Удз гъэгъахэм я бзэрIэрамэр къыщежьар
«Iэрамэ»-р франджыбзэм къытекIащ, «зэкIэрыщIа», «зэхэгъэува» жиIэу къокI. Тхыдэм зэрыжиIэмкIэ, япэ дыдэу Iэрамэ щызэхагъэуващ Пасэрей Египетым. Абы пхъакъуэ (факел) щIыкIэ иIэт. Розэхэр, Iущхьэхэр, епэрхэр (фиалкэ), ирисхэр, псыгуIэнэхэр (лотос) къат-къату зэкIэрыщIат, я зэхуакухэм пальмэ тхьэмпэхэр хегъэубыдауэ. Iэрамэ зэхэгъэувэныр (флорист) IэщIагъэу япэ къыщежьащ Пасэрей Алыджым. Бзылъхугъэхэмрэ цIыхухъухэмрэ я Iэрамэхэр япэу щызэхагъэкIыу щаублари аращ. ЦIыхухъу Iэрамэхэр удзыфэт, гъэгъа щIагъуэ хэмыту. Бзылъхугъэхэм ейхэр зэмыфэгъу дахэт. Пасэрей Урымым щрагъэжьащ Iэрамэу зэхагъэувэну удз гъэгъахэр щхьэхуэу ягъэкIыу. Абы папщIэ куэду хасэрт епэрхэр, розэхэр, гиацинхэр. ГъэгъаилъэВикториан лIэщIыгъуэм щыгъуэ удз гъэгъахэм я бзэр егъэлеяуэ къыщагъэсэбэпырт европей къэралхэм. Гъэгъа модэм къыхыхьащ «бал Iэрамэхэр». Нэху щыху екIуэкI балхэм гъэгъахэр ямыгъэтIылъу щаIыгъыныр хъыджэбзхэм къайхьэлъэкI хъуати, абыи хэкIыпIэ къыхуагъуэтащ – «портбукеткIэ» зэджэр къежьащ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм екIуэкIыу щыта балхэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха вазэжьейщ ахэр. Апхуэдэ гъэгъаилъэхэр къыхащIыкIырт дыщэм, дыжьыным, перламутрым, пыл къупщхьэм. Ар е хъыджэбзым и бостей бгъэгум кIэрагъэубыдэрт е и бгым кIэращIэрт. Удз гъэгъахэм я пкъыр вазэ лъабжьэм хэгъэпщкIуа мастэкъуаншэм ирагъэубыдырт, гъэгъахэр зэпкърымылъэлъын щхьэкIэ. Уеблэмэ абы гъэгъар зыхэтын псыи мащIэу иракIэрт, пшыхь кIыхьым ахэр ямыгъэгъуэлэну. Гъэгъаилъэ цIыкIухэр дахэу гъэщIэрэщIат. Абыхэм яхэтт гъуджэ зыхэщIыхьахэр. Я щхьэцыр, я нэкIум кIэрылъ сэхусэплъыр зэрызэрагъэзэхуэжым нэмыщI, а гъуджэр нэгъуэщIуи къагъэсэбэпырт: хъыджэбзхэр абыкIэ щэхуу яхукъуэплъырт щауэхэм. Бзылъхугъэхэм пшыхьым щаIыгъ Iэрамэм мыхьэнэ иIэт. Щауэ зыбжанэм гъэгъа къратарэ, пшыхьым абыхэм ящыщ зы бзылъхугъэм здихьамэ, ар къезытар адрейхэм къазэрыхихар наIуэт. НысащIэ IэрамэДи зэманым екIуэкI хьэгъуэлIыгъуэхэм удз гъэгъам епхауэ хабзэ гъэщIэгъуэн хэтщ. НысащIэм и гъэгъа Iэрамэм ехьэлIа хъыджэбздэс зэхьэзехуэщ ар. Абыхэм ящыщу нысащIэм и Iэрамэр къэзубыдыр абы кIэлъыкIуэу унагъуэ хъуну къалъытэ. Ар зи фIэщ хъухэри куэду щыIэщ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
|