Нобэ

Къулейсызыгъэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

УФ-м щагъэлъапIэ щIыпIэ хэхам епха дохутыр терапевтхэм я махуэр

1740 гъэм картэхэр зэхэлъхьэнымкIэ IэщIагъэлI, къэхутакIуэ цIэрыIуэ Беринг Витус и экспедицэм хэтхэм Петропавловск-Камчатский къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.

1902 гъэм Детройт (США) къалэм къыщыщIагъэкIащ япэ «Кадиллак» автомобилыр.

1905 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэр зэхыхьащ.

1918 гъэм дунейм щыяпэу Москва къыщызэIуахащ сабийхэр зэрыджэгу хьэпшыпхэм я музей.

1938 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ ягъэуващ «Хахуагъэм папщIэ», «Зауэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIым папщIэ» медалхэр.

1945 гъэм СССР-м къыхагъэхьащ Кёнигсберг къалэр, абы къедза щIыналъэхэри щIыгъуу.

1961 гъэм Къэрал Кремль Уардэунэр къызэIуахащ. 1992 гъэ пщIондэ абы зэреджэу щытар Съездхэм я Кремль Уардэунэ жиIэущ.

1990 гъэм «Внештогбанк»-р къызэрагъэпэщащ. Иджыпсту ар ВТБ банкырщ.

1903 гъэм къалъхуащ Маршал, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь, 1967 – 1976 гъэхэм СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Гречкэ Андрей.

1943 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Тохъутэмыщ Хъызыр.

1952 гъэм къалъхуащ ди республикэми, къэралым и щIыналъэ куэдми щыцIэрыIуэ тхакIуэ, публицист, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Котляров Виктор.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 11 - 12, жэщым градуси 9 - 10 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ПщIэ псор жумыIэ, жаIэ псор зэгъащIэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ