Щтауч

Адыгэбзэм куэду хэтщ жьы хъуа псалъэхэр. Апхуэдэ псалъэхэм къагъэлъагъуэу щыта хьэпшыпым цIыхур хуэмеиж зэрыхъуам е  нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэригъуэтам къыхэкIыу,  псалъэр жьы мэхъу.  КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым хэт псалъэхэр щапхъэу къэтхькIэрэ, жьы хъуа псалъэ зыкъом фигу къэдгъэкIыжынщ.      

Матэкъуаншэ - шхын гъур, хьэпшып зэрызэрахьэ, къу къуаншэ зытет матэшхуэ. Матэкъуаншэхэр ярытщ выгухэм, зи гупкIэм ныш илъи гъунэжщ.

Мэхъаджэ – шынагъуэ. КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм я къамэ гъэшари яузэхужащ адыгэм, гъунэгъуу узэрихьэлIэмэ, бгъэзэнкIи урипыджэнкIи мэхъу.

Мырзэ -  кърым, нэгъуей, тэтэрхэм я феодальнэ унагъуэм щыщ цIыхухэм зэреджэу щыта. Адыгэ хэкумкIэ ар пщы-уэркъхэр аращ – нэгъуэщI хэку зэрыхьэмкIэ – хъанхэрщ, мырзэхэрщ, бейхэрщ.

Нэрыбгэ - щхьэ бжыгъэр къыщабжкIэ, цIыху мыхьэнэр иIэу къагъэсэбэп псалъэ. Унагъуэ къэс я нэрыбгэ зырыз пэрытщ – мэлыхъуищ мэхъу.

Пхъэ вакъэ – пхъэм къыхэщIыкIауэ пщащэхэм ящыгъ вакъэщ. Пхъэ вакъэм тету пщащэхэм яхэту щилъагъум, зи ныбжь нэса, зи шэгъуэ хъыджэбзу къыфIэщIат, ауэ иджы пхъэ вакъэм къехри, мест щабэкIэ къыдэкIащи, йоплъри щIалэ дыдэщ.

ПщылI - пщым залымыгъэкIэ игъэлэжьэну хуиту щыта цIыху. Уэркъыр и пщылI зэрыдекIуэкIынумкIэ хуитщ, езыращ хуитыр, хамэр хуиткъым.

Сагъындакъ - пасэрей шабзэ лIэужьыгъуэ. ЖыжьаплъэкIэ гу лъимытауэ, щIалэм и сагъындакъырщ Ерстэм игъэщIэгъуапэр – тхыпхъэщIыпхъэ защIэщ.

Сэрей - пащтыхьыр зыщыпсэууэ щыта. Сэрейм къыбгъэдэкIуэтыху жэрыгъэкIэ къэкIуащ. Уэрам цIыкIур къызэранэкIыу, нэхъ цIыху зекIуапIэ уэрам гуэрым щытехьэм лъэбакъуэ защIыжащ.

ТешэрыпIэ - нысащIэ къашар пIалъэкIэ щауэм и ныбжьэгъу е и благъэ гуэрым и унэм щыIэныгъэ. Хэт зыщIэр: гуащэр тешэрыпIэм илъэскIи щрагъэс къохъу.

Уэркъ - хэIэтыкIауэ щыта зиусхьэн лъэпкъ. Уэркъхэм я хэку уихьами ар зэрыт щIыпIэми ущысакъын хуейщ – гузэвэгъуэ къыщыппэплъэр хэт ищIэн.

Фэнд - зэгуамыгъэжу псэущхьэм траха фэ. Псы зэрызэрахьэ фэ псылъи, псышхуэ зэпрысыкIын хуей хъумэ, къигъэсэбэпу бжэныфэ фэндитIи уанэгу щхьэнтэ щIагъым ягъэкIуэжат.

Фэлъыр - плIалэ и бгъуагъыурэ фэдэн ящIыну зэгуагъэжа былымыфэ. …Уэшх-уаем зыщахъумэн папщIэ, джанэ щIагъщIэлъым и щIыIукIэ шэхудэ фэлъыр,  я бгъэм  кърашэкIыну здащтэрт.

ФочэщI - адыгэхэм зэрахьэу щыта фоч кIэщI. И цеибгъэм хьэзырылъэ тедами, щIалэм фочэщI зэрыгуэмылъми гу лъитати, ари щыгъупщакъым, фочэщI щIэращIэ дыдэ къыхуищэхуащ, шалъи гыни щIыгъуу.

Хьэзыр - адыгэ цейм и хьэзыр. Бгъэ жыпым и пIэкIэ хьэзырылъэхэр традащ, абы хьэзыр пщыкIухыр - бгъуитIымкIи ирий - иралъхьэжащ.

ХъумпIырэ – кIэрахъуалъэ. ИжьырабгъумкIэ гуэлъ къэлат хъумпIырэри апхуэдэщ – гъуэгуанэ кIыхьым хуэщIащ.

Шабзауэ – шабзэр зыгъауэ цIыху.  Мастэнэм ирегъэкI жыхуаIэ шабзауэм и шэрыуагъыр лIым и гуащIэми, Iэм и быдагъми, IэпэIэсагъми емылъытауэ къыщIэкIащ.

Шурыджэгу - шыр зыгъэджэгу шу. Нэщанэ еуэныр зэфIэкIа нэужь, шурыджэгур яублащ.

Шурылъэс - шухэр шыхэм кърадзыхыну хэту, лъэсхэмрэ шухэмрэ зэрызэпеуэу щыта джэгукIэ. ДжэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэнущ: шурылъэс жыпIэми, нэщанэ жыпIэми, къинэмыщIми.

Шыбгъэзэгъауэ - зиш нэхъ лъэщыр, тесыкIэкIэ нэхъ Iэзэр зэрызэхагъэкI шу джэгукIэ. Шу еIэбыхи, уанэгум иувэни, шурэ лъэсрэ зэбгъэрыкIуэни, шыбгъэзэгъауи – джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къагъэлъэгъуащ.

Шыхэпщ – махуэм зэрылэжьа шыхэр жэщым гъэхъуэкIуэн. ЩIалэм и тIысыкIар игъэщIэгъуащ Ерстэм. ЩIыи хэтIысхьакъэ мыр, удзыпцIи щыджэгуакъэ, и ныбжьэгъу щIалэ цIыкIухэм шыхэпщ ядэкIуэжакъэ! ЩIым тIысыныр хьэлъэ. 

Щтауч - щтэр тебгъэцIэфтмэ, хъуаскIэ къызыхих мывэ джей быдэ. ЕщтауэмкIэ щтаучым мафIэ хъуаскIэр къыхаудырти, щтамылым храгъадзэрт, ар уэздыгъей пхъэупсахуэм щIагъэнэжырти, щынэхъ уаеми мафIэ зыщIагъэстырт.

 

 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться:

Читать также: