КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щыхэплъа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн тепсэлъыхьащ 2022 гъэм КъБР-м и къэрал мылъкум щыщ уней щIыным ехьэлIа программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа проектым. Мылъкур уней щIыным тещIыхьа программэм хагъэкIыж «Гидрометаллург» зэгухьэныгъэм и акцэ зэрыIыгъыу процент 25-рэ щэныр. 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм я советым и зэIущIэ екIуэкIам унафэ щащIащ я лъэщагъым и зэхуэдитIыр къызэтрагъэувыIэну, абы кърикIуэуи, лэжьакIуэхэр ягъэмэщIэну. Апхуэдэу зэращIым къыхэкIыу, акцэ ящэну хуитыжкъым.
- Апхуэдэу республикэм и къэрал мылъкур уней щIынымкIэ программэм хагъэкIыж Белая Речкэ къуажэм щыIэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр, КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм абыхэм ятеухуауэ республикэм и Арбитраж судым зэрытхьэусыхэ тхылъ зэрырагъэхьам къыхэкIыу. Дызытепсэлъыхь программэм хагъэхьэж Налшык Калининым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет IуэхущIапIитI, - жиIащ министрым.
КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Шаваев Ислъам тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным теухуауэ щыIэ комиссэм хэтхэм я бжыгъэм зегъэхъуэжыным теухуа программэм. ЗэхъуэкIыныгъэ зыхалъхьар 2015 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м яубзыхуауэ щыта комиссэрщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ Москва и Правительствэмрэ сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ IуэхухэмкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа я зэгурыIуэныгъэм тещIыхьа проектыр къыхилъхьащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис.
- Япэу ди республикэм Москва зэгурыIуэныгъэ ириухылIауэ щытащ 1994 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м. Абы лъандэрэ зэгурыIуэныгъэ куэди зэдэдгъэзэщIащ. Абыхэм яхэтт лъэныкъуитIыр тыншу зэдэлэжьэным зэран хуэхъу Iыхьэ щхьэхуэхэри. Мэкъумэш IэнатIэм, ухуэныгъэм, псэуныгъэм, щIалэгъуалэм я Iуэхухэм ятеухуауэ ди республикэмрэ Москварэ я зэпыщIэныгъэр нэхъ тынш хъун папщIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и арэзыныгъэ хэлъу дгъэхьэзыращ проект-зэгурыIуэныгъэр. Ар сэбэп хъунущ Москваи Къэбэрдей-Балъкъэрми я фейдэ хэлъу зэдэлэжьэным, зэгъусэу хэкIыпIэ къызыхуагъуэтыпхъэ Iуэхухэм зрапщытыным теухуауэ, - къыхигъэщащ абы.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Къалэхэм иджырей теплъэ етын» къэрал программэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм тепсэлъыхьащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим.
Зи гугъу ищIар 2017 гъэм шыщхьэуIум и 31-м къащтауэ щыта программэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэрщ. Ахэр ехьэлIащ зыхуей хуэгъэзапхъэ щIыпIэхэм, программэр гъэзэщIэным хухахыну мылъкум. 2023 гъэм къриубыдэу Iуэхум текIуэдэнущ сом мелуан 234-рэ мин 354,875-рэ. Абы щыщу федеральнэ мылъкур сом мелуан 227-рэ мин 371,100-рэ хъунущ, республикэм ейм щыщу сом мелуани 2-рэ мин 296,677-рэ, муниципальнэ щIыналъэхэм я ахъшэу сом мелуани 4-рэ мин 687-рэ ихьынущ.
КъБР-м щIалэгъуалэ политикэм зыщегъэужьыным теухуа къэрал программэм и проектым теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт. Проектыр Iыхьищу зэщхьэщыхащ: щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэныр, щIалэгъуалэр республикэм и псэуныгъэ, экономикэ Iуэхухэм къыхэшэныр, республикэм и къэрал щIалэгъуалэ политикэм жыджэру хэтыну жэрдэмщIакIуэхэр гъэхьэзырыныр. Проектыр хуэунэтIащ щIалэгъуалэм щIэныгъэкIэ, зэхэщIыкIкIэ, щэнхабзэкIэ, псэкIэ зегъэужьыным.
Ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, адэкIи лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным тещIы-хьа щIыналъэ программэм и проектым тепсэлъыхьащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим.
Украинэм, Донецкрэ Луганскрэ къикIыу республикэм къакIуэхэр пIалъэкIэ зыщIагъэтIысхьэну щIыпIэхэм иджыри зы къахэхъуащ - ар цIыху 60 хуэдизым пIалъэкIэ щхьэегъэзыпIэ щагъуэтыну «Фруктовый сад» хьэщIэщырщ. Абы теухуауи къэпсэлъащ Асанов Алим.
Министрыр щхьэхуэу къытеувыIащ республикэм илъэсыщIэ дауэдапщэхэр зэрыщекIуэкIыну щIыкIэми. Дызэрыт илъэсым, дыгъэгъазэм и 26 - 30-хэм, апхуэдэуи 2023 гъэм щIышылэм и 2-м щегъэжьауэ и 5 пщIондэ республикэм и Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэмрэ Макъамэ театрымрэ сабийхэм папщIэ щекIуэкIынущ зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр, упщIэ-жэуап викторинэхэр зыхэтыну ИлъэсыщIэ концерт щIэщыгъуэхэр. Республикэм и ИлъэсыщIэ псейр къызэгъэпэщыным текIуэдэнущ сом мелуани 7-м щIигъу.