Хэкупсэ нэс

ЩыIэщ цIыху, щалъхуа хэкум, щIыналъэм я тхыдэмрэ езым и гъащIэмрэ зэхэухуэнауэ псэу. Абыхэм гурэ псэкIэ зыхащIэ хэкум и щыщIэныгъэхэри, апхуэдэ дыдэуи ирогушхуэ икIи иропагэ абы и ехъулIэныгъэхэми. Зи гугъу тщIы цIыхухэм я щапхъэщ Нарткъалэ и япэ унафэщIхэм ящыща Хьэсанэ Хьэжмурид Ахьмэд и къуэр. Абы и нэгу щIэкIащ жылэу зэрытIыцсрэ илъэси I00-м щIигъуа къалэ дахэм къикIуа гъуэгум абы и цIыхухэр щыззрихьэлIа лъэпощхьэпохэри здынэсыфа лъагапIэхэри. 

Хьэсанэ Хьэжмурид 1907 гъэм Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. ЩIалэ гурыхуэм щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум. Хьэжмурид и ныбжьыр илъэс 20 ирикъуа къудейт, абы жэуаплыныгъэ зыпылъ къулыкъу къыщыхуагъэфэщам щыгъуэ - 1927 гъэм ар ягъэуващ Псыгуэнсу къуажэм и кредит зэгухьэныгъэм и унафэщIу. ЗэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъу гу зылъата IэщIагъэлI ныбжьыщIэм илъэсищ нэхъ дэмыкIыу дзыхь къыхуащIащ Аруан куейм финансхэмкIэ и къудамэм и лэжьыгъэр зэригъэкIуэну. Абы къыщыщIэдзауэ Хьэсанэм, пэрыкI имыIэу, щIыпIэм щызэрихьащ парт, совет, хозяйствэ IэнатIэ куэд. Ар щытащ Псыгуэнсу, Старэ Лэскэн (иджы Анзорей) жылэхэм къыщызэрагъэпэща колхозхэм я тхьэмадэу, абыхэм я парт зэгухьэныгъэхэм я секретару. 
1937 гъэм Хьэсанэр ягъэуващ КПСС-м и Лэскэн райкомым и япэ секретару. Зыпэрыт дэтхэнэ IэнатIэри езыгъэфIакIуэу еса хэкупсэр абдежми иужь щихьащ Iуэхум жэрдэмыщIэхэмрэ мурадыщIэхэмрэ хилъхьэну, арщхьэкIэ зэман бзаджэм и «мывэ щхьэлым» дихьэри, хуабжьу гугъу ехьащ. Хуэмыфащэу къытралъхьа пцIыхэр тегъэщIапIэ ящIри, Хьэсанэр партым къыхагъэкIащ, и къулыкъуми трагъэкIащ. Ауэ гъащIэм и гугъуехьхэм зэфIищIыкIакъым цIыху зэтетыр, пэжыр. Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь, 1942 гъэм ар езыр и лъэIукIэ фронтым кIуащ икIи псэемыблэжу япэщIэтащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм. Волгоград, Курск, Киев и Iэшэлъашэхэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм, Европэм и къалэхэр хуит къэзыщIыжахэм, Берлин нэсахэм яхэтащ адыгэ щIалэ хахуэр. Зауэм и губгъуэхэм щызэрихьа лIыгъэхэм папщIэ, Хьэсанэм къыхуагъэфэщащ орденхэр, медалхэр. Партым, хэкум, цIыхубэм яхуэпэж хэкупсэм и дежкIэ нэхъыщхьэрати, абы аргуэру дзыхь къыхуащIыжащ «комммунист» цIэр зэрихьэну. 
Щалъхуа и щIыналъэм 1945 гъэм къигъэзэжащ Хьэсанэм икIи Зэрэгъыж къуажэм щызэхэт колхозым и председателу ягъэуващ. ИужькIэ ар щытащ дагъэ щыщIахуу, кхъуей щыхахыу Къэхъун дэта заводым и унафэщIу. 
1955 гъэм Хьэсанэ Хьэжмурид хахащ Докшукинэ посёлкэм и советым и тхьэмадэу. Хьэсанэр а къулыкъум тетащ жылэ цIыкIур къалэ щащIыжам. Нарткъалэ и япэ унафэщI къалэныр Хьэжмурид къызыхуэтыншэу, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуу ирихьэкIащ. Абы и тетыгъуэм жылэм хэпщIыкIыу зиужьащ. Абы къыдэхъуащ еджапIэ, щэнхабзэ, промышленнэ IэнатIэщIэхэр, щаухуащ псэупIэ унэщIэхэр. 
ИщIэну псоми хунэмысу дунейм ехыжащ щалъхуа щIыналъэм и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэ инхэр хуэзыщIа хэкупсэ нэсыр. Абы и гъащIэ щапхъэр гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуащ къыщIэна и бынхэм. Зэщхьэгъусэхэу Хьэсанэхэ Хьэжмуридрэ Iэминатрэ бынищ зэдапIащ. Я щIалэ Анатолэ, и адэм ещхьу, парт, совет, хозяйствэ къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щIыхь пылъу ирихьэкIащ. Хъыджэбзхэу Лидэрэ Лоттэрэ дохутыр IэщIагъэм хуеджахэщ. Унагъуэм яхуэфащэ дыдэу къахыхьащ я нысэ закъуэ, СССР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ Къанщыкъуей (Хьэсанэ) Римми. Адэшхуэм и фэеплъыр сакъыу яхъумэ абыхэм къащIэхъуэ щIэблэхэми. Хьэсанэ Хьэжмурид хуэдэхэм я цIэхэр хэмыкIуэдыкIыжу къыхонэ лъэпкъ тхыдэм. 
 

 

КЪАРДЭН Ритэ.
Поделиться: