ЩIэныгъэм и гъунапкъэ

Иужьрей зэманым щIэныгъэлIхэр нэхъ тепсэлъыхь хъуащ цIыхуцIэ зиIэм игъуэта зыужьыныгъэм щIэныгъэ гъуэгур япэу щыпхызыша КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и муслъымэн къэралыгъуэхэм яIа зэфIэкIхэм.
Тхыдэтх, журналист Овчинниковэ Наталие «Вокруг света» журналым къытридза и тхыгъэхэм IупщIу къызэрыхигъэщамкIэ, муслъымэн къэралыгъуэхэм я щIэныгъэ гъунапкъэ нэхъ лъагэ дыдэр зыхуэзэр ди эрэм ипэ ита VIII-нэ лIэщIыгъуэрщ. А зэманым абыхэм яIыгъащ Индием къыщыщIэдзауэ Пиреней хытIыгуныкъуэм нэсыху. Апхуэдиз щIыналъэм хьэрыпыбзэрт щытепщэри. Хьэрып хъалифатым и тепщэгъуэми, иужькIэ къэралыгъуэ щхьэхуэурэ зигуэшыжа нэужькIи, къэралыгъуэхэм я тетхэми мылъкушхуэ халъхьащ щIэныгъэмрэ искусствэмрэ я зыужьыныгъэм; мэжджытхэм къыщызэIуахащ къыдэкIуэтей щIэблэр динми нэгъуэщI щIэныгъэхэми куууэ щыхагъэгъуазэ мыдрисэхэр, библиотекэхэр, къалэ нэхъ инхэм обсерваториехэр, щIэныгъэ центрхэр къыщызэIуахащ. Абыхэм щызэхуашэсырт щIэныгъэм дихьэх щIэблэр. 
Хъалиф Хьэрун ар-Рашидрэ абы и къуэ аль- Мамунрэ «Iущагъым и унэ» Багдад, нэрыбгэ къулей Фатима аль-Фихри Фес къалэм 859 гъэм Аль- Карауин университет ехьэжьар къыщызэIуахащ. Ар иджыпстуи дунейпсом щынэхъыжь еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. 
КъуэкIыпIэ муслъымэн къэралыгъуэхэм я хьэмтетыгъуэр XIII-нэ лIэщIыгъуэм иухащ, апхуэдизу зызыужьа я къалэхэр монголыдзэм зэхакъута нэужь. Ауэ зыми емылъытауэ, а лъэхъэнэм щыIа еджагъэшхуэхэм я къэхутэныгъэхэм дуней псом гъуэгу щагъуэтащ икIи абыхэм я фIыгъэкIэ цIыху гъащIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыхихьат.
А зэманхэм псом нэхъыщхьэу щытар еджагъэшхуэхэм я дэтхэнэ зы къэхутэныгъэри хъумэнырт, ахэр дуней псом щызэлъащIысын хуэдэу. Абы папщIэ а лэжьыгъэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэкIэ зэдзэкIыни хуейт.
 Ислъам къэралыгъуэхэм пхаша щIэныгъэ гъуэгум къыдэкIуэу, лIэщIыгъуэ курытым хиубыда Европэм и щIэинхэри- античнэ тхыгъэхэр- ар зейхэм хуахъумащ. КъухьэпIэ Рим империер зэхакъута нэужь, лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ яфIэкIуэдащ я еджагъэшхуэхэм я IэдакъэщIэкI куэдыр. Ахэр зауэмрэ зэрыхьзэриймрэ хэтыху, КъуэкIыпIэ хьэрыпхэм я къалэхэм «зэдзэкIакIуэхэм я школхэр» къыщызэIуахащ. 
И щхьэкIэ зи гугъу тщIа «Iущагъым и унэ» Багдад дэтым IX- нэ лIэщIыгъуэм и щIэныгъэлI нэхъ цIырыIуэ дыдэхэм, щхьэкъэIэтыпIэ ямыIэу, Алыджымрэ Сириемрэ я бзэкIэ тха античнэ тхыгъэхэр хьэрыпыбзэкIэ щызэрадзэкIырт. Зэман дэкIри, а зэдзэкIа хъуахэр Европей къэралыгъуэхэм ялъэIэсащ. XI-нэ лIэщIыгъуэм Пиреней хытIыгумрэ Сицилиемрэ муслъымэнхэм зауэкIэ къыIэщIаха нэужь, ахэр зыIэрыхьахэм латиныбзэкIэ зэрадзэкIащ икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ чыристанхэм яIэщIыхьащ хьэрыпыбзэрэ алыджыбзэкIэ тха библиотекэ нэхъ къулей дыдэхэр.
 Псалъэм папщIэ, ику ит лIэщIыгъуэм хьэрыпхэр «Альмагест»-кIэ зэджэу щыта къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэу, Птоломей Клавдий иужькIэ зэридзэкIа античнэ тхыгъэхэм я фIыгъэкIэ, астрономие щIэныгъэм зыужьыныгъэ игъуэтащ.
Апхуэдэ къабзэу XI-нэ лIэщIыгъуэм Карфаген щыщ Африканский Константин латиныбзэкIэ зэридзэкIащ Гиппократрэ Галенрэ медицинэм теухуа я тхыгъэхэр, къыкIэлъыкIуэ лIэщIыгъуэм абыхэм яхэуващ геометрие хабзэхэм теухуауэ алыдж еджагъэшхуэ Евклид и Iэдакъэ къыщIэкIа «ЩIэдзапIэ» тхыгъэр зэзыдзэкIа Британием и динырылажьэ Батский Аделард. Уеблэмэ XII- XIII-нэ лIэщIыгъуэхэм античнэ философ Аристотель и къэхутэныгъэхэр КъухьэпIэ Европэм зэрынэсар хьэрыпхэм я фIыгъэкIэщ. 
«Химие» псалъэр къэтщтэнщи, алыдж псалъэщ - «гъущI гъэжа» жиIэу аращ. Европэм ар къызэрысар хьэрыпыбзэм хэтущ, «аль» артиклыр щIыгъуу. Алхимик нэхъ цIэрыIуэ дыдэу щытар VIII-нэ лIэщIыгъуэм псэуа Джабир ибн Хайанщ. ЛэтиныбзэкIэ зэрадзэкIа лэжьыгъэхэм ар Геберу къыхощ, хьалиф Хьэрун ар- Рашид и нэIэм щIэт щIэныгъэлIхэм ящыщт ар. Абы къигупсысащ гъущI къызэрыгуэкIым дыщэ къыхэщIыкIыным теухуа Iэмал (теорие) гъэщIэгъуэныщэ. Абы и къэхутэныгъэу къалъытэ тхъуэбзащхъуэмрэ джынасумрэ (серэмрэ ртутымрэ) зэхилъхьэу, зы гъущI лIэужьыгъуэм нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэр къытегъэхъукIыныр. ИужькIэ алхимик еджагъэшхуэ, дохутыр Ар-Рази абы ещанэ пкъыгъуэу шыгъур щIигъужащ. А пкъыгъуищри зэрызэхалъхьэ-зэрызэхах мардэ ткIийм елъытауэ гъущI къызэрыгуэкIыр къызэрымыгуэкI хъун хуейуэ аращ.
 Европей къэралыгъуэхэм я щIэныгъэ тхыдэм Джабир ибн Хайан зэрыхэтыр «химием и къэгъэщIакIуэущ», армыхъумэ алхимикыукъым икIи абы и IэдакъэщIэкIхэм хабжа лэжьыгъэ мини 3-м щыщу ей дыдэр зэрыхъур сыт хуэдизми ящIэркъым. Уеблэмэ ар а зэманым наIуэ къащIа химие пкъыгъуэхэр мардэ щхьэхуэм тету зэхэдзыным телэжьахэм яхэтауэ жаIэ. Хьэрып щIэныгъэлIхэрщ ижь-ижьыж античнэ зэманым «дистилляцэ» (пкъыгъуэ щхьэхуэхэр зэхэгъэкъэбзыкIыным) елэжьари абы теухуа Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр езыгъэфIэкIуари.
- Iуэхур апхуэдэу щыщыткIэ, «пащтыхь шагъырыр» («царская водка») къэзыгупсысар Хайану щытын хуейщ,- къыхегъэщ мы тхыгъэр зей журналистым икIи тегъэщIапIэ ищIыр а шагъырым дыщэмрэ платинэмрэ зэрыхэткIухьырщ. Абы къыхэкIыу ар ноби къагъэсэбэп, гъущIым хэлъ фIейхэр къыхэгъэкъэбзыкIыным теухуауэ.
Хьэрып алхимикхэм япэу къагупсысащ сернэ, солянэ, азотнэ кислотахэр, содэр, калийр, къищынэмыщIауэ, япэ лабораторие къэхутэныгъэхэри зыублар ахэрщ. ЖыпIэнурамэ, ику ит лIэщIыгъуэм хьэрып щIэныгъэлIхэм яIа зэфIэкI телъыджэхэрщ нобэрей щIэныгъэр ипэкIэ зыгъэкIуэтари. Абыхэм къызэранэкIа щIэинхэм я фIыгъэкIэ гъущI лIэужьыгъуэщIэхэр къожьэ, хущхъуэгъуэхэр къоунэху. 
Ибн аль-Хайсам (тхыдэм зэрыхэтыр Альгазенщ) «оптикэм и адэ»-кIэ йоджэ. ГъащIэм и лъэныкъуэ куэдым хэзыщIыкI еджагъэшхуэт ар - инженерт, математикт, астрономт, ауэ, зэрымыщIэкIэ, и гущхьэзэтелъагъым ихьыж пэтащ. Мысырым и хьэлифыр къигъэгугъащ абы, Асуан къалэм пэмыжыжьэу, Нил псым кIэнауэ щиухуэну: псыр къиурти, хъуреягъыр илъэсырт, Iэмал хуамыгъуэту. Iуэхур къыщыхъуар X-нэ лIэщIыгъуэрщ. Иджыпсту псоми ящIэ Асуан кIэнауэ ин зэрыщыIэр. АтIэ, а зэманым хъалифыр къэзыгъэгугъа ибн аль-Хайсам щIыпIэр зригъэлъэгъуу, Iуэхум зэрыпэмылъэщынур къыгурыIуа нэужь, шынэжщ, и акъылым икIауэ зигъэIури, Iуэхум къелащ, и закъуэу пэш зэв цIыкIу гуэрым хъумакIуэ иIэу щIаубыдэри.
Абдежым къэхъуащ Хайсам хьэщыкъ зыщIа зы Iуэхугъуэ: зы гъуанэ цIыкIукIэ камерэм къыщIидза нэху тIэкIум блыным кIэридзащ пэш щIыбымкIэ къыщытым и теплъэ зэгъэдзэкIар. Нэрылъагъур телъыджэ щыхъуат абы. Зэман дэкIауэ, ар гъэрыпIэм щызыIыгъа хьалифыр дунейм ехыжа нэужь, еджагъэшхуэм и къэхутэныгъэхэм пищащ. Хайсан хузэфIэкIащ античнэ еджагъэшхуэхэм пэжу ягугъа Iуэху еплъыкIэр (цIыхум и нэм хъуреягъыр езыгъэлъагъур езым и нэм къыщIих нурыр арауэ къалъытэрт) лъэныкъуэкIэ иригъэкIуэтэкIын. «Оптикэм и адэм» дуней псом хьэкъ ящищIащ нурыр линэ занщIэм тету нэм щIидзэу зэрыарар. Хайсам зыщIэса камерэм нурым щигъуэта зэхъуэкIыныгъэрщ иджырей сурэттех аппаратхэм къежьапIэ хуэхъуар. XI-нэ лIэщIыгъуэм абы къигупсысам щIэныгъэкIэ пэлъэщу, щыпащэфар XVII-нэ лIэщIыгъуэм хыхьа нэужьщ. Абы къыкIэлъыкIуащ Кеплер,Ньютон сымэ.
Медицинэ и лъэныкъуэкIи нэхъ мащIэ яхузэфIэкIакъым муслъымэн еджагъэшхуэхэм. Куэдыр щыгъуазэщ X-XI-нэ лIэщIыгъуэхэм псэуа философ, усакIуэ Абу Али ибн Синэ иIа зэфIэкIхэм; уз зэрыцIалэхэм куууэ кIэлъыплъа нэужь, абы къыгурыIуат узыр зэбгрызых пкъыгъуэ мынэрылъагъухэр хьэуам, псым зэрыхэтыр, абы къыхэкIыуи сымаджэхэр хъужыху, щхьэхуэу Iыгъын зэрыхуейр.
 XIII-нэ лIэщIыгъуэм псэуа, Сирием щыщ дохутыр ибн ан-Нафис лъым и хъурей къекIуэкI цIыкIур (малая кровообращение) япэу къихутащ. Европэм щыщ Сервет Мигелрэ Гарвей Уильямрэ ар къыщагупсысар лIэщIыгъуищ-плIы дэкIыжа нэужьщ.
X-нэ лIэщIыгъуэм Кордовэм щыпсэуа Абу-л-Касимэ аз-Захрави, (Абулькасис) «зэгъэтIылъэкIыпIэ зимыIэ хирургием и тхьэмадэ» зыфIащар, операцэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрищI Iэмэпсымэу 200-м нэс иIащ, езым и IэкIэ ищIахэри хэту. Абы уIэгъэр е емыкIуэн папщIэ япэу кIэригъэсхьэн щIидзащ, гемофилие узыфэр адэхэм къабгъэдэкIыу бынхэм зэрахуэкIуэр, сэкъат зыгъуэта лъынтхуэр зэрыпхэн хуей Iэмалыр къигупсысащ, Амбруаза Пере илъэс 600-кIэ ипэ иту.
Псом ящхьэщ, дунеймрэ цIыхумрэ зыпхыкIа зэрыхьзэрий инхэми емылъытауэ, ижь зэманым щыIа еджагъэшхуэхэм къагъэна къэхутэныгъэхэр лъэпкъ псоми зэхуэдэу зэрахъумар.

 

 

Тхыгъэм елэжьар Лъостэн Музэщ.
Поделиться: