкур иригъэгъуэтыжын мурадкIэ хабзэншагъэр зэрилэжьар. Перуджио и фIэщ хъурт сурэтыр Италием Наполеон Бонапарт къришауэ щытауэ. Ауэ щыхъукIи, Франджым «Мона Лизар» къэзыхьар езы да Винчи Леонардэт. ДыгъуакIуэр лъэхъуэщым зэрисар зы илъэс закъуэщ. 
Мунк Эдвард и музейуэ Ослэ щыIэм тIэунейрэ сурэт щIэкIуэдыкIащ: 1994 гъэмрэ 2014-мрэ. Япэ щIыкIэ музейм и блыным фIадыгъукIащ «Крик» сурэтхэм ящыщ зыр. Лиллехаммер щекIуэкI Олимп джэгухэм щхьэкIэ турист куэду зэрыщыIэм игъэгузавэхэри, сурэтыр блыным къыфIахри, ягъэтIылъат, нэхъ хъума хъун папщIэ. ДыгъуакIуэхэм ар къагъэсэбэпащ. Пэжщ, куэд дэмыкIыуи шынэжхэри а музей дыдэм иращэжыну и ужь ихьахэщ, ауэ ари къаймыхъулIэу яубыдахэщ. «Крикыр» сэкъатыншэу музейм Iэрыхьэжащ. Илъэси I0 дэкIри, музейм щIадыгъукIащ «Крик» сурэтхэм ящыщ нэгъуэщI зы. ДыгъуакIуэхэр музейм теуащ, кIэрахъуэхэр яIыгърэ нэкIуIупхъуэхэр яIулъу. ЩIэпхъаджащIэхэм зыхуейр зыIэрагъэхьэри щIэпхъуэжахэщ. Ауэ, къызэрыщIэIамкIэ, гъуэгурыкIуэ гуэрым сурэт трихыну хунэсащ ахэр зэрыIужыжа машинэм. Полицэм ар ирата пэтми, илъэситI текIуэдащ дыгъуакIуэхэр къаубыдыным. КъызэрыщIэкIамкIэ, сурэтыр зыдыгъуа цIыхуихыр музейм и лэжьакIуэхэт. 
Ноби Сан-Францискэ и полицэм зэхегъэкI щIэпхъаджагъэ гуэр. 2019 гъэм махуэ шэджагъуэу, гъэлъэгъуэныгъэм щIахри ежьэжащ Дали Сальвадор и «Горящий жираф» лэжьыгъэр. Сурэтым и уасэщ доллар мин 20. 
ДыгъуакIуэр музейм и камерэм къигъэлъэгъуащ, и теплъэр мыIупщIу. Ар гъэлъэгъуэныгъэм щIыхьэри, дакъикъэ 32-рэ нэхъ дэмыкIыу къыщIэкIыжащ. «Горящий жираф» сурэтыр гъэлъэгъуэныгъэм щыгъуэ залым и курыкупсэм щыфIалъхьат. Ар мольбертым тросскIэ епхауэ щытын хуеящ, ауэ щыхъукIи дыгъуакIуэм тросси къигъэнакъым. Е дыгъуакIуэр нэхъ пасэу залым щIыхьэри троссыр къригъэутIыпщащ, е ар фIэлъыххакъым. Iуэхур зэхэзыгъэкIхэм я фIэщ хъуркъым дакъикъэ 32-м и кIуэцIкIэ дыгъуакIуэм ар зэпиупщIу сурэтыр блыным къыфIихыну хунэсауэ. 
2012 гъэм Нью-Йорк и сурэт галереем щIэкIуэдыкIауэ щытащ Дали Сальвадор и «Портрет Дона Хуана Тенорио» лэжьыгъэр. Тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу ар пощтэкIэ кърагъэхьыжащ галереем. Къезыгъэхьыжам и хэщIапIэр пцIыуэ къигъэлъэгъуат. Галереем и лэжьакIуэхэм къагурыIуакъым апхуэдэу къадэгушыIар хэтми. 
1990 гъэм Бостон щыIэ музейм къыщыхъуар дунейм щызэщIэлъэIэсауэ щытащ. Дакъикъэ 81-м къриубыдэу дыгъуакIуэхэм ягъэкIуэсэну хунэсащ сурэт 13. Абыхэм яхэтт Рембрандт, Дега, Мане, Вермеер сымэ я IэдакъэщIэкIхэр. Жэщым дыгъуакIуэхэм полицэ щыгъынкIэ захуапэри музейм кIуащ, хъумакIуэхэр къагъапцIэри щIыхьащ. ПолицэнэпцIхэм хъумакIуэхэм я дэфтэрхэр къыIахщ, Iэлъэхъухэр иралъхьэри, блыным кIэрагъэуващ. ДыгъуакIуэхэр къызытекIухьа сурэтхэр къыхащыпыкIри, лъэныкъуэ зрагъэзыжащ. Сыт имыщIами, а Iуэхур ФБР-м хузэхэгъэкIауэ щытакъым. 
2011 гъэм дыгъуакIуэхэр щIыхьащ Леердам къалэ цIыкIум (Нидерландхэм) щыIэ музейм. Жэщым, сыхьэтыр 3:30-м къэлэжьащ къызэщIэзыгъэушэ уэзджынэр (сигналыр). Хабзэхъумэхэр музейм щIэхыу нэсыфакъым. Нидерландхэм щыIэ детектив Бранд Артур бгъэлъагъуи пщэи мыхъу, дуней псом щыцIэрыIуэ гъуазджэ лэжьыгъэхэр щIадыгъум и щхьэусыгъуэр мыпхуэдэу къилъытащ: «Ахэр мафиозышхуэхэм къащэхуурэ ягъэпщкIуу къыщIэкIынущ, ягъэтIыс хъужыкъуэмэ, я тезырыр зэрагъэмэщIэну Iулъхьэу ятыну». 1990 гъэхэм апхуэдэ Iэмалыр къигъэсэбэпыну иужь итауэ щытащ Голландием щыщ наркобосс Хаутман Кеес, Ван Гог и IэдакъэщIэкIхэр зыIэрызыгъэхьауэ щытам. ИужькIи, 2002 гъэм дыгъуакIуэшхуэ Дарэм Октав Ван Гог и лэжьыгъэхэу Амстердам къыщидыгъуауэ щытахэр мафиозхэм ящыщ зым судыщIэхэм яритыжащ, и Iуэхум нэхъ щабэу хэплъэн щхьэкIэ. А Iуэхугъуэм и ужькIэ Бранд Артур жиIат музей нэхъ цIыкIухэр, ткIийуэ ямыхъумэхэр, дыгъуэгъуакIуэхэм кIуапIэ ящIынкIэ зэрыхъунур. 

 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: