Малъхъэдис гъуэжькуийхэм яхэсыхьми

Астрофизикхэм къызэрапщытамкIэ, ди Дыгъэм ирагъэщхьу нэхъ къытпэгъунэгъу дыдэр плъыжь цIыкIужьей зыфIащахэм хабжэ Проксимэ Центаврэ вагъуэ жьэражьэрщ. Ар ди Дыгъэм нэхърэ хуэди 8-кIэ нэхъ цIыкIущ, илъэси 4-м къриубыдэу нэхум зэрызидз жыжьагъ хуэдизкIи тпэIэщIэщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, абы и деж 2016 гъэм астрономхэм къыщагъуэтащ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ, и инагъ-цIыкIуагъкIэ ЩIы Хъурейм хуагъадэ планетэ гъэщIэгъуэн.

Иджы, мис аргуэру, уахэм а и Iэгъуэблагъэм ипэрейм ирагъэщхь уафэщI щыIэнкIэ зэрыхъунур къыжаIащ Чили къэралым хьэршым къыщекIуэкIхэр щызыджу щыIэ щIэныгъэлIхэм.

Ардыдэм щыхьэт техъуащ Италием и Турин къалэм АстрофизикэмкIэ дэт лъэпкъ институтым (INAF) и IэщIагъэлIхэри. А Iуэхум теухуауэ я Iуэху еплъыкIэр зыхуэдэр абыхэм иджыблагъэ къыщыхагъэщащ Science Alert щIэныгъэ журналым къытрырагъэдза я тхыгъэм.

ЗэрыкIэлъыплъа зэман кIэщIым къриубыдэу, щIэныгъэлIхэм къахутам и хьэлъагъыр ЩIы Хъурейм ейм нэхърэ хуэди 6-кIэ нэхъыбэщ, зэпха и «дыгъэм» дыдейр зэрыпэIэщIэм нэхърэ хуэдэрэ ныкъуэкIэ пыIудзащ (Марсыр Дыгъэм зэрыпэжыжьэм ещхьу).

ПланетэщIэр хьэршым зэритым япэу гу лъызытар Чили къэралым и La Silla обсерваторием щыIэ Harps спектрографым пыщIа, зи зэпрыупIэр метри 3,6-рэ хъу телескопым ирилажьэхэрщ.

Къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIы къэхутэныгъэм щыхьэт техъуэн мурадыр яIэу, Италием и INAF институтым и IэщIагъэлIхэмрэ Крит хытIыгум щылажьэ щIэныгъэлIхэмрэ езыхэм я къарукIэ зи цIэ къитIуа Проксима Центавра вагъуэм къыпкърыкI нурым зэрыкIэлъыплъар икIи абы и Iэгъуэблагъэм етIуанэ планетэ зэрыщыIэр шэч къызытумыхьэжын Iуэхугъуэу къызэрызэдалъытар.

Дызытепсэлъыхь вагъуэ плъыжьу планетэхэр зэкIэрэхъуэкIым астрофизикхэм иджыблагъэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи далъэгъуащ. Ар сыт жытIэмэ, Проксимэ Центаврэм къыпкърыкI нурыр зэман кIыхьым къриубыдэу гуащIащэ зэрыхъуарщ, и инагъкIи Дыгъэм загъуэ-загъуэрэ къыщызэщIэрыуэу къызыхиутIыпщыкI электромагнит гъуэжькуий нэхъ лъэщхэм зыкIи къыкIэрымыхуу. АтIэми, дыщыпсэу ЩIы Хъурейр зэзэмызэ «гугъу езыгъэхь» малъхъэдис жьапщэр зырикIщ, Проксимэ Центаврэм дэгъуэгурыкIуэ планетэхэм щIэх-щIэхыурэ (жэщ-махуэм къриубыдэу щэ-плIэ) ятепсыхэм елъытауэ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: