Сом мелуани 3-м щIигъукIэ къэрал мылъкум хэIэбащ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къызэпаудащ Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм и бухгалтер нэхъыщхьэм бюджет ахъшэр къидыгъуным пыщIауэ зэрихьа хабзэншагъэр, 
 ЦIыхубзым и къулыкъур къигъэсэбэпурэ, улахуэхэр тыным ехьэлIа реестрым хъыбар нэпцIхэр иритхьэурэ сом мелуани 3,3-м щIигъу зыкIэщIиупщIащ.
Уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэр илэжьауэ ар ягъэкъуаншэу. Апхуэдэу хабзэм ебэкъуар илъэси 10-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.

 

УФСБ-м къет.
Поделиться: