ЯмыцIыху адыгэ бзылъхугъэхэм я бын цIэрыIуэхэр

Пасэрей зэманым адыгэр лъэпкъышхуэу, КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми Европэми нэсу, хамэ къэралхэм сату дащIэу щытащ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ щIалэгъуалэр гъэру яубыду нэгъуэщI къэралхэм  щхьэхуимытхэр щащэ я бэзэрхэм яшэу щытауэ тхыдэм къыхощыж. Дауи, абыхэм щIэблэ къащIэхъуат икIи хамэ щIыпIэхэм щыщ пасэрей цIыху цIэрыIуэ зыбжанэм адыгэлъ яхэтауэ генетикхэм къызэрахутэжыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым.

Адыгэ щылъхут Карло де Медичи щоджэныр. Абы и сурэтыр Мантенья Андреа итхыжауэ щытащ. Антропологхэм дежкIэ а сурэтыр уасэншэщ, сыту жыпIэмэ, лъы зэхэлъадэм и мыхьэнэр наIуэ пщохъу де Медичи и нэкIу дахэм ущиплъэкIэ. КъищынэмыщIауэ, Италиемрэ Адыгэ Хэкумрэ зэпыщIэныгъэшхуэ я зэхуаку зэрыдэлъам и щыхьэтщ ар. Карло и адэ Казимо илъэс куэдкIэ Флорентие республикэм и унафэщIу щыта Медичи лъэпкъышхуэр къызытепщIыкIам и къуэт. Казимо щхьэгъуситI иIащ: Контессинерэ Магдаленэрэ. Магдаленэ адыгэт, арат Карло къэзылъхуар. Карло къызыхэкIа лъэпкъым и Iуэхушхуэр пищакъым, унафэщIи хъуакъым. Псом япэрауэ, абы къуэш нэхъыжитI иIэт, етIуанэрауэ, и адэм и унафэкIэ дин лэжьакIуэ хъуауэ щытащ. Зытрагъэува лъагъуэми лъэ быдэкIэ ирикIуащ ар - урым папэм и дэIэпыкъуэгъуу, абы и цIэкIэ налог къыхихыу псэуащ.

Карло и закъуэтэкъым адыгэлъ зыщIэту католическэ динымкIэ къулыкъу зиIахэм яхэтар. 1349 гъэм мазаем и 21-м Климент папэ 6-нэм де Зихо Жан жыхуаIэ щихъыр Зыхьэхэм (Адыгэ Хэкум) я архиепископ ищIауэ щытащ. Де Галонифонтибус Иоанн зэритхыжамкIэ, архиепископыр адыгэ уэркъ лъэпкъым щыщт икIи Генуе щхьэхуимытхэр здрашалIэ и бэзэрым къыщащэхущ, ирагъаджэри и хэкум дин лэжьакIуэу ягъэкIуэжауэ арат.

Пасэрей адыгэхэм я теплъэр къиIуатэу сурэтыщIхэм къызэранэкIа теплъэгъуэхэм ящыщщ Мысырымрэ Сириемрэ я сулътIанхэу Къаитбей ал-Ашрафэрэ (1468 - 1496 гъэхэм) Къэнщауэ Гъур ал-Ашрафэрэ (1501 - 1517гъэхэм) я сурэтхэр. А лIы цIэрыIуэхэр теплъэкIэ адыгэхэми италиехэми зэрещхьыр къыхагъэщ иужьрейхэми. 1493 гъэм Тэн щыхьэщIат Венецие къикIа Барбаро Иосафат. Абы итхыжат мыпхуэдэу: «Адыгэхэм шыфI зэрахуэ, лIыгъэрэ хахуагъэкIэ цIэрыIуэщ, цIыху дахэщ. СогъэщIагъуэ абыхэмрэ дэрэ дызэрызэщхьыр».

14 - 15 лIэщIыгъуэхэм Адыгэ Хэкум Италием къикIахэр, Италием Адыгэ Хэкум икIа куэд щыпсэуащ. ЦIыхур зэрагъэкIуасэм и закъуэ мыхъуу, цIыхухэр мы къэралыгъуитIым хуиту щызэхэзекIуэу щытащ.

Католик щихъ Дортелли Д’Асколи Эмиддио 1624 - 1634 гъэхэм итхауэ щытащ «Тенджыз ФIыцIэмрэ Тэтэрхэмрэ ятеухуауэ» жыхуиIэ тхылъыр. Абы зэритымкIэ, адыгэ-италие унагъуэхэр Кърымым куэду щыпсэуащ а лъэхъэнэм, фIэщхъуныгъэкIэ католикхэу, зэрыпсалъэр адыгэбзэу.

Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэ жыжьэм щхьэхуимытхэм я бэзэрым адыгэхэм уасэшхуэ щаIэт, гъэрми, пщIэ къыхуащIырт, я дахагъэр, узыншагъэр, хэл-щэныр ягъэщIагъуэрт.

1622 гъэм Ширли Элизабет (Терезие) и сурэтыр Голландием щыщ Ван Дейкэ Антонис итхат. Абы и IэдакъэщIэкIым къыщыгъэлъэгъуа тхьэIухудыр Ширли Роберт инджылыз уэркъым и щхьэгъусэт, Искаон Сампсаф адыгэ дзэпщым ипхъут. Роберт езыр политик лъэрызехьэти, Ираным IуэхукIэ ягъэкIуауэ, а къэралыгъуэм и пащтыхь Аббас I деж дзэпщу щыIэм и пхъум хьэщыкъ хуэхъуат, и дахагъэмрэ зэрыщIыкIафIэмрэ дахьэхри. Роберт итхыжа тхыгъэхэм къыхощыж и щхьэгъусэр зэрыадыгэр.

Италием щыщ зыплъыхьакIуэ, дипломат Делла Вале Пьетро и щхьэгъусэр - Дзыбэ Тинатин - адыгэт. Дипломатым Тинэ и щхьэгъусэ етIуанэт. Япэрейр - Маан Сити - абхъазт. Маан быныншэу икIи пасэу дунейм ехыжат, ауэ Дзыбэ жыхуаIэ адыгэ дзэпщ лъэрызехьэ гуэрым ипхъу зришэлIэжауэ, унагъуэм щыпсэурт, хъыджэбз цIыкIум и адэр дунейм ехыжати. Тинатин балигъ хъуа нэужь Пьетро щхьэгъусэ хуэхъуащ икIи бын куэд зэдагъуэтыжащ. А тIум я щIэблэ нобэр къыздэсым Италием щопсэу.

Гранадэ университетым генетикэ къэхутэныгъэхэмкIэ и лабораторэм и унафэщI Льоренте Хосе Антонио зэрыжиIэмкIэ, дуней псом щыцIэрыIуэ хым щызекIуэу щыта Колумб Христофор и ДНК-р яджати, адыгэлъ хэту къигъэлъэгъуащ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Колумб щыпсэуа зэманым адыгэ пщащэхэр итальянхэм дэкIуэрт, адыгэ щIалэхэм католичествэр къащтэурэ итальян хъыджэбзхэр къашэрт. Колумб сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ адыгэлъыр жьэхэуами зыми ищIэркъым, ауэ къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуар пэжщ.

Лондон и унафэщIу щыта Джонсон Борис зэрыжиIэмкIэ, и анэшхуэм и анэшхуэр адыгэт. 1868 - 1922 гъэхэм псэуа тырку журналист, къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ Уэсмэн къэралыгъуэм и министр Кемаль-бей Алий и щIэблэщ Джонсоныр. Кемаль-бейм и анэрат адыгэр. Борис зэрыжиIэмкIэ, цIыхубзыр щхьэхуимыт бэзэрым къыщащэхуауэ щытащ 1862 гъэм.

ФэрэкIым и хущхъуэр япэ дыдэу къэзыгупсысар адыгэ бзылъхугъэхэращ. Абы иужькIэ адыгэхэм я щIэупщIэр нэхъри хэхъуащ, зэрыдахэм къищынэмыщIауэ губзыгъэу дунейм щыIури. 17 - 18-нэ лIэщIыгъуэхэм щыщIэдзауэ, Адыхэ Хэкур дахагъэм и щIыналъэу, адыгэхэр яIэту, ди цIыхубзхэм я гулъытэм папщIэ дуней хъугъуфIыгъуэр щIатыну хьэзыру щытащ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: