КъБР-м и Росреестрым и унафэщIыр и IэнатIэм пэроувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ КИФЩI-м РосреестрымкIэ и управленэм и унафэщI Песков Вячеслав. 

зэIущIэм хэтащ Росреестрым и Къэбэрдей-Балъкъэр ­къудамэм и унафэщI къулыкъур иджыблагъэ зыхуагъэфэща Соблыр Беслъэн.
Абы щытепсэлъыхьащ IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэм, IуэхущIапIэр щIыналъэ унафэщIхэм­рэ щIыпIэ самоуправленэхэмрэ зэрадэлэжьэну щIыкIэм. Абы къыщыхагъэщащ, цIыхухэмрэ юридическэ IуэхущIапIэхэмрэ зыщIэупщIэ Iуэху­хэр икIэщIыпIэкIэ зэфIэхын зэры­хуейр. КъищынэмыщIауэ, гу ­лъатащ Росреестрым и лэжьыгъэр иджырей техникэкIэ къызэгъэпэщыным, МФЦ-м зэра­дэлажьэр егъэфIэкIуэным епха Iуэхухэр. 
КIуэкIуэ Казбек Соблырым ехъуэхъуащ Росреестрым къыпэщылъ лэжьыгъэхэм пэлъэщыну, ехъулIэныгъэфIхэр ­къигъэлъагъуэу и IэнатIэм пэрытыну.

Поделиться: