Гум и щэхухэр

 «ПсэкIэ/гукIэ зыхызощIэ», «уи псэм/гум жиIэм едаIуэ»… Апхуэдэ псалъэхэр куэдрэ зэхыдох, философхэмрэ тхакIуэ-усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр зращIэкIыр зыми имылъэгъу псэмрэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым нэхъыщхьэ дыдэу хэлъ гумрэщ. Медицинэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, гур щхьэкуцIым хуэдэу гупсысэфыркъым. Арами, ди нэхъыбэр зэдаIуэр и гум жиIэрщ, атIэ акъылкIэ къыгурыIуэр аракъым. Щхьэ апхуэдэу щыт?
ЦIыхум «сэ сымыращ» жиIэу, и цIэр къыщриIуэм, щыгузам, къыщыщтам деж зимыщIэжу и гум тоIэбэ. Биологие и лъэныкъуэкIэ гур телъыджэ гуэрщ. Псалъэм папщIэ, жаIэ Iэпкълъэпкъыр зыгъэлажьэр щхьэкуцIыр арауэ: абы ди Iэ-ди лъэм, кIуэцIфэцIым, гум «унафэ хуищIурэ» зригъакIуэу, ар мыхъумэ, фэбжь игъуэтамэ, Iэпкълъэпкъым зыри зыхимыщIэжу. Ауэ цIыхум и щхьэкуцIыр мылэжьэжми, гур, абы зыкIэ емылъытауэ, къеуэфынущ. Ныбэрылъыр къапщтэмэ, япэ дыдэу къэунэхур гуращ. Абы лъы кърихуэкIыурэ, мыдрей Iэпкълъэпкъ псоми зрегъэужь, уеблэмэ щхьэкуцIми. ЩIэныгъэлIхэм нобэр къыздэсым къахуэщIакъым гур езыхужьэ къарур зищIысыр.
Гум теухуауэ къэхутэныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI Калифорние штатым щыIэ институтым (Гум и Математикэм и Институт). «Гум и Математикэм теухуауэ» проектыр къызэзыгъэпэща, а еджапIэм и унафэщI Чайлдре Докрэ абы и дэлэжьэгъу Ховард Мартинрэ ядж гур акъылымрэ псэмрэ зэрепха щIыкIэхэр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхум и гур къызэреуэм информацэшхуэ кърехуэкI икIи абы елъытащ ди дуней тетыкIэр. КъызыхэкIыр къыдгурымыIуэу дынэщхъейми, дыгуфIэми, дыгушхуэми, дыгукъыдэмыжми – ар псори гум къихута гуэр Iэпкълъэпкъым ириубгъуауэ, зыкъыуигъащIэу аращ.
Дауэ-тIэ, цIыхум къефыкI узыфэхэр гум къызэрихутэр? Невролог Армер Дж. къызэрихутамкIэ, гум иIэщ езым и акъылрэ псантхуэ къуэпсхэмрэ. А Iуэху еплъыкIэм пащащ Гум и Математикэм и Институтым щылажьэхэми. ИкIи ахэр щыхьэт техъуащ гур езыр-езыру, щхьэкуцIым емылъытауэ, зэрыгупсысэм. КъызэрыщIэкIымкIэ, щхьэракъым Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэр, атIэ, гум акъылми Iэпкълъэпкъми унафэ хуещIыф! КъищынэмыщIауэ, цIыхум зыгуэр и жагъуэ хъуамэ, къэгубжьамэ, гузавэмэ, ар япэу къэзыщIэр гуращ – и къеуэкIэм зехъуэжри, гумрэ щхьэмрэ зыр зым зыхимыщIэжу, «зэхимыхыжу» мэхъу. Абдежым лъынтхуэхэр зэхуешэ, лъыр щхьэм доуей, иммунитетыр йохуэх. Лъынтхуэхэм лъыр гугъусыгъуу щызекIуэмэ, кIуэцIфэцIым лъышэ (кислород) тэмэму лъэIэсыркъым, цIыхур сымаджэ мэхъу. Ди гур гузавэу, абы дыкърихуэкIмэ, щхьэри тогупсысыкIри, лэжьэфыркъым. Ауэ дыгуфIэмэ, дыгушхуэмэ, зыгуэр фIыуэ тлъэгъуамэ, гур тэмэму мэлажьэ, уеблэмэ щхьэкуцIым зэрыпыщIа къуэпсхэр егъэбыдэ. Гур сабырмэ, иммунитетыр докIуеиж, гармонхэри зэтоувэж.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: